Новости

Шекерджи  Йылдыз дохъуэхъу

Тыркум щызэхэт Кавказ жылагъуэ

зэгухьэныгъэхэм я федерацэм и тхьэмадэ

 Шекерджи  Йылдыз  деж

 

                                   ПщIэ зыхуэтщI ди хэкуэгъу лъапIэхэ!

                                   ПщIэ зыхуэтщI Шекерджи  Йылдыз!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупыми си щхьэми  къыбгъэдэкIыу гуапэу сынохъуэхъу Тыркум щызэхэт Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я федерацэм и тхьэмадэу узэрыхахам папщ1э!

КАФФЕД-м и гуащэ Йылдыз, къыпхуагъэфэща IэнатIэм хъер куэд къыпэкIуэу ущылэжьэну, узыпэрыхьа IуэхумкIэ уиIэ мурад псори къохъулIэну Тхьэм жи1э.

Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я федерацэр Тырку Республикэм илъэс куэд хъуауэ щолажьэ. А зэманым Хасэм куэд хузэфIэкIащ, адыгэ лъэпкъым и щIыхьыр зыIэт Iуэху дахэ куэд иригъэкIуэкIащ. Фэри Илдыз, абы фи гуащ1э ин хэфлъхьащ.

ДяпэкIи дыпщогугъ Хасэм и гуащэ дахэу, ди зэпыщІэныгъэр нэхъ быдэ хъун папщIэ, лъэпкъ культурэр Тырку Республикэм щыхъумэным, адыгэбзэр, адыгэ щІэнхабзэр зэрыщефІэкІуэным нэхъ лъэщу тхузэф1эк1 псори къэдгъэсэбэпу дызэгъусэу дытелэжьыхьыну.

Тхьэм жиIэ фыщыпсэу къэралым и пщIэр фIыгъыну, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэпыщIэным хэфлъхьэ гуащIэдэкIыр нэхъ ин хъуну, ехъулIэныгъэшхуэхэр фиIэну, фи лэжьыгъэм и хъер флъагъуну.

 ДигукIи ди псэкIи дывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, насып, ехъулIэныгъэ,  гъуэгуанэ дахэ  Тыркум щыпсэу адыгэхэм псоми фиIэну.

 

ПщIэ къыфхуэзыщI,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзащIакIуэ гупым къыбгъэдэкIыу

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment