Новости

Адыгэбзэм и  гъащIэм къыпызыщэну Iэмалхэр 

Гъатхэпэм и 14-м,  Адыгэ тхыбзэм и махуэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэ Налшык щекIуэкIащ.                                                                   

Абы хэтащ Тырку, Иордание,  Сирие къэралыгъуэхэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм щыIэ хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр. Израилымрэ Европэмрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ  лэжьыгъэм  хэтащ (коронавирусым и зэранкIэ  щыпсэу къэралхэм кърагъэкIакъым).

ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр   КIурашын Анзор,    ДАХ-м и Советым хэт,  Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Иорданием щыIэ  Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу къыкIэлъыкIуэ пIалъэми лэжьэну  иджыблагъэ хахыжа нэхъыжьыфI Къардэн Самир,   Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий сымэ, нэгъуэщIхэри.  Абы и пэщIэдзэм ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм Адыгэ тхыбзэм и махуэ лъапIэмкIэ  ехъуэхъури, бзэм и  гъащIэм къыпызыщэну Iэмалхэм я гугъу ищIащ.

ИлъэсыщIэм и япэ мазищым ДАХ-м илэжьахэм, шапсыгъхэм я «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм    зэфIигъэкIхэмрэ, «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и гупсэщ» проектыр зэрагъэзащIэм, абы ипкъ иткIэ   лъэпкъыр къызэщIигъэушэу иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа «Адыгэ диктант» Iуэхугъуэм щытепсэлъыхьащ абы.   КъищынэмыщIауэ, утыку кърахьащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд  игъэхьэзыру иджыблагъэ къыдагъэкIа  «Панорама культурной жизни черкесской диаспоры»   тхылъыр.

ГъэзэщIакIуэ   гупым    къызэдащтащ    ДАХ-р  мы гъэм   зэрылэжьэну  планыр,  Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси I56-рэ щрикъум ирагъэкIуэкIыну  Iуэхугъуэхэр, ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр   гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм адэжь хэкум зыгъэпсэхуакIуэ къэшэныр, нэгъуэщIхэри.

 ЗэIущIэм  щагъэлъэпIащ «Адыгэ диктантыр»   езыгъэкIуэкIахэмрэ, ар  «тхукIэ» зытхахэмрэ.

Щомахуэ Залинэ.

Related posts

Leave a Comment