Адыгэ лъэпкъым и МахуэщI махуэм теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр
Нобэ адыгэ лъэпкъым и МахуэщI махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iэтауэ щагъэлъэпIэ.
Республикэм и къалэхэм, районхэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щокIуэкI. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм къыщызэIуах «Адыгэхэр: дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр.
ФокIадэм и 18-м сыхьэт 16-м ди хэкуэгъу Бзаджэ Эргун и сурэт гъэлъэгъуэныгъэр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэбэрдей драмэ театрым къыщызэIуахащ.
ФокIадэм и 19-м, сыхьэтыр 19-м гуфIэгъуэ зэIущIэ ин щызэхэтащ КъБР-м Музыкэмк1э театрым.
А махуэм къыдэкIащ «Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Адыгэ макъ» (АР), «Черкес хэку» (КъШР), газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыра номер зэгуэтыр.
Режиссер, продюсер Къандур Мухьэдин и художественнэ, документальнэ фильмхэр КъБР-м, АР-м, КъШР-м я телевиденэхэмрэ Иорданием щылажьэ «Нарт-ТВ» студиемрэ щагъэлъэгъуащ.
Апхуэдэ дыдэу режиссер Вэрокъуэ Владимир и Iэдакъэ къыщIэкIа документальнэ фильмхэр КъБР-м, КъШР-м, АР-м я телевиденэхэм щагъэлъэгъуащ.
ГуфIэгъуэ махуэм и пщIэр нэхъри иIэтащ республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ къыщызэрагъэпэща зэхуэсхэм, классщIыб лэжьыгъэхэм, конференцхэм. ФокIадэм и 20-м район псоми махуэшхуэ зэIущIэхэр, концертхэр щокIуэкI.
ФокIадэм и 22-р гукъинэж зыщIынухэм ящыщщ сыхьэт 12-м щIидзэу Налшык къалэ и ипподромым щекIуэкIыну шы-спорт махуэшхуэр, абы адыгэ, инджылыз-адыгэ шы лъэпкъхэр къыщызэдэжэнущ, шууей Iэзэхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуэнущ.