Новости

Быдэ ирехъу лъэпкъ лъэмыжыр!

Ди газетым зэрытетащи, мэкъуауэгъуэм и 30-м Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр Анкара щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, Абхъазым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Ставрополь крайхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр.

 Анкара и хьэщIэхэр

 

Ататюрк и мавзолейм деж. Анкара

Анкара щылажьэ КАФФЕД-м и унэр сыт хуэдэ Iуэхуми хуэщIащ. Абы цIыкIухэр щрагъаджэ, къэфэным щыхуагъасэ, адыгэ хьэпшыпхэр щащэ тыкуэн, шхапIэ, хьэщIэ къегъэблэгъапIэ иIэщ. Адыгэ жьэгу, хьэщIэщ хуэдэу ди лъэпкъэгъухэм яIэ унэщ ар, лъэпкъ шхынхэр щапщэфIрэ адыгэ хабзэр щызэрахьэу. Къызэхуэсахэр КАФФЕД-м и унэм щрагъэблэгъащ япэ махуэм икIи зыкъом щIауэ зэрымылъэгъуа зэлъэпкъэгъухэм фIэхъус гуапэ зэрахащ, абдеж хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ щызэдэуэршэращ, Анкара зэрыщылэжьэну программэр яубзыхуащ, зи гугъу ящIыну Iуэхугъуэхэр ягъэнэхуащ. Адыгэм и нэхъыбэ дыдэр щыпсэу къэралым, ди лъэпкъэгъу мелуани 7-м щIигъу зэрыс хэгъуэгум, ущызэрылъагъунымрэ ущызэдэпсэлъынымрэ куэд и уасэт. Ар я нэгу кърихырт къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ.

Илъэси 150-м щIигъуауэ хамэ щIыналъэ щыпсэу шэрджэсхэм адыгагъэ зэрахэлъыр, я анэдэлъхубзэр зэрагъэшэрыуэр, къыдэкIуэтей щIэблэр лъэпкъым хуэфащэу зэрагъасэр, а псоми гурэ псэкIэ зэрытелажьэр щытлъэгъуащ КАФФЕД-м и унэм. Апхуэдэуи пэш Iэхуитлъэхуитхэр зиIэ унэ къекIу щIэуэ зэращIар дагъэлъэгъуащ, ибгъухэмкIэ «Гупсэрэ» «Си псэрэ» зи цIэ шхапIэхэр иIэу.

ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Хьэгъундокъуэ Яшар, Бырс Реджан.

Зэхыхьэм ипэ къихуэ махуэм Хасащхьэм хэтхэр щыIащ Тырку Республикэм и къызэгъэпэщакIуэ, абы и япэ президент Мустафа Кемаль Ататюрк и мавзолейм икIи протоколым тету, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ КАФФЕД-м и унафэщI Хьэгъундокъуэ Яшаррэ удз гъэгъа Iэрамэр тралъхьащ Ататюрк и кхъащхьэм. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий хьэщIэ хэхахэм папщIэ мавзолейм щIэлъ тхылъым и гупсысэ щитхащ и Iэри щIидзыжащ.

«Аныткабир» мавзолейм апхуэдэ IуэхукIэ ирагъэблагъэр къэрал лIыщхьэхэмрэ махуэшхуэ пыухыкIахэм хэтхэмрэщ. Ауэ Тыркум ис лъэпкъхэм бжыгъэкIэ ещанэу къалъытэ адыгэхэм пщIэшхуэ къыхуащIащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI лIыкIуэ гупым апхуэдэ Iэмал къратри. Гупым музейм зыщаплъыхьащ Ататюрк езым къигъэсэбэпа хьэпшыпхэр, къыхуащIа тыгъэхэр, и гъащIэр къызэрекIуэкIам, и унагъуэ сурэтхэм, нэгъуэщI куэдми къахутепсэлъыхьащ.

ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ зрата Хьэткъуэ Аслъэн.

НэхъыжьыфI зимыIэм нэхъыщIэфI иIэкъым жыхуаIэрати, нобэрей Хасащхьэм и унафэщIхэр пщIэ хуащIу и унагъуэ ихьащ Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэр къызэзыгъэпэщахэм яхэта, илъэс куэдкIэ абы и тхьэмадэу лэжьа, хэхэс адыгэхэм я Iуэху дэгъэкIыным, хамэхэм яхэмыкIуэдэжыным зи гъащIэ псор тезыухуа Хьэткъуэ (Ары) Аслъэн. Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ Аслъэн иригъэкIуэкIа лэжьыгъэ куум и хъыбарыр хэхэсхэми хэкурысхэми зэращIэр, и цIэр фIыкIэ къызэрыраIуэр, и гуащIэр щапхъэ куэдым зэрахуэхъур. НэхъыжьыфIым къилэжьа пщIэм пэкIуэу, ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ Хьэткъуэ Аслъэн хуигъэфэщащ Сэхъурокъуэм.

ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэр щыпсэу щIыналъэм езыгъэблэгъа КАФФЕД-м и унафэщIхэр зэчэнджэщри, зэIущIэшхуэр Анкара пэмыжыжьэу щыт Нарт-къалэ адыгэ жылэм щрагъэкIуэкIыну траухуащ. Зэхуэсым щызэпсалъэу зэбгъэдэкIыж къудей мыхъуу, унагъуэхэм исыныр, зэкъуэшхэр нэхъ гъунэгъу зэхуэхъуныр нэхъ къащтэу жылэ цIыкIум дагъэтIысхьащ хьэщIэхэр.

Тыркум щыIэ Нарт-къалэм и зы уэрам.

Нарт-къалэ зыхуэдэ щымыIэ жылэщ, сыту жыпIэмэ, мыбы дэсыр адыгэ унагъуэ защIэщ. Я бзэ, я хабзэ, я тхыдэ зэрахъумэжын Iэмалу къагупсыса хэкIыпIэщ мыр — зэлъэпкъэгъухэр зэрыугъуейри, я мылъку зэхалъхьэри, унэ зэщхьхэр ирагъэщIащ. Хэкужьым ит адыгэ къуажэ дыдэм хуэдэу зэхэсщ мыхэр, адыгэ ерыскъыхэр ягъэхьэзыр, лъэпкъ макъамэхэр къыщоуэ, уеблэмэ унэ кIуэцIхэр адыгэ хьэпшыпхэмкIэ гъэщIэрэщIащ.

Жылэдэсхэм я гуапагъымрэ псэ хуабагъымрэ къызэрыбгъэлъэгъуэжын псалъэ гъуэтыгъуейщ, дэтхэнэри хьэщIэм щыгуфIыкIрэ зэригъафIэр фIэмащIэу елIалIэрт. Гъунэгъухэм адыгэ шхыныгъуэхэр яIыгъыу пщэдджыжьышхэм, пщыхьэщхьэшхэм ирихьэлIэу къекIуэкIырт, я бзэкIэ зэпсалъэрэ хэкужьым къикIахэм зыщамыгъэнщIу зэхэст.

Лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр яхъумэжын папщIэ ящIа жылэ цIыкIум куэбжэ хэлъщ, и цIэр ину тетхащ, абы и лъабжьэм кIэщIэтщ «1864 гъэм зи хэку кърахуа адыгэхэм я бзэр, я хабзэр, щэнхабзэр яхъумэжын папщIэ яухуа жылэщ» жиIэу. Илъэсищ къудей хъууэ аращ мы Нарт-къалэр зэраухуэрэ, итIани адыгагъэм и IэфIагъыр щызыхэпщIэу ди лъэпкъэгъу унагъуэ 90-р щызэхэсщ — зылI и быну зэрыIыгърэ адыгэ жьэгур ягъаблэу.

Нарт эпосым  и махуэр ягъэув

ЕтIуанэ махуэм и пщэдджыжьым Хасащхьэм и зэIущIэм щIидзащ. Хасащхьэм хэтхэм нэмыщI, абы кърихьэлIат КАФФЕД-м хыхьэ хасэ къудамэхэм я тхьэмадэу къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIахэри. ЗэIущIэм Iуэхугъуи 10-м щIигъум щыхэплъащ.

Адыгейм и лIыкIуэхэр

Абы увыпIэ нэхъыщхьэ щызубыдар бзэм ятеухуауэ блэкIа пIалъэм ГъэзэщIакIуэ гупым зэфIигъэкIахэмрэ иджыблагъэ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат гупым лъэпкъыбзэхэм ятеухуауэ къыхалъхьа законопроектымрэщ. Курыт еджапIэхэм щIэсхэм я анэдэлъхубзэхэр езыхэм я фIэфIыныгъэм тещIыхьауэ фIэкIа ямыджми хъуну къызыхэщ законым и проектым куэд игъэпIейтеящ, абы иригузэващ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри.

ДАХ-м и къудамэм и унафэщI Щоджэн Iэминат и къэпсэлъэныгъэр къызэрыщIидзар ГъэзэщIакIуэ гупым и зэIущIэ блэкIа лъандэрэ екIуэкIа пIалъэм бзэм теухуауэ зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэрщ. Адыгэ тхыбзэр зы щIыным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым къищта Унафэр Адыгейм ейми къыдиIыгъыну АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат зэрызыхуагъэзар жиIащ Iэминат, икIи абы адэкIэ унафэ гуэр тращIыхьыну зэрыщыгугъыр къыхигъэщащ. «Дунейпсо Адыгэ Хасэм и архив

Абхъазым, КъШР-м я лIыкIуэхэр

къызэгъэпэщыным иужь дихьауэ жыпIэ хъунущ, дэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэ ди лэжьэгъухэм захуэдгъэзащ адыгэм теухуауэ дэнэ сыт къыщыдэкIами зэхуахьэсу къытхурагъэхьыну. Бзэм дыщIытегузэвыхь Iуэхугъуэ зыбжанэ ди пащхьэ къитщ лъэпкъым нобэ, абыхэм я хэкIыпIэхэр щызыхэдгъэкIын утыку хъунущ шыщхьэуIум едгъэкIуэкIыну ди мурад щIэныгъэ-практикэ конференцыр, абы и къызэгъэпэщыным иужь дихьакIэщ, хъыбарегъащIэхэр зэбгредгъэхащ, конференцым хэтыну жэрдэм зиIэ цIыху 40-м зыкъытхуагъэзащ, дяпэкIи а лэжьыгъэр йокIуэкI», — жиIащ Щоджэн Iэминат.

Абы и къэпсэлъэныгъэм дыщIигъуащ школым щIэсхэм я анэдэлъхубзэхэр езыхэм я фIэфIыныгъэм тещIыхьауэ яджми хъуну къызыхэщ законопроектым куэд зэригъэпIейтейр, абы теухуа зэхыхьэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къулыкъущIапIэхэм зэрыщекIуэкIар, къыщащта унафэхэр ягъэхьэзыру къэрал унафэщIхэм зэрыхурагъэхьар, а зэIущIэхэм Къэбэрдей, Дунейпсо Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ зэрыхэтар.

Iэминат зи гугъу ищIахэм къыпищэу, Табыщ Мурат къыщыпсалъэм жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызекIуэ адыгэбзэмрэ Адыгэ Республикэм щызекIуэ адыгэбзэмрэ макъ зэщхьу хэтыр тхыбзэ зэтехуэм игъэзэгъэным теухуа лэжьыгъэри зэрекIуэкIыр, ар къайхъулIэмэ, адыгэбзэми адэкIэ нэхъ зиужьыну къызэрилъытэр.

