Новости

  НэщIикIыж хьид махуэшхуэм папщIэ хъуэхъу                                        

 

ПщIэ зыхуэтщI ди хэкуэгъухэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ,  си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу НэщIикIыж хьид махуэ лъапIэмкIэ адыгэхэм  псоми си гуапэу сывохъуэхъу.

Рэмэдан мазэ лъапIэр зэриухыр къэзыгъэлъагъуэ а махуэм икъукIэ купщIэшхуэ иIэщ. Мы махуэ лъапIэхэм  IуэхуфIхэр зэфIагъэкI, Iыхьлыхэм,  дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI.

ГугъапIэ,  насып, узыншагъэ быдэ фиIэну, фи унагъуэхэм  мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, ефIэкIуэныгъэ илъыну Тхьэ жиIэ!

 

ПщIэ къыфхуэзыщI,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment