Новости

Ирегъагъэ, ирефIакIуэ  адыгэ (шэрджэс) лъэпкъыр!

 Ди  лъэпкъэгъу лъапIэхэ!
Ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ!

ФокIадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэщ!  Ди махуэшхуэр махуэгъэпсым къызэрыхыхьэрэ  куэд щIакъым.  Ауэ адыгэхэр (шэрджэсхэр) лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ди къуэпсыр жыжьэ къыщожьэ, ди тхыдэр къызэрымыкIуэу бейщ. Ди лъэпкъым къыхэкIащ дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхушхуэхэр-щIэныгъэлIхэр, лIыхъужьхэр, тхакIуэхэр, сурэтыщI Iэзэхэр, генералиссимусхэр.
Адыгэхэр (шэрджэсхэр) дунейм и сыт хуэдэ щIыпIэ щыпсэуми, лъэпкъ зэхуэмыдэ дапщэм яхуэзэми я бзэр, адыгагъэр, зыми емыщхь хабзэ гъуэзэджэхэр яхъумэжын яхузэфIокIыр. Мы махуэр и щыхьэтщ  лъэпкъ тхыдэр хъумэным, абы и къэкIуэнум хуэсакъыу дызэрыбгъэдыхьэм,  дызыхэс лъэпкъхэмрэ дэрэ  дяку пщIэ, нэмыс дэлъу дыкъызэрызэдэгъуэгурыкIуэм.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи  си  гуапэу  сынывохъуэхъу Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэмкIэ!
Мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIэкIуэныгъэ унагъуэ къэс фиIэну Тхьэм жиIэ!
Ирегъагъэ, ирефIакIуэ  адыгэ (шэрджэс) лъэпкъыр!
Иребыдэ лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэр, зэныбжьэгъугъэр!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм  и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment