Махуэшхуэр зэдагъэлъапIэ
Адыгэхэм я махуэр республикэм и къалэхэм, къуажэхэм, районхэм щIэщыгъуэу, гукъинэжу щагъэлъэпIащ. Махуэшхуэм хухаха пшыхь нэхъыщхьэр Налшык къалэм и Музыкэ театрым фокIадэм и 19-м къыщызэрагъэпэщащ.
Ар ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ, телевиденэм и лэжьакIуэхэу Сердюков Станиславрэ Аттаев Азноррэ. Концертым ирагъэблэгъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XII Конгрессым хэтахэр, гъунэгъу щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр, ди зэкъуэтыныгъэр, зэкъуэшыныгъэр нэхъри ягъэбыдэн мурадкIэ хэкум къекIуэлIэжахэр.
Музыкэ театрым утыку къыщрахьащ адыгэхэм къыддекIуэкI Iэмэпсымэхэр, лъэпкъ фащэхэр, Iэщэхэр, художник цIэрыIуэхэм нарт лIыхъужьхэм я сурэтхэр къыщагъэлъэгъуа лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Концертым и пэ къихуэу, Лъэпкъ музейм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Накуэ Феликс къекIуэлIахэр хигъэгъуэзащ адыгэ цIыхухъу, цIыхубз фащэхэм, Iэщэхэм, хьэпшыпхэм, ижь-ижьыж лъандэрэ ахэр лъэпкъым къызэрыддэгъуэгурыкIуэм, абыхэм ди гъащIэм къыгуэхыпIэ зэрамыIэм.
Пшыхьыр езыгъэкIуэкIахэм жаIащ адыгэ лъэпкъым гъуэгуанэ гугъу къикIуами, и хабзэр, и бзыпхъэр, и бзэр, и нэмысыр зэрихъумэжар. Абыхэм кърихьэлIахэм зыхуагъэзащ блэкIам имыгъэнэщхъейуэ, къэкIуэнум хуэлажьэу, ди бзэмрэ хабзэмрэ тхъумэжу, ди лъэпкъ жыгым тхьэмпэщIэ къыпыкIэ фIэкIа, и къуэпсыр мыгъуу, къикIуа илъэс мин бжыгъэм къыпищэу адыгэ лъэпкъыр псэуну хъуахъуэу.
Iупхъуэр зэрызэIуахыу, сценэм къыщыхутащ адыгэ фащэ екIур къызыщыпс щIалэ пщыкIутI, адыгэ лIакъуэ 12-м я дамыгъэу. Абыхэм ящыщ зыт ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Хьэмыр зэ Ахьмэд. ГуфIэгъуэ пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэм ар гупсэхуу къахуеджащ Бемырзэ Мухьэдин и «Адыгэ лъэпкъым и Iэпкълъэпкъ пщыкIутI» усэм. Маргъущ Тамерлан гъэхуауэ къеджащ «Сэ сыадыгэщ!» усэм. «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым «Хъуромэ» теплъэгъуэр удихьэхыу игъэзэщIащ.
Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ, ныбжьэгъу лъапIэхэ, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ, ди хьэщIэхэ! Нобэ ди республикэм щохьэщIэ хамэ къэралхэм къикIыжа ди лъэпкъэгъухэр, гъунэгъу щIыпIэхэм щыпсэу адыгэхэр. Хамэ къэрал зыбжанэм щыщ адыгэхэр нобэ дызэзышэлIа щхьэусыгъуэхэм хохьэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм (ДАХ-м) и зи чэзу XII Зэхыхьэшхуэр. Ди зэкъуэ¬шыныгъэр адэкIэ зыгъэбыдэхэм Тхьэр арэзы къыфхухъу! Абы къыщащта уна¬фэхэр зыгъэзэщIэн, къызыхэкIам хуэпэжын, гъунэгъу лъэпкъхэм ядекIуэкIыфын, фызэрыс щIыналъэм и пщIэр, и нэмысыр, адыгагъэр зыIыгъыжын Тхьэм дищI.
ДАХ-м къыщащта унафэхэр дэнэ щIыпIи щыпсэу адыгэхэм яхуэмахуэн, фIы куэд къытхудэкIуэн Тхьэм ищI. Дызыгъэнэщхъеин къытхэмыкIыу, лъэпкъыр мылъэпэрапэу, щыуахэм къедгъэгъэзэжу, ныкъусаныгъэхэр дгъэзэкIуэжу, ди щIэблэр тхъумэжу, ди зэкъуэшыныгъэр нэхъри дгъэбыдэу дызэбгъэдэтыну Тхьэм жиIэ! — жиIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Адыгэхэм ди махуэшхуэм теухуа пшыхьыр щIэщыгъуэу ирагъэкIуэкIащ. Ар ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэм ящыщхэу Нэхущ Чэрим, Сокъур Ольгэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Бэрэгъун Марианнэ, ДыщэкI Артур, Жабоевэ Замирэ, ЦокIыл Азэ¬мэт, Хьэкъул Оксанэ сымэ, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым, «Тэрч къэзакъхэр» ансамблым, «Шагъдий» сабий къэфакIуэ гупым. Концертым щыIуащ адыгагъэм, анэдэлъхубзэм теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ. Хьэмырзэ Ахьмэд лъэпкъым хуэгъэза и хъуэхъу дахэм къыкIэлъыкIуа удж хъуреймкIэ пшыхь гуапэр зэхуащIыжащ, адыгэхэр щыпсэу жэнэт щIыналъэм уэрэ¬дымрэ къафэмрэ щытепщэну къыхураджэу.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.