Новости

2019 гъэр адыгэ зыщыпсэу хэгъуэгухэм Къалмыкъ Юрэ и илъэсыр щагъэлъэпIэнущ

Адыгэм къытхэкIа цIыхушхуэ, къэрал, бэдаущ, жылагъуэ IуэхущIакIуэ ин, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру щыта Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр, псэужамэ, мы гъэм илъэс 85-рэ ирикъунт.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм (МЧА-м) къихьа унафэм ипкъ иту, 2019 гъэр адыгэ зыщыпсэу хэгъуэгухэм Къалмыкъ Юрэ и илъэсыр гъэлъэпIэным траухуэ. Абы ипкъ иту, иджыблагъэ Къэрэшей-Черкес Республикэм, Къалмыкъ Юрэ къыздалъхуа хэгъуэгум, къеблэгъащ къуэш Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къикIа щIалэгъуалэ гупышхуэ. НыбжьыщIэхэм ящIыгъуащ я егъэджакIуэхэр, анэ- адэхэр. Зэхэту нэрыбгэ 90 къеблэгъащ.

  Мы Iуэхугъуэм и къызэгъэпэщакIуэр КъБР-м щыIэ «Черкесский Ренессанс» лъэпкъ жылагъуэ организацэращ.

КъинэмыщIауэ, зэIущIэр нэгъэсауэ ди хэгъуэгум къыщызэгъэпэщыныр икъукIэ хъарзынэу къызэфIагъэкIащ КъЧР-м и «Адыгэ Хасэ — Черкесский Парламент» лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм, ЩIалэгъуалэ Хасэм, Хьэбэз муниципальнэ район администрацэмрэ КъЧР-м щыIэ Шууей Хасэмрэ я дэIэпыкъуныгъэ хэлъу.

Япэ щIыкIэ Черкесск къалэ утыку нэхъыщхьэм и Iэхэлъахэм щыт, Къалмыкъ Юрэ и фэеплъ сыным пэкIу щрагъэкIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ ДАХ –м и тхьэмадэ Сохъурокъуэ Хьэутий, ди республиэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий, Хьэбэ муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэ ЩакIуэ Руслан, абы и къуэдзэ Жу Тимур, лъэпкъ Хасэм хэтхэр, щIалэгъуалэр.

Лъэпкъым и щIалэгъуалэм зэхиша IуэхуфIым мыхьэнэшхуэ зэриIэм, адыгэм къытхэкIа цIыхушхуэхэр гъэлъэпIэн зэрыхуейм гулъытэ хуащIкIэрэ пэкIум къыщыпсэлъащ Сохъурокъуэ Хьэутий, Аслъэнхэ Алий сымэ.

Иужьым щIалэгъуалэр екIуэлIащ Черкесск къалэм щаухуа, Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сыным.

КъыкIэлъыкIуэу, КъБР-м къикIа хьэщIэхэм яунэтIащ Къалмыкъ Юрэ зыщалъхуа къуажэм — Абазакт. Абдежым ныбжьыщIэхэм зрагъэлъэгъуащ лъэпкъылI щэджащэм и цIэкIэ къызэрагъэпэщауэ мы къуажэм дэт еджапIэм щылажьэ музейм.

АдэкIэ къэувыIэпIэр Хьэгъундыкъуей къуажэрат. Мыбдежми нэгузыужь Iуэхугъуэ дахэ къызэрагъэпэщащ. ИкIи, хьэщIэхэм гуапэу къапежьащ мы къуажэм и Iэтащхьэр я пашэу, Адыгэ Хасэм хэлIыфIыхьхэр. НыбжьыщIэхэм гукъинэж ящыхъуащ икIи яфIэгъэщIэгъуэну зыщаплъыхьащ Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сыным и Iэхэлъахэм щылажьэ музейр, абы щIэлъ экспонат телъыджэхэр. Уеблэмэ, Кавказ зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъыр гъэщыпкъэным ехьэлIауэ япэ дыдэ сын зыгъэува Хутэ Михаил нэIуасэ зыхуащIащ, епсэлъахэщ.

Нэгузыужь программэм ипкъ иту, мы махуэм кIэух хуэхъуащ ныбжьыщIэхэр «Iэдииху» чэщанэр зытет бгым дэкIыныр…

 — Дэнэ дыщымыIами дызэрыадыгэр тщыгъупщэ хъунукъым, адыгагъэр зыхэдгъэлъын хуейщ. Адыгэр дызэкъуэшщ, дызэкъуэтмэ дылъэщщ!

Къэрэшей-Черкесым дыкъыщIеблэгъа Iуэхум и мыхьэнэ нэхъыщхьэр — адыгэм къытхэкIа цIыхушхуэм — Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэм, и гъащIэм, и къекIуэкIыкIам щIалэгъуалэр щыдгъэгъуэзэныр; хэгъуэгуитIым щыпсэу адыгэхэр зэпытщIэнращ.

Мы IуэхугъуэмкIэ къызэщIэдубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ адыгэ щIалэгъуалэ жыджэрыр, лъэпкъыбзэр, хабзэхэр хъумэным, зегъэужьыным хуэгъэза республикэ зэпеуэхэм, проект зэхуэмыдэхэм къыхэщхэр. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ: «Дебаты на родном языке», «Джэгурэш», «НыбжьыщIэ театр» жыхуиIэхэр. Мы Iуэхугъуэхэм текIуэныгъэр къыщызыхьахэр, щIэблэ лъэпкъыпсэ-хэкупсэр, фIыуэ еджэхэр нобэ къытхэтщ, — къыджиIащ  КъБР-м щылажьэ «Черкесский Ренессанс» лъэпкъ жылагъуэ организацэм и тхьэмадэ Жылэгъащтэ Хьэчим.

Related posts

Leave a Comment