Новости

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессым хэтахэм абхъаз лъэпкъым зэрызыхуагъазэ  

ПщIэ зыхуэтщI ди абхъаз къуэшхэ, шыпхъухэ!

Абхъаз  лъэпкъым  и Хэку зауэм ТекIуэныгъэ къызэрыщихьрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур – Абхъазым и тхыдэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ махуэшхуэр — къоблагъэ. Абхъаз Республикэ щхьэхуитым и гуфIэгъуэ нэхъыщхьэу щытщ и ТекIуэныгъэм и махуэр. Дэ зэи тщыгъупщэнукъым абхъаз лъэпкъым и ТекIуэныгъэр, бэлыхьышхуэхэр къыщIызэранэкIар, цIыху куэд зыхэкIуэдар икIи хэщIыныгъэшхуэхэр къахуэзыхьар.

А махуэм дэ дигу къыдогъэкIыж Абхъазым и къуэ нэхъыфIхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм, Урысейм и нэгъуэщI щIыпIэхэм, хамэ къэралхэм щыщу Абхъазым и щхьэхуитыныгъэр яхъумэну къэувауэ щытахэр. Абыхэм ящыщ куэдым нэхъ лъапIэ дыдэу яIэр – я псэхэр – щIатащ абхъазыщIым мамырыгъэр щытепщэ хъужыным, Абхъазым иджыпсту щыпсэухэмрэ лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэхэмрэ заузэщIыным.

Нобэ дэ дрогушхуэ Абхъаз Республикэ щхьэхуитым зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм.

Дрогушхуэ Абхъаз Республикэр щхьэхуиту къэзылъыта япэ къэралу Урысей Федерацэр зэрыщытым.

Дрогушхуэ Абхъазым а Хэку зауэм ТекIуэныгъэр къыщихьыным, Абхъаз Республикэр щхьэхуиту къалъытэным адыгэ лъэпкъым хуищIа хэлъхьэныгъэм.

ТекIуа лъэпкъым щIыхь худощI!

А зауэм хэкIуэдахэр зэи тщыгъупщэнукъым!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессым

хэтахэм къызэдащтащ.

2018 гъэм фокIадэм и 19-м, КъБР, Налшык къалэ

 

Related posts

Leave a Comment