ХЪУЭХЪУ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикам и Iэтащхьэ
КIуэкIуэ К. В. Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм
ЗЭРЕХЪУЭХЪУР
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Пщэдей ди республикам игъэлъэпIэнущ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр. Къызэрыхалъхьэрэ куэд мыщIа а махуэшхуэр и щыхьэтщ адыгэхэм лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъу я тхыдэм, лIакъуэ куэдым зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм. Ар щытщ, адыгэхэм я мызакъуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыгум мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ яку дэлъу щызэдэпсэу адрей лъэпкъ псоми я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу. Дэ ди къалэныр а фIыгъуэ мылъытэр тхъумэнырщ, ар къытщIэхъуэ щIэблэхэми зэIэпахынырщ.
Адыгэхэм я тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ лъэпкъ куэд зэрыс Урысейм и блэкIам. Дунейм и дэнэ щIыпIэ адыгэхэм ящыщхэр нобэ щымыпсэуми, абыхэм пщIэшхуэ хуащI социально-экономикэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ адыгэхэм заужьыным, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ я лъэпкъ хьэл-щэнхэмрэ хабзэхэмрэ хъумэным, хамэ къэралхэм щыпсэу я хэкуэгъухэм адэжь щIыналъэм пыщIэныгъэ къыхуаIэным хуэгъэзауэ Урысей къэралыгъуэм зэфIигъэкIахэм, ноби зэфIигъэкIхэм.
Шэч къытесхьэркъым а махуэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным и дамыгъэу, псоми ди зэхуэдэ псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэу зэрыщытынум.
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу а гуфIэгъуэ махуэшхуэмкIэ икIи узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, насыпрэ зэIузэпэщыгъэрэ фиIэну си гуапэщ.