Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессым и Резолюцэ
2018 гъэм фокIадэм и 19-м Налшык къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессыр. Абы кърихьэлIащ Урысей Федерацэм (Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Осетие Ищхъэрэ – Алание Республикэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм) я адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, апхуэдэуи хамэ къэралхэм щылажьэ шэрджэс зэгухьэныгъэхэм: Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилымрэ Европэ Союзымрэ къикIахэр.
Дэ, ДАХ-м и ХII Конгрессым хэтхэм, жыдоIэ шэрджэс псоми я Iуэху дэгъэкIыным телажьэ, правительствэм и нэIэ щIэмыт дунейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэу щыт Дунейпсо Адыгэ Хасэм и мыхьэнэр нэхъ кIащхъэ зэрымыхъуар. Адэжь щIыналъэмрэ хамэ къэралхэмрэ щыпсэу адыгэхэр зэзыпх, правительствэм и нэIэм щIэмыт шэрджэс жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэхэр зэкъуэзыгъэувэ IуэхущIапIэ закъуэу къонэж ДАХ-р.
Абы и зэфIэкIхэм яфIэгъэщIэгъуэну къызэрыкIэлъыплъым къегъэлъагъуэ шэрджэсхэм я сэбэп зыхэлъхэр адэжь щIыналъэми хамэ къэралхэми щыпхыгъэкIыным телажьэ а дунейпсо IуэхущIапIэм куэд къызэрыхуэныкъуэр.
Ди лэжьыгъэр теухуащ адыгэ лъэпкъым ифI къызыхэкIын Iуэху нэхъыщхьэхэр дэгъэкIыным, абы щыгъуэми къыдолъытэ ди хэкуэгъухэр щыпсэу къэралхэм, абыхэм лъэпкъ куэду зэхэт я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я сэбэп зыхэлъхэри. А къалэнхэр гъэзэщIэнырщ зытеухуауэ щытар ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупымрэ Хасащхьэмрэ блэкIа зэманхэм хэтахэм я лэжьыгъэр.
Дэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Конгрессым и делегатхэм:
— дэ зэпымыууэ къыхыдогъэщ шэрджэс лъэпкъыр адэжь щIыналъэм зы щыхъужыным, ди анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, къыддекIуэкI хабзэхэр хъумэным, абыхэм зегъэужьыным, адыгэхэр щыпсэу къэралхэм ис лъэпкъ псоми я лIыкIуэхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэгъунэгъуфI зэхущытыкIэмрэ гъэбыдэным дызэрыхущIэкъур;
— ди гуапэщ шэрджэс лъэпкъым, абы и щэнхабзэм зегъэужьыным адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щагъэзащIэ къалэным кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр;
— ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэмрэ щIыналъэхэмрэ я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, къэрал, муниципальнэ властым и органхэм мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ хъумэным хуэгъэзауэ шэрджэс жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр жыджэру дадэлэжьэным дызэрителъхьэр жыдоIэ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм нэхъапэми зыхуигъэувыжу щытащ иджыри зыхуегъэувыж мыпхуэдэ къалэнхэр:
Дунейпсо Адыгэ Хасэм зыхуигъэувыжу щытащ, иджыри зыхуегъэувыж мыпхуэдэ къалэн нэхъыщхьэхэр:
— ДАХ-м хэт шэрджэс жылагъуэ зэгухьэныгъэхэу адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ, псэкупсэ къулеигъэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ, зихуэдэ щымыIэ и лъэпкъ щIыкIэр хъумэным, адыгэхэм ди тхыдэр джыным пыщIа лэжьыгъэхэр адэкIи егъэкIуэкIыным елэжьхэр а Iуэхухэм хузэщIэгъэуIуэнымрэ абыхэм я къалэнхэр ягъэзэщIэнымкIэ защIэгъэкъуэнымрэ;
— хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм хэкужьым къыхуаIэ пыщIэныгъэхэм зегъэубгъун папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэр къахузэгъэпэщыным щIэгъэкъуэн хуэхъуныр;
— ди лъэпкъэгъухэр адэжь хэкум къэIэпхъуэжыным пыщIа Iуэхухэр нэхъ тыншу зэфIэкIыным хуэгъэпса Iэмалхэр Урысей Федерацэм щызэхэлъхьэныр;
— мамырыгъэр, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным хуэлэжьэныр, апхуэдэуи социальнэ, лъэпкъ, нэгъуэщI зэныкъуэкъухэр къэмыгъэхъуныр;
— цIыхум и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ хуэгъэзауэ дуней псом щызекIуэ хабзэхэр я тегъэщIапIэу, адыгэхэм я политикэ, щэнхабзэ, бзэ хуитыныгъэхэр я адэжь щIыналъэми хамэ къэралхэми къащыхузэгъэпэщыныр.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и унафэщIхэу щIэуэ хахахэм къалэн ящыщIын:
— ДАХ-м и лэжьыгъэм хэлъ ныкъусаныгъэхэу къагъэлъэгъуахэр гъэзэкIуэжыным хуэгъэза Iуэхухэр зэхалъхьэну, Конгрессым хэтхэм къыхалъхьа чэнджэщхэр ягъэзэщIэну;
— адыгэ щIалэгъуалэм я адэжьхэм я тхыдэр яджыным хуэунэтIауэ екIуэкI лэжьыгъэм сэбэп хуэхъуну;
— ди адэжь хэкум щекIуэкI IуэхуфIхэм я хъыбархэр езыхэр щыпсэу къэралхэм хэIущIыIу щыщIыным хуэунэтIа лэжьыгъэм хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр нэхъ жыджэру къыхашэну, адыгэхэм я щэнхабзэ, щIэныгъэ, экономикэ ефIэкIыныгъэхэр адэжь хэкум и сэбэп хэлъу къагъэсэбэпыну;
— сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я анэдэлъхубзэр зрагъэщIэным дегъэхьыным хуэлэжьэну методикэ щхьэхуэ зэхалъхьэну;
— адыгэ лъэпкъым и бзэр, щэнхабзэр, къыдекIуэкI зэхэтыкIэ дахэр хъумэнымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ хуэунэтIауэ къыхалъхьэ жэрдэмхэр гъэзэщIэным нэхъ жану хэтыну;
— КъБР-м, АР-м, КъШР-м я щIыналъэхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм хамэ къэрал щыщ ди хэкуэгъухэм я бынхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыным хуэунэтIауэ зэтраухуа лэжьыгъэм адэкIи зрагъэужьыну;
— къэзыгъэзэжхэр пIалъэкIэ щыпсэуну, е илъэс бжыгъэкIэ щыIэну хуит зыщI дэфтэрхэр, е Урысей Федерацэм и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхылъхэр къыдэхыным пыщIа Iуэхухэр нэхъ тыншу яхузэфIэгъэкIыным хуэгъэза лэжьыгъэм адэкIи пащэну;
— дуней псом шэрджэсу щыпсэур зэкъуэгъэувэжыным, ди щэнхабзэ щIэинхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ хъумэнымрэ, ди хабзэхэр, бзэр хъумэжыным, дунейм адыгэу щыпсэум я сэбэп зыхэлъхэр хъумэнымрэ абыхэм къащхьэщыжынымрэ, адыгэхэр адэжь Хэкум къэIэпхъуэжыным Iэмалу щыIэ псори къахуэгъэсэбэпауэ а Iуэхухэм хэлIыфIыхьыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэм пащэну.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессым хэтхэм къыхыдогъэщ КъБР-м щыIэ Гундэлэн къуажэм деж къыщыхъуа лъэпкъ зэныкъуэкъум икъукIэ дызэригъэпIейтеяр. Дэ тегъэщIапIэ дощI законым ткIийуэ тетын, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ хуэгъэзауэ щыIэ хабзэхэр хъумэн зэрыхуейр. ЗэпэщIэува лъэныкъуэхэр зэкIужу, а зэныкъуэкъур зэтрауIэфIэжыным дрителъхьэщ. Къаугъэм хэша хъуа щIалэгъуалэм залымыгъэ кIэлъызэрамыхьэнми дрителъхьэу дыкъоув. Шэч къытетхьэркъым а зэгурымыIуэныгъэр КъБР-м и къэрал властымрэ жылагъуэмрэ зэдегугъуурэ къызэрызэранэкIынум.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессым
хэтахэм къызэдащтащ.
2018 гъэм фокIадэм и 19-м, КъБР, Налшык къалэ