Новости

ФокIадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэр ягъэлъапIэ

Адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ зоIэбэкIыжри, Китайм, Мысырым, Къэжэрым я гугъу умыщIмэ, адыгэхэм я блэкIам елъытауэ, дэтхэнэ зы хэкуми зи гугъу ящIхэр дыгъуасэрей хъыбарщ.

Адыгэхэр нэгъуэщI телъыджэ гуэркIи псоми къахощ: ахэр зэрыпхъуакIуэм и унафэ зэи щIэтакъым. ИкIуэтащ, къуакIэбгыкIэхэм зыщагъэпщкIуащ, къаруушхуэкIэ ираудыхащ, ауэ къатегуплIахэм я хабзэхэм фIэлIыкIа мыхъумэ, зызыхуагъэщхъа къару щыIэкъым. Дызэрыт лъэхъэнэми ахэр, я хабзэ зэрахьэжу, я нэхъыжьхэм я унафэ щIэту мэпсэу. Мы лъэпкъыр гъэщIэгъуэн зыщI Iуэхущ мыри: щIы хъурейм тет дэтхэнэ лъэпкъри и тхыдэ жыжьэм зэбгъэплъэкIыжмэ, адыгэхэм я закъуэщ щхьэхуиту зэрыщытам щыхьэт техъуэфу къахэкIынур.

БжыгъэкIэ куэд мыхъухэми, я щIыналъэм апхуэдизкIэ купщIэшхуэ ехъумэри, пасэрей

цивилизацэхэм а лъэпкъыр фIы дыдэу щацIыху. Адыгэхэм я гугъу ящI Геродот, Флакк, Помпоний, Страбон, Плутарх сымэ хуэдэ тхакIуэ щэджащэхэм.

Илъэс минитIрэ щищым щIигъуауэ дунейм нэхъ лъэрызехьэу тета тепщэхэм щахъумэфа хуитыныгъэм и лIыхъужь пшыналъэщ абыхэм я IуэрыIуатэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр.

«Глисон и cурэт журнал», Лондон. 1854 гъэ

Макъамэр Даур Аслъэн,псалъэхэр IутIыж Борис  яйщ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Гимн

Адыгэ хэку Iумахуэу

Iуащхьэмахуэ зи дыщэ таж,

Тхьэ ину псомкIи захуэм

Тыгъэ махуэу укъыдитащ.

Ежьу:

Хэкур зыгъэхэкури,

Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъри

Ахэр псэм пэзыщIхэрщи,

Ди псэр ди Iэнэгурэ,

Ей,

Адыгэгур диIэу дывгъэпсэу!

 

Хэкукъутэр зи Iэужьхэм

Дунеижьым дытрапхъащ.

Дыпсэуми зэпэжыжьэу,

Адэжь хэкум псэкIэ депхащ.

Ежьу

ЩыIэхукIэ адыгэбзэр

Ди лъэпкъ дыщэр

мыкIуэдыжын.

ЗыIутым адыгэпсэ

Адыгэбзэр ихъумэжынщ.

Ежьу

Ди тхыдэм дэ къыдетыр

Гъэ мин гъащIэм дерс

къытхуэхъун:

Адыгэу дунейм тетыр

ЗылI и быну дызэкъуэтынщ.

Ежьу:

Хэкур зыгъэхэкури,

Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъри

Ахэр псэм пэзыщIхэрщи,

Ди псэр ди Iэнэгурэ,

Ей,

Адыгэгур диIэу дывгъэпсэу!

Related posts

Leave a Comment