Новости

Адыгэ ныпым и махуэшхуэ

Си лъэпкъэгъу  лъапIэхэ! Си къуэшхэ, си шыпхъухэ!

Адыгэ Хасэм къыхилъхьа жэрдэмым тету, 2010 гъэм щыщIэдзауэ мэлыжьыхьым (апрелым) и 25-м щагъэлъапIэ Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм. Апхуэдэуи ди хэкуэгъухэр  щыпсэу къэрал  50-м щIигъум адыгэ ныпым  и махуэр щаIэт.

Адыгэ ныпым дэтхэнэ зы адыгэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ, пщIэ ин хуещI. Псом хуэмыдэу гуапэщ лъэпкъ ныпыр нобэрей ди щIалэгъуалэм лъагэу зэраIэтыр. Зы гуфIэгъуи, Iуэхушхуи къанэу къыщIэкIынкъым ар ирипагэу щамыгъэлъагъуэ.

Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъапIэн зэрыщIэддзэрэ илъэсипщI хъууэ аращ. Ауэ ди ныпым и тхыдэр лъэхъэнэ жыжьэм къыщожьэ. Мы Iуэхум еплъыкIэ зэхуэмыдэ зыбжанэ иIэми, тхыдэм елэжь щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, адыгэ ныпым и тхыдэ гъэщIэгъуэныр 1830 гъэхэм къыщыщIедзэ. Адыгэ ныпым и гугъу япэ дыдэ зыщIар инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмундщ. «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» гукъэкIыжхэм, 1839 гъэм Лондон къыщыдэкIам, Спенсер адыгэ ныпым щытепсэлъыхьауэ щытащ. Япэ напэкIуэцIми щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуащ адыгэ ны­пыр. Аращ нобэрей ныпри къызытращIыкIыжар. Языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Дэвид Уркварт ищIа эскизымкIэ  щэкI удзыфэм шабзищрэ вагъуэ пщыкIутIрэ япэу хидыкIыу Хэкум къезыгъэхьар Уэсмэн империем щыпсэу адыгэ пщащэ гуэрщ.

БлэкIа илъэс зыбжанэм къриубыдэу мы махуэшхуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Адыгэхэр зыщыпсэу щIыпIэхэм адыгэ ныпым и махуэр илъэс къэс Iэтауэ, екIуу къыщызэрагъэпэщ. Бэракъыр щIыналъэхэм къыщрахьэкI, махуэшхуэ концерт зэхаублэ, музейхэм гъэлъэгъуныгъэр къыщызэрагъэпэщ,  адыгэ джэгухэр зэхашэ. Мы гъэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, коронавирусым и зэранкIэ Iэтауэ ныпым и махуэр и зэманым дгъэлъэпIэн тлъэкIынукъым. Ауэ, Тхьэм жиIэмэ, илъэсыр имыкI щIыкIэ екIуу, дахэу абы ехьэлIа  махуэшхуэр къызэдгъэпэщынщ.

Нобэ къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым щыпсэу ди  лъэпкъэгъухэм щэнхабзэр, тхыдэр, гъуазджэр хуэсакъыу яхъумэ, дэни щагъэлъагъуэ. Апхуэдэу щыпсэу къэралхэм зегъэужьыным,  егъэфIэкIуэным я зэфIэкI ин халъхьэ. Адыгэ Хасэхэр нэгъуэщI жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэм, къэрал къулыкъущIапIэхэм купщIафIэу ядолажьэ. Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ, удэзыхьэх, Iуэхугъуэ щхьэпэ куэд ялэжь. Абы папщIэ хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм  фIыщIэ ин яхудощI.

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!  Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гуапэу  сынывохъуэхъу Адыгэ ныпым и махуэмкIэ!

Тхурехъу Адыгэ ныпым и махуэшхуэр угъурлы! Ирегъагъэ ди Хэкур, адыгэ лъэпкъыр! Иребыдэ лъэпкъхэм  я  зэныбжьэгъугъэр!

Мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIэкIуэныгъэ унагъуэ къэс фиIэну Тхьэм жиIэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм   и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

 

 

 

Related posts

Leave a Comment