Новости

Дунейпсо Адыгэ Диктант

ХъыбарегъащIэ

Дунейпсо Адыгэ Диктант
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ,
гъатхэпэм и 14-м адыгэ зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ щекIуэкIынущ «Адыгэ Диктант». ДАХ-м щIыналъэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ щиIэ Хасэ къудамэхэм щызэхуэсынущ адыгэбзэкIэ диктант зытхыну гупыж зиIэхэр. Мы IуэхумкIэ дэIэпыкъуэгъу хъунущ ЩIэныгъэмкIэ министерствэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ. Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ зэхаша «Адыгэ диктантым» хэт хъунущ адыгэу зыкъэзылъытэж, дэнэ щIыпIи щыпсэу, адыгэбзэ мащIэ зыщIэ цIыхури. Ар къыщызэрагъэпэщынущ къалэхэм дэт щэнхабзэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ унэхэм е хасэ IуэхущIапIэхэм.
Диктант тхыгъэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ, е адыгэбзэр фIыуэ зыщIэ цIыху къеджэнущ. IуэхущIапIэ щхьэхуэ емыкIуэлIэфынум иджырей технологием и Iэмалхэр къигъэсэбэпу и щIэныгъэр къипщытэ хъунущ. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэмрэ Iэмалхэмрэ ДАХ-м и сайтым, Фейсбукым, Инстаграмым абы щиIэ напэкIуэцIхэм щывгъуэтынущ. ИджыкIэ ар зэрекIуэкIыну жыпхъэ убзыхуам ДАХ-м и сайтым фыкъыщеджэ хъунущ: http://intercircass.org/?p=7521
«Адыгэ диктантым» кърикIуахэр ДАХ-м и сайтым къралъхьэнущ икIи адыгэбзэмкIэ и щIэныгъэр здынэсыр къэзыщIэну хуея, жэрдэм зиIэ псоми электроннэ сертификатхэр иратынущ.

Related posts

Leave a Comment