Лъэпкъыр зэпызыщIэж махуэ
Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр екIуу щагъэлъэпIащ Налшык къалэ. Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм и жэрдэмкIэ, КъБР-м къэзыгъэзэжахэр «Трек» шхапIэм щызэхуашэсри, дахэу зэбгъэдэсащ, лъэпкъым и гугъуехьхэм, хэхэсхэм я щыIэкIэ-псэукIэм, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжахэр хэкужь гъащIэм зэрыхэзэгъэжым, хамэщI исхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ. ЗэIущIэм хэтащ КъАХ-м и район, къалэ хасэхэм я тхьэмадэхэри.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ нобэкIэ къапщтэмэ, Адыгэ Республикэм цIыху мини 2, Къэрэшей-Шэрджэсым — 52-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху мини 3-м щIигъу къызэритIысхьэжар, абыхэм псэун Iуэху зэрызэрахуэр, зыхуэныкъуэхэмкIэ зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр, къэхъуапсэ щыIэмэ, къэкIуэжынымкIэ сэбэп зэрыхъунур.
КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ хэхэсу къэхъуауэ нобэ зи хэку зыгъуэтыжахэм. Я къуэшхэм яхуэгъэза псалъэ гуапэ-хэр жаIащ къэIэпхъуэжахэм ящыщ нэхъыжьыфIхэу Абей Шухьэиб, Хъуажь Фахъри, Къущхьэ Нэдим сымэ, нэгъуэщI-хэми. Псори зыщIэхъуэпсри я псалъэ- хэм къыхагъэщари зыщ — дэни щыпсэу адыгэхэр зэрыгъуэтыжауэ, зэрыубыдыжауэ тлъагъунырщ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м и уэрэджыIакIуэ пажэхэу Хьэрэдурэ Динэ, Шал Хъусен, Бэч Азэмэт, Беслъэней Ренатэ сымэ икIи джэгу дахэ зэхашащ.
А махуэ дыдэм ДАХ-м къыбгъэдэкI, IэфIыкIэхэмкIэ узэда Iэнэхэр ягъэуври, саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием къикIауэ иджыпсту хэкум зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэ 80-м щIигъум.
НэщIэпыджэ Замир