Шэрджэс хэхэсхэм я щэнхабзэ гъащIэр
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм «Адыгэ хэхэсхэр: щэнхабзэ гъащIэм и теплъэгъуэхэр» зи фIэщыгъэ тхылъыщIэ къыщыдэкIащ.
«ПАНОРАМЭ» жыпхъэм итщ дызытепсэлъыхь тхылъыр. Абы къикIыр тхыгъэхэм нэхърэ, сурэтхэм яубыд увыпIэр зэрынэхъ инырщ. Ар къыдэзыгъэкIахэм мураду зэхуагъэувыжат ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэр наIуэ къащIыну, ДАХ-м абыхэм ядригъэкIуэкI Iуэхухэр къагъэнэIуэну, ар я щхьэусыгъуэу щэнхабзэм зыщызыубгъуа, я ехъулIэныгъэфIхэмкIэ зыщыпсэу къэралхэми зэрыдунейуи цIэрыIуэ щыхъуа адыгэхэр Урысейм щыпсэухэм ирагъэцIыхуну.
«Гуми псэми къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхузощI, Кавказым зэрыпэжыжьэм хуэдэу, ди лъэпкъ хабзэхэр хуэсакъыпэу зыхъумэжхэм. Дунейпсо Адыгэ Хасэм лъэкI къигъанэркъым абыхэм зэрапыщIа ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ ищIын, зэгъусэу зэфIахыпхъэ IуэхуфIхэр къыдихын, жэрдэмыщIэхэм япэрыхьэн папщIэ», — щыжеIэ тхылъым и пэублэм ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
АдэкIэ тхылъыр зыхуэунэтIамрэ зытепсэлъыхьымрэ и гугъу къытхуещI ар зыгъэхьэзыра Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. «Япэ дыдэ Хэкужьым теухуа хъыбар пэж зыIэрыхьар Сирием щыщ адыгэхэрщ, — ироплъэж Мухьэмэд хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэрыубыдыжа щыхъуа гъуэгуанэм. — Ар зи фIыгъэр 1957 гъэм Мэзкуу щекIуэкIа Дунейпсо щIалэгъуалэ фестивалырт. А зэхуэсышхуэм Къэбэрдейм и къэфакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, сурэтыщIхэр, тхакIуэхэр игъэкIуат. Дамаск къикIа лIыкIуэхэми адыгэ щIалэ зыбжанэ яхэту къыщIэкIащ. Апхуэдэ щIыкIэу илъэсищэ и пэкIэ зэфIэкIуэдауэ щыта зэдэлъху-зэшыпхъухэр Мэзкуу щызэрыгъуэтыжауэ щытащ».
Тхылъым хэхэс адыгэхэм я щэнхабзэ гъащIэр къызэщIиубыдэу сурэт 282-рэ ихуащ. Абы и напэкIуэцIхэм ущрохьэлIэ лIэщIы-гъуэ зыбжанэ и пэкIэ дунейм къыщацIыхуа шэрджэс сулътIанхэм, пащтыхь гуащэ хъуа адыгэ бзылъхугъэхэм, дзэзешэхэм, къулыкъущIэхэм, артистхэм, спортсменхэм, къызэщIэубыдауэ жыпIэмэ, цIыхум игъэлъэпIа сыт хуэдэ IэщIагъэми дунейм къыщыхэжаныкIа ди лъэпкъэгъухэм. А псор хъыбар кIэщI-кIэщIурэ къытхуеIуатэ «Хэхэс адыгэхэм я щэнхабзэ гъащIэр» Iыхьэм.
Журналист лэжьыгъэ нэхъ убгъуахэм я гугъу пщIымэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ «Шапсыгъ» газетым и редактор нэхъыщ-хьэ Ныбэ Анзоррэ я тхыгъэхэу тхылъым урысыбзэкIэ ихуахэм къакIэлъокIуэ «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэ НэщIэпыджэ Замирэ анэдэлъхубзэкIэ игъэхьэзырахэр.
Панорамэм уриплъэмэ, уигу къинэр зыщ: дэнэ лъэныкъуэкIи щыпсэу хэхэс адыгэхэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр яхъумэным, зыщыпсэу хэгъэгухэм я цIэр фIыкIэ къыщрагъэIуэным, итIанэми ягухэм Хэкужьыр ирамыгъэутIыпщыным хуэунэтIащ.
Тхылъыр нобэ, гъатхэпэм и 14-м, ДАХ-м къеблагъэ хьэщIэхэм тыгъэ хуащIыну я мурадщ. Урысей Президентым и грантхэр зыт фондым и мылъкукIэ къыдэкIащ зи гугъу тщIы альбом зыкъизыхыр.
ЧЭРИМ Марианнэ.