Диалог на Эльбрусе - ХХI

 Зи  хэку  къэIэпхъуэжахэм  я  щIэблэм  ягъуэт  гулъытэ

 Хамэ къэрал къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэр я хэкужь изэгъэжынымкIэ лэжьыгъэ купщIафIэ куэд ирегъэкIуэкI Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Граждан жылагъуэм зиужьыным хуэунэтIауэ УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ щыта жэрдэмым ипкъ иткIэ ДАХ-м къихьа грантыр IуэхуфI куэдым я къежьапIэщ.

Хасэм и проектыр зыхуэунэтIа Iуэхугъуэхэм ящыщу иджыблагъэ ирагъэжьар псом хуэмыдэу узыщыгуфIыкIынщ. Налшык щыIэ «Лебедь» зыгъэпсэхупIэ унэм къыщызэIуахащ Сирием къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэм я сабийхэм зыщагъэпсэхуну лагерь. Ар нэгузыужьу, дахэу къызэрагъэпэщащ. ЗэIущIэм кърихьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, абы и къуэдзэ, Сирием къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу Бырсекъуэ Орфан, адэ-анэхэмрэ артист ныбжьыщIэхэмрэ.

ГуфIэгъуэ зэIущIэр къызэIуихыну псалъэ щратым, Сэхъурокъуэ Хьэутий гуапэу захуигъэзащ сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ икIи къэрал къызыхыхьэжам хэзагъэу, къыздэкIуэжа щIыналъэм илъ хабзэхэр зэрахьэу, я анэдэлъхубзэр яIурылъу, хэкум хуэщхьэпэн IуэхущIафэ дахэхэр зэфIахыу псэуну ехъуэхъуащ.

Апхуэдэу зыгъэпсэхупIэ лагерым и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ Бырсекъуэ Орфан. Гъэ еджэгъуэр къэзыухауэ зыгъэпсэхугъуэ мазищыр я пщIантIэхэм къыдэмыкIыу зыгъакIуэ еджакIуэ цIыкIухэм я дежкIэ мы Iуэхугъуэр тыгъэ лъапIэу зэрыщытыр къыхигъэщащ абы.

КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр купщIафIэу екIуэкIынущ: адыгэбзэмкIэ дерсхэр, адыгэ къафэм щыхуагъасэ мастер-классхэр къызэрагъэпэщынущ, сурэт щIынымкIэ, спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ зэпеуэхэр драгъэкIуэкIынущ, къалэм и щIыпIэ дахэхэр ирагъэлъагъунущ, кинофильмхэм, спектаклхэм ирагъэплъынущ.

Къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэм» и къэфакIуэ, пшынауэ гупхэм, Сирием къикIыжа, илъэс 12 фIэкIа зи мыныбжь Уэтей Хьэзем и шыкIэпшынэм дежьууэ къажриIа уэрэдхэм. Адыгэ макъамэ дахэхэм къыдэфэну гукъыдэж зиIэ куэд езы ныбжьыщIэ цIыкIухэми яхэтт. Хэхэс гъащIэр зыгъэунэхуа адэ-анэхэм я нэпси мащIэу къекIуащ. Хэт ищIэрэ, ахэр иригуфIэу къыщIэкIынт я щIэблэм адэжь щIыналъэм щагъуэт гулъытэм, ахэр лъэ быдэкIэ хэкум зэрыщыувынум шэч къызэрытрамыхьэм.

ЩОДЖЭН Iэминат,

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ.

Related posts

Leave a Comment