— Мыбы теухуа еплъыкIэр адыгейхэм къыддаIыгъ хуэдэу, ауэ унафэ трамыщIыхьурэ екIуэкIащи, дяпэкIэ Iуэхур нэхъ кIуэтэну къытщохъу. Сыту жыпIэмэ, КъумпIылым зэрызыхуэдгъэза тхылъым кърикIуащ, Iэтащхьэм АР-м и щIэныгъэ институтым зэIущIэ къыщызэрагъэпэщу Iуэхум теухуа гупсысэ пыухыкIа къащтэну къалэн зэращищIар. Ар мыгувэу екIуэкIынущ. — жиIащ Мурат. — Урысейм Федерацэм «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» законым халъхьэну я мурад зэхъуэкIыныгъэхэм куэд къызэщIиIэтащ, — къыпищащ адэкIэ Табыщым. — Анэдэлъхубзэр, езыр фIэфIмэ, иджыну хуиту еплъыкIэ зэрыщыIэр дэзыIыгъ лъэпкъ мащIэхэм яхэту къыщIэкIынкъым. Лъэпкъыбзэр щыкъэралыбзэ республикэхэр къэтщтэнщи, псоми тхылъ парламентхэм ирагъэхьащ. Абы къищынэмыщIауэ, а проектым халъхьэжыну зэхъуэкIыныгъэхэри хьэзырщ, зэ тепсэлъыхьыжу ди пащхьэ къралъхьэн хуейуэ. Абы иту жыхуаIэр мыращ. Урысей Федерацэм урысыбзэр щыкъэралыбзэщ, абы нэмыщI, лъэпкъыбзэхэри республикэхэм щыкъэралыбзэщ. Урысыбзэм къэралыбзэу иIэ статусым щынэмыщIа, иджы анэдэлъхубзэ статусыр ирет, тIури зэдихьыну. Абы къокIыр курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэсхэм мыр си анэдэлъхубзэщ (урысыбзэри зэрыхэту) жызыIэм къызэрыхихым тещIыхьауэ абыкIэ щIэныгъэ зригъэгъуэтыну хуиту. Законым и проектым къызэригъэувым ипкъ иткIэ, жылагъуэми лэжьыгъэшхуэ и пщэ къыдэхуэнущ. Сыту жыпIэмэ, сабийм зыхуей бзэр къыхихыну хуит щищIкIэ, адыгэм къытщIэхъуэ щIэблэм «сыадыгэщи, адыгэбзэщ зджынур» жиIэу, езым и бзэкIэ еджэжын хуейщ, нэхъ тынш къыхимыхыу. Ар еджакIуэхэми, адэ-анэхэми къагурыдгъэIуэн хуейщ. Ауэ КъБР-м и Iэтащхьэми, КъБР-м и Парламентми, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэми УФ-м и Къэрал Думэм иригъэхьащ апхуэдэ законопроектымкIэ зэрымыарэзыр, дыщогугъ абы зыгуэр къыпэкIуэну.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ лъэпкъыбзэхэм ятеухуауэ Къэрал Думэм къыщащта законым и проектым къишэ дэкъузэныгъэм хуэдэ зэи зэрыщымыIар, абы зэпэщIэувэныгъэрэ псалъэмакърэ къызэришэнур, депутатхэм япэ еджэгъуэм Iэ зэраIэтамкIэ зэрымыарэзыр. «Тырку щIыналъэращ апхуэдэ дэкъузэныгъэ щыщыIар, ис лъэпкъ цIыкIухэр я бзэкIэ ямыгъэпсалъэу, уеблэмэ, сэри мы къэралым сыкъэкIуауэ къысщыхьауэ щытащ нэгъуэщIыбзэ-кIэ сызэрыпсалъэм щхьэкIэ. Мыр къэзыгупсысахэр дызэрыIыгърэ дызэрымыIыгърэ, тлъэкIынумрэ тлъэмыкIынумрэ еплъыну къыхалъхьауэ ара къысфIощI. Мыбы теухуауэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ-хэр зэзыгъэуIу советым, нэгъуэщI хасэ цIыкIухэм къабгъэдэкI тхылъ къэрал унафэщIхэми, Къэрал Думэми едгъэхьащ. Ди еплъыкIэхэр дэни къыщыдгъэлъэгъуащ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэми Хьэутий сэри дыкъыщыпсэлъащ. Мыр къэпщтэнкIэ Iэмал зимыIэ хабзэщ», — пищащ ХьэфIыцIэм.

