Шэрджэс лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ
- Шэрджэсхэр (адыгэхэр) фэилъхьэгъуэм «щыгъынкIэ» еджэрт. ШэкIэ яузэд Iэщэр къызэрежьэу шэрджэсхэм фэилъхьэгъуэщIэ къагупсысащ, «Адыгэ фащэкIэ» еджэу, «шэрджэс теплъэ» мыхьэнэр къикIыу. Цейм хъурыфэ пыIэр, джанэр, хьэзырхэр зытет джанэ щIыIутелъыр, къамэ зыкIэрыщIа бгырыпхыр, сэшхуэр, фочкIэщIыр, джэлэфейр, лъахъстэн вакъэр щIыгъут. Адрей лъэпкъхэм я фащэхэм зыкIи хуэбгъадэ мыхъуну зэхэлъщ ар.
Цейм и художественнэ ухуэкIэ нэхъыщхьэхэр, Iэщэхэр шэрджэс (адыгэ) хабзэм тету къагупсысащ. Цейм тхыгъэ куэд траухуащ хамэ къэрал, урыс къэхутакIуэ цIэрыIуэхэм. Абыхэм ящыщ зыбжанэм щыгъуазэ фытщIынут. Апхуэдэхэщ Жан-Шарль де Бесс и «Путешествие в Крым, на Кавказ, в Грузию, Армению, Малую Азию и Константинополь в 1823 и 1830 гг.»: «Кавказым ис лъэпкъ псоми щатIэгъа адыгэ фащэр зэпэщщ икIи шы тесыным, зекIуэ кIуэным хуэщIащ… Сыт и лъэныкъуэкIи фащэ тыншыр, зэкIужыр адыгэхэм я гъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ хуэщIат, Шэрджэсым къищынэмыщIа, нэгъуэщI щIыналъэ куэдми абы зыщиубгъуат».
Зиссерман А. «Двадцать пять лет на Кавказе» тхыгъэм щыжеIэ: «Кавказ Ищхъэрэм Къэбэрдейр щапхъэ зытрахыу къыщалъытэрт. Адыгэхэр кавказ франджыуэ къалъытэрт, персхэр Кавказым исхэм зэрырагъэщхьым хуэдэу: арат бостейхэр, Iэщэхэр хэIущIыIу щыхъуар».
Студенецкая Еленэ и «Одежда народов Северного Кавказа XVIII-XX вв.» жыхуиIэм дыкъыщоджэ: «Черкеска» фIэщыгъэр а фэилъхьэгъуэм езытар а щыгъыныгъуэр адыгэхэм япэу зэрахьэу зылъэгъуа урысхэрщ… Кавказ Ищхъэрэм и бгырыс лъэпкъ псоми, иужькIэ къэзакъхэм (псыжь, тэрч) Къэбэрдейм фэилъхьэгъуэхэр, Iэщэхэр, шы шэсыкIэр, нэгъуэщIхэри ирахащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъырт къэбэрдей зыхуэпэкIэ хэплъыхьам къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм. Адыгэ фащэм, Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми зыщиубгъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, адыгэхэм я гъунэгъу лъэпкъхэм (къэрэшей-балъкъэрхэм, осетинхэм, ингушхэм) я адыгэ цIыхубз фащэхэри иужьрейхэм куэдкIэ зэрещхьым гу зэрылъыптэр».
Студенецкая Еленэ «Быт и культура кабардинского народа (XVIII-XIX вв.)» тхыгъэм адэкIэ щыжеIэ: «Ахэр жылагъуэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ зызыужьа лъэпкът икIи псэукIэкIэ, хабзэкIэ, хьэл-щэнкIэ, фэилъхьэгъуэкIэ щапхъэ зытрахт. Абы и лъэныкъуэкIэ гурыIуэгъуэщ адыгэ фащэм Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэми апхуэдэу куууэ зыщIыщиужьар… Къэбэрдейхэм я щэнхабзэм-рэ псэукIэмрэ адыгэхэм я гъунэгъу урысхэм, украинхэм, къэзакъхэм щапхъэ зэрахуэхъур наIуэщ — ар хыболъагъуэ иужьрейхэм я зыхуэпэкIэм, Iэщэм, шы Iэпслъэпсхэм, хабзэхэм, макъамэмрэ къафэхэмрэ, IуэрыIуатэм».
Брокгауз Ф., Ефрон И. сымэ я «Энциклопедический словарь»-м и XIII томым итщ: «Къэбэрдейр нэхъапэми щытащ, иджыри къонэж дуней тетыкIэ, хьэл-щэн дахэм бгырысхэр щыхурагъаджэ щIыпIэу. Кавказ Ищхъэрэм и бгырыс лъэпкъхэм, иужькIэ къэзакъхэм Къэбэрдейм щызэрахьэ фэилъхьэгъуэхэм, Iэщэхэм, шы тесыкIэм, нэгъуэщI-къинэмыщIхэм щапхъэ трахащ».
Флориан Антуан Жиль и «Письма о Кавказе и Крыме» тхыгъэм дыщыхегъэгъуазэ: «НэхъапэIуэкIэ лъэпкъышхуэу щыта адыгэхэр къызэрымыкIуэу шууей къарууфIэхэщ. Я хабзэр, Iэщэр, зэрызэщIэузэда щIыкIэр шэрджэсхэм я мызакъуэу, Кавказым ис бгырыс лъэпкъ псоми я щапхъэт, къыдэкIуэу, зауэм щыIухьэкIэ адыгэхэм я фащэхэмрэ Iэщэхэмрэ къащтэным нэхъыфI къызыхуэмыгупсыса къэзакъхэри абыхэм яхэтт.
Ноби, Къэбэрдейр зэрыщыту къазэуами, иджыри Кавказ псом ахэр модэм щитетщ, абы и лъэныкъуэкIэ Париж Европэм зэрыщитетым хуэдэу; икIи адыгэхэм я лъэпкъ Iэщэ-фащэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр халъхьамэ, ар бгырысхэми ди къэзакъхэми занщIэу къапхъуатэ. ЩIакIуэ нэхъыфI дыдэхэр, щынэм и фэм къыхэщIыкIа упщIэ пыIэ дэгъуэхэр адыгэхэрщ зи IэрыкIыр».
«Кавказ и Кавказская война. Публичные лекции, читанные в зале Пассажа в 1860 году Генерального штаба полковником Романовским» лэжьыгъэм дыкъыщоджэ: «Шэрджэсхэр я теплъэ дахэхэмкIэ, IущагъымкIэ, хахуагъэмкIэ нэгъуэщIхэм къахощ. Нобэ адыгэхэр… нэхъ къулейхэщ, адрей лъэпкъхэм я щапхъэгъэлъагъуэщ. Адыгэхэр, къапщтэмэ, бгырысхэм я дежкIэ фэилъхьэгъуэхэм я щапхъэгъэлъагъуэщ».