Лъэпкъ Iуэху
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэхуэсыр Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ирагъэхьэлIэри, дыгъуасэ видеоконференц щIыкIэм тету къызэрагъэпэщащ. Онлайн жыпхъэм иту видеоконференцэр иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу зэIущIэм хэтащ КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Бахъсэн къалэ округым и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, КъБКъУ-м и проректор Къущхьэ Хъусен, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м ит Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий, ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу Къуэдзокъуэ Анатолэ, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэхэу Бырсекъуэ Орфан, Щоджэн Iэминат, Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир, КАФФЕД-м и гуащэ Мамхэгъ Илдыз, Израилым щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Нэпсо Закариерэ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Тхьэухъуэ Зухьеррэ, Германием щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затийрэ ДАХ-м и вице-президент ДыщэкI Эртанрэ, Сирием щыIэ Адыгэ ФыщIэ Хасэм хэт Къэбэрдей Аднан, Урысейм и хэгъэгухэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан (Адыгей), Аслъэн Алий (КъШР), Дербит Валерийрэ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт ХьэбытIэ Вячеславрэ (Осетие Ищхъэрэ-Алание), Шыбзыхъуэ Юрий (Ставрополь край), КIэкIыхъу Мэжид (Краснодар край), ЩIалэгъуалэ Хасэм къыбгъэдэкIыу Жу Тимуррэ Борэ Эльдаррэ, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм псоми чэзууэ къыщаIуэтащ зыщыпсэу къэралхэм елъытауэ я Iуэху зыIутыр; коронавирус уз зэрыцIалэм зригъэува щытыкIэ гугъум зэрехъулIэр; я Хасэхэм блэкIа пIалъэм къриубыдэу ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр; апхуэдэуи тепсэлъыхьащ Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм, тхыдэм ириплъэжкIэрэ дяпэкIэ лъэпкъым и зыужьыныгъэм, зэкъуэтыныгъэм теухуауэ яIэ мурадхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ яубзыхуащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.