Дунейпсо Адыгэ Хасэм и джэпсалъэ
Урысей Федерацэм и Президент ПУТИН Владимир
Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI МАТВИЕНКЭ Валентинэ
Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и УнафэщI ВОЛОДИН Вячеслав
Анэдэлъхубзэр хъумэныр, абыкIэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтыныр цIыху хьэкъхэр къэзыгъэгъунэ лъапIэныгъэхэм ящыщу дунейм псом къызэдалъытащ. Лъэпкъыбзэхэр къэзыхъумэ хабзэхэр иIэщ Урысейми. Урысей Федерацэм и Конституцэм къызэрыхэщымкIэ, абы хыхьэ щIыналъэхэр хуитщ езыхэм я бзэхэр къэралыбзэу къалъытэну, а бзэхэмкIэ егъэджэныгъэр къызэрагъэпэщыну (68-нэ едзыгъуэ).
Урысей Федерацэм и къэралыбзэм теухуа Законым и 1-нэ едзыгъуэм и 7-нэ пычыгъуэм зэрыжиIэмкIэ, щIыналъэ псоми урысыбзэр къэралыбзэу зэрыщигъэувым къикIыркъым лъэпкъхэм я бзэхэр зэрахьэну, ирагъэфIэкIуэну, егъэджэныгъэм щызэрахьэну хуимыту.
Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм теухуа Законым и 3-нэ едзыгъуэм и 5-нэ пычыгъуэм къызэрищтэмкIэ, лъэпкъыбзэхэр зы къэмынэу Урысейм и хъугъуэфIыгъуэщ, ахэр хъума хъуным, егъэфIэкIуэным, зегъэужьыным шэсыпIэ хуэхъуу.
Ауэ, зэрытлъагъущи, а хуитыныгъэхэр къызэпауд, кIуэ пэтми къыжьэдакъуэ хъуащ. ГугъэкIуэдщ иджыблагъэ Къэрал Думэм къыщыхалъхьа законым и проектыр: лъэпкъыбзэхэр езы еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ я фIэфIыныгъэ хэлъу фIэкIа егъэджын хуэмейуэ, ари урысыбзэм и джыным пэрыуэгъу хуэмыхъуу къызэгъэпэщауэ щытыпхъэу жызыIэр.
Иджыпсту къэхъуа щытыкIэм дызыхуишэращи, ди анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум, апхуэдэу щыщыткIэ – лъэпкъым и щыIэныгъэм дытешыныхь хъуащ. Абы къыхэкIыу дэ, адыгэхэм, ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ Егъэджэныгъэм теухуа Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ Къэрал Думэм и депутатхэм ищхъэрэ палатэм утыку къыщрахьа законопроектым къыщыгъэлъэгъуахэм.
Шэч хэлъкъым, урысыбзэр, ар къэралыбзэу щыщыткIэ, щIэныгъэ щызрагъэгъуэту къэралым ит еджапIэу хъуам щадж, абы ехьэлIауэ щыIэ егъэджэныгъэ пщалъэхэр къанэ щымыIэуи ягъэзащIэ. ГурыIуэгъуэщ, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм щIэныгъэр зэрызрагъэгъуэтыр урысыбзэщ, лъэпкъ зэхуэмыдэ куэдым я хъугъуэфIыгъуэхэм зэрызыщагъэгъуазэри а бзэращ. Ауэ анэдэлъхубзэр къуэлъхьэжыным хуэунэтIауэ къыхалъхьа мы проектыр пхыкIмэ, лъэпкъ мащIэхэм я бзэхэр кIуэдыпIэ ираша хъууэ аращ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм хыхьэ хасэ къудамэ 16-м хэтхэр хуабжьу егъэпIейтей анэдэлъхубзэм лей езых законым и проектым. 2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м Тырку къэралыгъуэм и къалащхьэ Анкъэрэ щызэхэта зэхыхьэм бзэм ехьэлIауэ къыщаIэта псалъэмакъым щIыпIэшхуэ щиубыдащ. Хэкурысри хэхэсри зэхуэдэу зыгъэгумэщI мы Iуэхугъуэм теухуауэ абдеж джэпсалъи къыщащIащ.
Урысей Федерацэм и унафэщIхэу пщIэ зыхуэтщIхэ! Мелуан зыбжанэ хъууэ дуней псом хэпхъауэ псэу адыгэхэр я адэжь лъахэмкIэ къеплъэкI зэпытщ. Зыр зым къыщхьэщызыгъэкI бзэр къызыжьэдатхъыну зи ужь ихьа лъэпкъхэм, абы адыгэхэри яхэту, я Iуэхур хэплъэгъуэщ. Бзэр джэгуалъэ зэращIам дыдэкIуэдынкIэ зэрыхъунури къэлъытапхъэщ, абы къызэщIиубыдэнур Урысейм щыпсэухэм я закъуэкъым, атIэ хамэ къэрал куэдым ис ди лъэпкъэгъухэри къызэщIигъэстынкIэ шынагъуэ щыIэщ.
Дуней псом щыпсэу адыгэхэм (шэрджэсхэм) лъэIу фхуди1эщ: бзэм теухуауэ кърахьэжьахэм куууэ зыщывгъэгъуэзэну икIи лъэпкъым и дежкIэ абы иIэ мыхьэнэр нэсу къэфлъытэну, анэдэлъхубзэхэр хъумэным, абы зегъэужьыным хуэунэтIа Iуэху щхьэпэхэр влэжьыну, Урысейм щыпсэухэм я лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъума хъун папщIэ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм анэдэлъхубзэр зэрыхуа щытыкIэ гугъум къишыным фи гуащIэ хэфлъхьэну, егъэджэныгъэм и кIуэцIкIэ абы щиIэн хуей пщIэми и къыщыжакIуэ фыхъуну фыкъыхудоджэ. Бзэ зимыIэжым лъэпкъкIэ уеджэжыфынукъым, а гузэвэгъуэр къызэрытлъыщIыхьар зыхыумыщIэнкIэ Iэмал зимыIэщи, фыпэувыну, хэкIыпIэ къыхуэвгъуэтынуи зыфхудогъазэ.
СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ |
|
Тырку Республикэ, Анкара къалэ,
2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м
* * *
Гу зылъытапхъэ
Апхуэдэуи анэдэлъхубзэм теухуауэ зыгъэпIейтейхэр къыщагъэлъэгъуа тхыгъэкIэ зыхуагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид сыми.