ИугъащIэ Адыгэ фащэм и махуэм!
Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъапIэу «Си Лашынкъей — си унэ, си псэ» фIэщыгъэм щIэту зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо фестиваль фокIадэм и 30-м екIуэкIащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр теухуат Тохъутэмыщей жылэр къызэрыунэхурэ илъэс 600 зэрырикъум. А IуэхугъуитIыр адыгэ ныпыр лъагэу зыфIэдза Лашынкъей бгыщхьэм и деж Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Мы зэхыхьэм кърихьэлIат Шэшэным, Ингушым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Абхъазым, Осетием, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр.
Фестивалым кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIу захуигъэзащ къуажэм и щIыпIэ администрацэм и тхьэмадэ Хьэгъэжей Хьэсэн. Абы къыхигъэщащ «Си Лашынкъей — си унэ, си псэ» зыфIаща мы зэхьэзэхуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ зэхуэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэр зэрызэкъуагъэувэр, я щэнхабзэр зэрызэпащIэр. Мыр хабзэ дахэ яхуэхъуу, гъэ къэси мыпхуэдэ зэхыхьэ-хэр зэхашэныр зэрыфIэигъуэр. Шэджэм щIыналъэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым унафэщI Уэдыжь Хьэсанш жиIащ мы гуфIэгъуэ дахэр щекIуэкI жылэм дэсхэр сыт щыгъуи ефIакIуэу псэуну, нобэ ягъэлъапIэ адыгэ фащэмрэ Лашынкъейрэ я махуэр зыIэтхэр узыншэну зэригуапэр икIи щIэгушхуэн, адыгэ хабзэр, нэмысыр зыхъумэфын щIэблэщIэ куэд жылэжьым щыпсэухэм къащIэхъуэну ехъуэхъуащ. Апхуэдэуи, абы къызэрыхигъэщащи, адыгэ фащэм ныбжьышхуэ иIэщ. Ар адыгэм и мызакъуэу, нэгъуэщI куэдми лъэпкъ фащэ яхуэхъуащ. Урыс пащтыхьми фIэфIу зэрихьэу щытащ ди фащэр. Ди лъэпкъ фащэр дгъэкIуэд зэрымыхъунур, дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми ар илъын хуейуэ къызэрилъытэр къыхигъэщащ Уэдыжьым.
Мы зэхыхьэ дахэр гукъэкI зыщIу къезыхьэжьа Хьэгъэжей Хьэсэнрэ Бейтыгъуэн Iэуесрэ я мурадыфIхэр къайхъулIэну зэригуапэри къыхигъэщащ Уэдыжь Хьэсанш.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан фащэм и махуэр мы дунейм адыгэу тетым я махуэу къэплъытэ зэрыхъунур, апхуэдэуи ди лъэпкъым нэщхъеягъуэрэ гузэвэгъуэу куэд илъэгъуами, дяпэкIэ адыгэм и гъащIэр гуфIэгъуэкIэ гъэнщIауэ, ефIакIуэу псэуну зэрихъуэпсапIэр жиIащ.
Махуэшхуэм кърихьэлIахэм, Тохъутэмыщей къуажэжьым щыпсэухэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэза нэужь, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ мыпхуэдэ гуфIэгъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыяпэу Лашынкъей къуажэм Iэтауэ зэрыщагъэлъапIэр и гуапэ зэрыхъур.
— ЦIыхур, псом япэрауэ, зыгъэдахэр и хьэл-щэнырщ, и дуней тетыкIэрщ, ауэ абы къыкIэлъыкIуэр и зыхуэпэкIэр аращи, лъэпкъ фащэм и махуэ хэха диIэн хуейуэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыщыхалъхьэри, ар къыддаIыгъауэ илъэс бжыгъэ хъуауэ абы ехьэлIа дауэдапщэхэр идогъэкIуэкI. Мы фащэр зей ди лъэпкъми, ар къыддэзыIэт адрей лъэпкъхэми гуфIэгъуэ куэд яIэну Тхьэм къыщIигъэкI,- пищащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. — Си ныбжьэгъу лъапIэ МэшбащIэ Исхьэкъ нобэ Абхъаз Республикэм щыIэщ, а щIыналъэм и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэжрэ илъэс тIощIрэ тхурэ зэрырикъур ягъэлъапIэри. Фащэм и махуэмрэ ди къуэш абхъазхэм я гуфIэгъуэмрэ зэрызэтехуар Iуэхугъуэ тIуащIэщ. МэшбащIэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдыр мыбдежым дигу къэмыкIыжынкIэ Iэмал иIэкъым: «Адыгэ фащэр сэ схуадами, Кавказым ис псоми яй ар хъуащ». АбыкIэ жысIэну сызыхуейращи, дрогушхуэ Iэщэ-фащэ, шы лъэпкъ, Iэмэпсымэ, хабзэ-нэмыс жыпIэми, дэ дыдейуэ адрей лъэпкъхэм къащтэн, щапхъэ щIыттрахын куэд дызэриIэм.
Хасэм и тхьэмадэм къэпсэлъэныгъэм иужькIэ, Лашынкъей дэт музейм тыгъэ хуищIащ сурэт зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ генералиссимус Черкасский Михаил, КъардэнгъущI Зырамыку сымэ тращIыкIа сурэтхэр. Урысейм и Артийскэ комитетым и вице-президент Бейтыгъуэн IэуескърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ зэхыхьэ дахэр Лашынкъей къуажэм къызэрыдаIыгъам папщIэ.
Зэхыхьэр ягъэдэхащ КъБР-м и цIыхубэ артист Къуэдз Абубэчыр, КъБР-м, Ингуш Республикэм, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и артисткэ КIэрэф Иннэ, Абхъаз щIыналъэм и уэрэджыIакIуэ Пкин Сабинэ, ХьэхъупащIэ Заур и гъэсэн «Дыгъэшыр» сабий къэфакIуэ гупым, Шэшэным, Ингушым, Осетие Ищхъэрэм, КъШР-м къикIа къэфакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм. Апхуэдэуи я зэпеуэ дахэхэмкIэ утыкур ягъэбжьыфIащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Бейтыгъуэн Руслан зи гъэсакIуэ спорт школым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм.
НафIэдз Мухьэмэд