ДАХ-м и архивым теухуауэ Мухьэмэд къыхигъэщащ илъэс 50-м щIигъуауэ адыгэхэм теухуауэ дэнэ сыт хуэдэ тхылъ къыщыдэкIари, тхыгъэ къыщытехуари, тхыдэми нобэрей гъащIэми къыхэщхэри, дуней псом щикъухьа шэрджэсхэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я сурэти, Iэрытхи, нэгъуэщI мин бжыгъэ зэрызэхуихьэсар, ахэр щIэх-щIэхыурэ гъэлъэгъуэныгъэ зэрищIыр, зы музей къызэIуахыу хьэпшыпхэр, гъэтIылъыгъэхэр щIалъхьэну зэрыщIэлъэIуар. Абы ипкъ иткIэ, нэхъыщIэхэм ХьэфIыцIэм чэнджэщ яритащ, етIуанэ лэжьыгъэ ямыщIэу, а щыIэр зыхуей хуагъэзэну.

Сэхъурокъуэ Хьэутий дыщIигъуащ бзэм и Iуэхум теухуауэ кърахьэжьар зэрыхэплъэгъуэр, лъэпкъ цIыкIухэм апхуэдэ лей ирах зэрымыхъунур. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, фэ зэрыфщIэщи, лъэпкъ зыбжанэ исщ. Дэ балъкъэрхэм, е урысхэм адыгэбзэр фщIэн хуейщ жытIэу япэдубыдыркъым, ауэ сыадыгэщ жызыIэм Iэмал имыIэу адыгэбзэр иджын, ищIэн хуейщ. Ди Конституцэм ит хабзэмкIэ дыарэзыщ нобэ, абы дытету ди щIэблэр едгъаджэмэ, ди Iуэхур кIуэтэнущ», — жиIащ Сэхъурокъуэм.

— Зы тхыбзэм тет анэдэлъхубзэм ди Iуэхур куэдкIэ нэхъ тынш зэрищIынур къыхэзгъэщыну сыхуейщ, — къыпищащ абы. — Мыр къызэдгъэпэщыфамэ, дунейм адыгэу тетыр зэщхьу тхэнут, абы гугъу иригъэхьынутэкъым дэнэ щыпсэу ди къуэшри. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, зы тхыбзэм ди лъэпкъыр нэхъри зыпищIэжынущ, зэрипхыжынущ, зэгуригъэIуэнущ, къару нэхъыби къытхилъхьэнущ. Гугъущ мы Iуэхур, ауэ ткIийуэ иужь уихьэмэ, пхузэфIэмыкIын хэлъкъым.

Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан къыхигъэщащ Урысейм щызэпкърах законым и проектыр къащтэ зэрымыхъунум теухуауэ хэхэс адыгэхэр зыгуэркIэ дэIэпыкъуэгъу хъуфынумэ, япэ итхэм зэращыщыр, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм зыгуэр елъытамэ, тхылъкIэ зэрызыхуагъэзэфынур.

Щоджэн Iумит:

— Тыркум зы псалъафэ яIэщ: зы лIы гуэр унащхьэм къехуэхати, зым «дохутыр фыкъыхуеджэ», зым «псы къыхуэфхь», адрейм нэгъуэщI зыгуэр жиIэу щхьэщытти, лIыр къэпсалъэри: «кхъыIэ, унащхьэм къехуэха зыгуэр фыкъысхуеджэ», — жиIащ жи. ПIалъэ зыщIэ, хэкIыпIэ зыщIэ къилъыхъуэу арат, и Iуэху зэрыхъунур къищIэну. АбыкIэ жысIэну сызыхуейр мыращ, дэ, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр, хэкурысхэр нобэ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэм тепщIыхьмэ, фи япэ жыгым дыкъехуэхащ. Хэхэс гъащIэр ди натIэ хъури, ди бзэр тIэщIачащ, ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр тхуэхъумэжкъым, нобэ ди сабийхэр пщIым нэс бжэфмэ, я цIэр адыгэбзэкIэ жаIэфмэ, абы дыщогуфIыкIри дызэхэсщ. Мис абы Iуэхур нэмысын папщIэ, дэнэ щыпсэу адыгэри дызэкъуэувэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэ-кIыу тхылъ ттхын хуейщ хэкум исхэм я щхьэ кърикIуэнкIэ хъуну шынагъуэм дызэригъэпIейтейр ехьэкI-къехьэкI хэмылъу къыхэщу.

