Новости

Iуэху щхьэпэ

Мазэм нэблэгъащ Тыркум, Германием, Иорда­нием, Сирием, Израилым, ­Тунисым, Финляндием щы­псэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэмрэ урысыбзэм­рэ щаджу пэIудза курсхэр зэрызэхашэрэ. Ар къызэ­ригъэпэщащ КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм. ЖыIэпхъэщ мыпхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр къызэгъэпэщыныр министерствэм и дежкIэ зэримыщыпэ лэжьыгъэр. Ап­хуэдэу, ипэIуэкIэ Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэхэр щрагъаджэ курсхэр къы­зэрагъэпэщат Дунейпсо Адыгэ Хасэм дэщIыгъуу.
АдыгэбзэмкIэ дерсхэр ирегъэкIуэкI Табыщ Мурат, урысыбзэр ярегъэдж Що­джэн Iэминат. Дауи, тыншкъым къэрал зыбжанэм щыпсэу адыгэхэм хъыбар ябгъащIэу егъэджэныгъэм къепшэлIэну. Мы Iуэхум и ­гуащIэ хилъхьащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. ГъэзэщIакIуэ гупым и иужьрей зэхуэсым абы за­хуигъэзащ зи цIэ къитIуа къэралхэм я Хасэ тхьэма­дэхэм икIи къыхуриджащ бзэхэр яджыну гукъыдэж зиIэу ди лъэпкъэгъу­хэм яхэ­тыр курсхэм кърашэлIэну.
Интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу пэIудзауэ бзэ­хэр зрагъэщIэну Iэмал зэрагъуэтар хуабжьу ягу ирихьащ ди лъэпкъэгъухэм. Тыркум щызэхэт КАФ­ФЕД-м, Германиемрэ Иорданиемрэ щыIэ «Адыгэ Хасэхэм» я лIыкIуэхэм яху­зэфIэкIащ ­зэман кIэщIкIэ хъыбарыр щIыпIэ куэдым щызэлъагъэIэсыныр, курсхэм къы­хыхьэну гукъыдэж зыщIахэр гупу зэхэшэныр. Апхуэдэу, проектым къигъэлъэгъуа цIыху 90-м и пIэкIэ мы зэ­маным гупхэм еджакIуэу хэтыр цIыху 210-рэ мэхъу. Къызэгъэпэща­кIуэхэм зэ­рыжаIамкIэ, къы­хыхьэну ­хуейхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэт. Абы къы­хэкIыу, мы курсхэр иухмэ, адэкIи къыпащэну я гугъэщ.
Программэр сыхьэти 104-уэ (адыгэбзэмкIэ сыхьэт 52-рэ, урысыбзэмкIи сыхьэт 52-рэ) зэхэлъщ. Дерсхэр щрагъэкIуэкIыр ZOOM интернет утыкурщ. ЖыпIэнурамэ, мыпхуэдэ щIыкIэкIэ бзэр ебгъэджыныр тыншкъым, методикэ щхьэхуэ хуейщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэхэм яхузэ­фIэ­кIащ дерсхэр куп­щIа­фIэу, удихьэхыу еджакIуэхэм я пащхьэ иралъхьэну. Апхуэдэурэ гъэщIэгъуэну екIуэкI дерсхэм къыхыхьэхэр нэхъ мащIэ хъуркъым, еджакIуэхэми жэуаплыныгъэ яхэлъу, жыджэру холэжьыхь. Курс­хэр и кIэм нэсмэ, абы къекIуэлIахэм экзамен къы­Iахынурэ зэреджамкIэ щы­хьэт тхылъхэр (сертификатхэр) иратыжынущ.
Мы лэжьыгъэр щыщщ ди лъэпкъэгъухэр хэкум къе­шэлIэжынымкIэ Урысей Федерацэм щыIэ программэм. Дыхуейт мы курсхэм къекIуалIэ ди лъэпкъэгъу­хэм ящыщ куэдым адэжь лъахэм къагъэзэжыну мурад ящIыну, абыхэм къащIэхъуэну щIэблэм я анэ­дэлъхубзэр яIурылъу Хэкум и цIыху хъужыну.

КЪАРЭНАШЭ Iэминат.

Related posts

Leave a Comment