Новости

Адэжь хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу

Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щопсэу зэман зэщымыщхэмкIэ къэкIуэжа адыгэхэр Тыркум, Сирием, Югославием, Израилым, Германием, Америкэм къикIыу. Хабзэ зэрыхъуам тету, шыщхьэуIум и 1-м Адэжь хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр игъэлъэпIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм.

Мы гъэм екIуэкI узыфэм и зэранкIэ, адрей илъэсхэм хуэдэу ди къуэш псори зэхуамышэсыфами, ДАХ-м и IуэхущIапIэм къекIуэлIат къэзыгъэзэжахэм ящыщ нэхъ жыджэрхэр. Ахэр хуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий икIи щыIэ гугъуехьхэм, хэкурыс хъужахэр зыгъэгушхуэхэм тепсэлъыхьащ. Сэхъурокъуэм жиIащ нобэкIэ къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху мини 3-м щIигъу, Адыгэ Республикэм цIыху мини 2 къызэритIысхьэжар, абыхэм псэун Iуэху зэрызэрахуэр, зыхуэныкъуэхэмкIэ зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр, къэхъуапсэ щыIэмэ, къэкIуэжынымкIэ сэбэп зэрыхъунур.

Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу унагъуэ 40-м ДАХ-м къыбгъэдэкI ерыскъыхэмрэ саугъэт гукъинэжхэмрэ я унэхэм хуашащ. Апхуэдэуи курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ хэкум къыщызуха ныбжьыщIи 9-м щIыхь тхылърэ саугъэткIэ хуэупсащ Сэхъурокъуэр икIи дяпэкIэ зытеувэну гъащIэ гъуэгуанэр насыпыфIэ, угъурлы яхуэхъуну ехъуэхъуащ.

— Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ,  си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу си гуапэу сынывохъуэхъу зи Хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэ лъапIэмкIэ. Илъэс къэс нэхъ куу мэхъу а махуэшхуэм и мыхьэнэр. Дунейм и сыт хуэдэ  щIыпIэ адыгэхэр щымыпсэуми, ахэр я адэжь хэкумкIэ къоплъэ. Дыщыгугъынщ дяпэкIэ нэхъыбэм къагъэзэжыну, я лъэпкъхэм, къуэшхэм къахэтIысхьэжыну. ГугъапIэ, насып, узыншагъэ быдэ фиIэну, фи унагъуэхэм  зэгурыIуэныгъэ, ефIэкIуэныгъэ илъыну Тхьэм жиIэ! Лъэпкъ узыншэ Тхьэм дищI,- къыпищащ адэкIэ ДАХ-м и тхьэмадэм.

Related posts

Leave a Comment