Думэн Iумит къыхигъэщащ хэкурысхэр зы мэскъалкIэ къикIуэт зэрымыхъунур, УФ-м ис лъэпкъ цIыкIухэр я бзэр зэрахъумэжыным Iэмал имыIэу иужь итын зэрыхуейр. «Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэнукъым, фэ жэуаплыныгъэшхуэ фи пщэ къыдохуэ ди анэдэлъхубзэр тхъумэжынымкIэ. Дэ мелуан бжыгъэкIэ Тыркум дис щхьэкIэ, ди къарур мащIэщ, дэ плъапIэу диIэр фэращ, нобэ ди бзэкIэ дыпсэлъэнымкIэ, ди хабзэ зетхьэнымкIэ къару тхуэхъур фэращ», — жиIащ Думэным.

Хьэгъундокъуэ Яшар:

— Дунейм зы къэралыгъуи тету къыщIэкIынкъым и бзэм зримыгъэужьу, ипэ иримыгъэщу. Дэ дызэрыс къэралри аращ, тыркубзэ фIэкIа дунейм тригъэтынтэкъым. Урысейми урысыбзэращ япэ ирагъэщыр, шэч хэмылъу. Дэ а псом ди Iуэху хэлъкъым, дэ ди къалэныр адыгэбзэр зэрытхъумэн Iэмалхэр къэгъуэтынырщ. Адыгэбзэр къэралыбзэу къыщалъытэ щIыналъэхэр дыщиIэкIэ, зы сабии и бзэр зримыпэсыжу е зримыгъащIэу исын хуейкъым абы, лIыгъэкIэ еджэн хуейщ сабийр и анэдэлъхубзэм. Ар Iэпэдэгъэлэл тщIырэ щхьэж зэрыхуейуэ дэувэмэ, ди Iуэху къикIынкъым. Ди хэкужьу тлъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм къыбгъэдэкIыу ФедерацэмкIэ Советымрэ Къэрал Думэмрэ щыIэу, а проектым папщIэ Iэ зыIэтахэр адыгэм и къэкIуэнум едыгъуауэ солъытэ сэ. Абы и лъэныкъуэ- кIэ ДАХ-р зыми иужь къинэ хъунукъым. Бзэр хъумэнымкIэ, хабзэр зехьэнымкIэ псом япэ диту дыкIуэн, дыпсэлъэн хуейщ.

Бзэмрэ хабзэмрэ дывгъэхъумэ, маржэ хъужынхэ. ЦIыху мелуаниблым нобэ бзэр ящыгъупщэмэ, адыгэжкъым, дэ дыхуэныкъуэщ адыгэбзэр езыгъэджыфын IэщIагъэ, щIэныгъэ зиIэ цIыхухэм, ди сабийхэр едгъэджэн хуейщ. Бзэр тIурымылъмэ, абыкIэ хэкур къыддэмыIэпыкъумэ, егъэджакIуэрэ зэредгъэджэн тхылъкIэ хэкум зыкъытщIимыгъакъуэмэ, дыхэкIуэдэжынущ, ди къару къихьынукъым зытхъумэжыну, ди щIэблэм адыгэбзэ яIурылъу къэдгъэхъуну.

ДАХ-м къыбгъэдэкI тхыгъэ зэхалъхьэу зыIэрыгъэхьапхъэм Iэрагъэхьэну унафэ ящIри, елэжьыну гупыр хахащ, икIи зэIущIэр зэриухыу етIысылIэри, тхыгъэр ягъэхьэзыращ.

