Новости

Дунейпсо Адыгэ диктант

Нобэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, адыгэхэр зэрыс республикэхэмрэ къэ­ралхэмрэ ще­кIуэкIащ «Адыгэ­бзэ диктант».

Адыгэбзэм и пщIэр къэ­Iэтын, лъэпкъым анэ­дэлъхубзэмкIэ бгъэ­дэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэн папщIэ зэхаша Iуэхугъуэм ди лъэпкъэгъухэр жыджэру хэтащ.

 Псалъэм папщ1э цIыхуш­хуэ къекIуэлIащ Налшык къалэ дэт КъБКъУ-мрэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэмрэ. Сыхьэт 15-м ирихьэлIэу Лъэпкъ библиотекэм къекIуэлIахэм гуапэу захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ Сэхъу­рокъуэ Хьэутий. Къызэхуэсахэм ар ехъуэхъуащ, фIыщIэ яхуищIащ диктант ятхыну жэрдэм зэращIам папщIэ икIи къыхигъэщащ мы Iуэхугъуэм лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.

Апхуэдэу КъБР-м и ­щIы­налъэхэм егъэджэныгъэмкIэ я управленэхэм, Хасэ IуэхущIапIэхэм адыгэбзэ диктант къызэ­гъэпэщыным, егъэ­кIуэ­кIы­ным теухуа лэжьыгъэшхуэ зэфIахащ.

Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм,  Ставрополь, Ростов нэгъуэщ1 къалэхэми  щатхащ адыгэ диктантыр. Ар къыщызэрагъэпэщащ къалэхэм дэт егъэджэныгъэмкIэ унэхэм е Хасэ IуэхущIапIэхэм. Абы уримыгушхуэу къанэркъым.

Ди  хэкуэгъу лъапIэхэ! ИрефIакIуэ анэдэлъхубзэр,  абы и къабзагъэр, и зэфIэкIыр!

Related posts

Leave a Comment