Бырс Реджаи тепсэлъыхьащ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэ хамэ къэрал щыпсэу адыгэ сабийхэр хэкужьым зэрыщыIэ пIалъэр къызэгъэпэща зэрыхъум. «Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, — пищащ Бырсым. — Иджыри къыздэсым ахэр санаторэхэм щIагъэс, хэкужьым и щIыпIэ нэхъ дахэхэм яшэ, я нэгу зрагъэужь, ягъафIэ. Ар хъарзынэщ. Ауэ абы нэдгъакIуэхэр адыгэ къуажэхэм дэсмэ, адыгэ унагъуэхэм ятевгуашэрэ а махуэ бжыгъэм яхэвгъэсмэ, куэдкIэ нэхъ сэбэпынагъ къыпэкIуэну къыдолъытэ. Дэ, дыкъапщтэмэ, курыт ныбжьым итхэм бзэр нэхъ шэрыуэу щIытIурылъыр Узун-Яйла ит къуажэхэм дыкъызэрыщыхъуаращ. Къуажэрат ди анэдэлъхубзэр къыщыIур, адыгэбзэкIэ дыщызэгурыIуэр.

Хэкум нэдгъакIуэ сабийхэри, къатемыхьэлъэну щытмэ, ныбжьыщIэ зэрыс унагъуэхэм ятевгуэшамэ, зэныбжьэгъу цIыкIухэр адыгэбзэкIэ зэдэуэршэру, зэдэджэгуу зэхэсамэ, бзэр нэхъ зэрагъэщIауэ, адыгэ гъащIэм нэхъ дихьэхауэ, адыгэ къуажэхэр къацIыхуауэ къэкIуэжынт жыдоIэри, абыкIэ дыныволъэIу.

Сэхъурокъуэ Хьэутий диIыгъащ Реджаи жиIахэр, икIи гугъуехьыншэу апхуэдэ Iэмал къызэрызэрагъэпэщыфынур къыхигъэщащ, мы гъэмахуэм къэкIуэну цIыкIухэр унагъуэхэм ирагъэсыну унафэ зэрытращIыхьар жиIащ.

ХамэщI щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэр Урысейм ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщеджэнум теухуауэ къыщыпсалъэм Щоджэн Iумит жиIащ хэкумрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ еджэну зэрыкIуэр зэхагъэкIыфу щIалэгъуалэр егъэсэн зэрыхуейр. «Илъэси 150-рэ и пэкIэ дыкъыздрахуа адэжь щIыналъэм ди бынхэр еджакIуэ щIэдгъэкIуэжым, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным нэмыщI нэгъуэщI щхьэусыгъуи зэриIэр ди щIалэхэм яжетIэн хуейщ, а гупсысэр щIалэгъуалэм ябгъэдэтлъхьэным ДАХ-ри, абы хэт хасэ къудамэхэри елэжьын хуейщ. Абы хэкум къыздрихын хуейр щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ я закъуэкъым, атIэ лъэпкъ зэхэщIыкIыр, адыгагъэр, адыгэбзэр шэрыуэу ищIэн, хэлъын хуейщ. Мыбы къэкIуэжа нэужь, лъэпкъ хьэлыр хэлъу зи адыгагъэмрэ зи бзэмрэ зыхъумэжхэм яхэдбжэн щхьэкIэ», — жиIащ Iумит.

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и лэжьыгъэр къызэгъэпэща зэрыхъум теухуауэ къэпсэлъащ Хьэгъундокъуэ Яшар. Абы жиIащ КАФФЕД-м и конгрессыр илъэситIым зэ зэрызэхашэр, абы тхьэмадэмрэ щылэжьэнухэмрэ щIэуэ зэрыщыхахыр, зытетыну жыпхъэхэр зэраубзыхур.

— Куэд мыщIэу зэхэта зэIущIэм къыщытщта программэм дытолажьэ иджыпсту. Мы гъэр адыгэбзэм и илъэсу хэтхащи, иджыпсту гулъытэ нэхъыбэ зыхуэтщIыр аращ, — жиIащ Яшар. — Хасэ псори къызэхэткIухьурэ, адыгэбзэр ирагъэджынымкIэ яIэ Iэмалхэр къыдопщытэ, я лэжьыгъэм защIэдгъакъуэурэ тыдогъэгушхуэ. Къэралым къыдита хабзэм теухуауэ, сабий нэхъыбэ адыгэбзэм къызэретшэлIэным иужь дитщ. Фэ зэрыфщIэщи, Дюзджэ университетым АдыгэбзэмкIэ факультет къыщызэIутхауэ мэлажьэ, абы нэгъабэ цIыху 15 къыщIэкIащ, ахэр хасэхэм щолажьэ. Къайсэр лъэныкъуэмкIи щыIэ университетым мы гъэм къащтэнущ бзэм, щэнхабзэм хурагъэджэн студентхэр.

Бзэр мащIэу ягъэшэрыуэу, ауэ тхэкIэрэ еджэкIэрэ ямыщIэу куэд дыдэ исщ Тыркум. Ахэр едгъэджэфамэ, куэд къыдэхъулIэнут. КъищынэмыщIауэ, гъэмахуэм сабийхэр хэкум ныдогъакIуэ, илъэситI-щы хъуауэ абы сабийхэр къыдошри, зэрыдогъэцIыху, программэ пыухыкIам тету идогъэкIуэкI апхуэдэ зекIуэхэр. Гъэмахуэм Тыркум адыгэ щэнхабзэ фестивалхэм щыщIедзэри, артистхэр къыдогъэб- лагъэ, абы цIыхухэр зэхуешэс, адыгагъэр къеIэт, лъэпкъ зэхэщIыкIыр къегъэушыж.

Щоджэн Iумит тепсэлъыхьащ КАФФЕД-р, нэхъапэм КАФДЕР-у щытар, ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ зэрыдэлажьэр, икIи а лъэхъэнэм къриубыдэу Тыркум ис адыгэхэм я нэхъыбэр къызэпха зэгухьэныгъэр, сыт и пщэ къыдалъхьэми, Iэмал къызэрыхуигъуэткIэ, зэфIигъэкIыу къызэрыгъуэгурыкIуэр.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Сирием щыпсэу адыгэхэм я Iуэху зытетымрэ абы къикIыжу хэкужьым къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэр адэжь щIыналъэм щекIуэкI гъащIэм зэрыхэзагъэмрэ, апхуэдэуи Сэхъурокъуэ Хьэутий къытеувыIащ ДАХ-м и XII Конгрессыр къызэрызэрагъэпэщынум, зэрекIуэкIынум, апхуэдэуи хыхьэну хуей адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэщIэхэр зэрыщыIэр, абыхэми зэхуэсышхуэм унафэ зэрытращIыхьынур.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Iуэхугъуэ зыбжанэ къыщыхилъхьащ зэхуэсым икIи IэIэткIэ ахэр даIыгъащ: Нарт эпосым и махуэ гъэувыныр; Къэнжал зауэр зэриухрэ 2018 гъэм илъэс 310-рэ зэрырикъур, Къуэдзокъуэ Лэкъумэн къызэралъхурэ илъэс 200 зэрырикъур, Темыркъан Юрэ мы илъэсым и кIэм илъэс 80 зэрыхъур гъэлъэпIэныр, Кавказым щыщ адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр тыркубзэкIэ къыдэгъэкIыныр.

ЗэIущIэм кърихьэлIа хэхэс адыгэхэм я упщIэхэм жэуап иратащ Хасащхьэм хэтхэм. КАФФЕД-мрэ ДАХ-мрэ я зэдэлэжьэныгъэм, Хьэгъундокъуэ Яшар Урысейм къызэрырамыгъэхьэр щызэфIэкIынумрэ и щхьэусыгъуэмрэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэфIихын хуейуэ къалъытэ Iуэхугъуэхэр, нэгъуэщI куэди къаIэтащ ди лъэпкъэгъухэм икIи купщIафIэу зэпсэлъахэщ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Налшык — Анкара — Нарт-къалэ – Налшык

 

Related posts

Leave a Comment