Новости

ДАХ-м и Хасащхьэм и зэIущIэ

Дыгъазэм и 18-м ДАХ-м и Хасащхьэм и зэIущIэ ИнтернеткIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Тырку, Иордание, Сирие, Европэ, Израиль  къэралыгъуэхэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр, РСО-Алание республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм щыIэ хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.

ДУНЕЙПСО Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къызэIуихри, ЩIы хъурейр зыгъэгузавэ узым Урысеймрэ адыгэ лъэпкъымрэ щихъумэну, пэлъэщыну гугъэ зэриIэр жиIащ. Абы фIыщIэ яхуищIащ уз бзаджэм ебэнхэм, пандемием и зэран зэкIахэм защIэзыгъакъуэхэм. Апхуэдэуи ДАХ-м хэтхэр къыхуриджащ псоми я зэхуэдэ гузэвэгъуэм пэщIэтынымкIэ дэтхэнэми хузэфIэкIыр хилъхьэну.

«Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм 2020 гъэм ящIамрэ зэфIахахэмрэ теухуауэ япэу къэпсэлъащ КъАХ-м и тхьэмадэ, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы и гугъу ищIащ хасэм илъэс куэд щIауэ ехъулIэу иригъэкIуэкI «Си бзэ — си псэ, си дуней», «Адыгэ пщащэ» зэпеуэхэм. Гъэ кIуам щыщIэдзауэ абыхэм къахэхъуащ «Адыгэ щауэ» зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэныр. Апхуэдэу КъАХ-м и фIыгъэкIэ адыгэхэм хуэгъэпса тхылъ куэд дунейм къытехьащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм иджыблагъэ къыдигъэкIащ лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм теухуауэ хъыбар кIэщI щызэхуэхьэса Адыгэ махуэгъэпсыр, мыгувэу махуэгъэпсыр урысыбзэкIэ хьэзыр хъунущ.

Мухьэмэд къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ илъэс куэд щIауэ КъБР-м («Адыгэ псалъэ»), КъШР-м («Черкес хэку»), АР-м («Адыгэ макъ») къыщыдэкI газетхэм илъэсым плIэ номер зэгуэт зэрагъэхьэзырыр, мы гъэм абыхэм къагухьащ Тыркум къыщыдэкI «Жьынэпс» газетри. Иджыблагъэ абыхэм дунейм къытрагъэхьащ коронавирус уз бзаджэм пэщIэт дохутырхэм ятеухуа къыдэкIыгъуэ.

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу, 2020 гъэм «Хэкум и фIыщIэ» (дыжьын, гъуаплъэ) медалхэр ягъэхьэзыращи, мыгувэу зыхуагъэфэщахэм ахэр Iэрагъыхьэжынущ.

КАФФЕД-м (Тырку Республикэ) и унафэщI Мамхэгъ Йылдыз и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ, цIыхухэм я деж щрагъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэм ипкъ иткIэ, къэблагъэ зэманым зэрылэжьэну план зэрызэхагъэувар. Абы жиIащ хасэм къедзылIа и къудамэхэм хэти нэхъыфIу, хэти нэхъ мащIэу арэзы укъищIу лажьэми, псоми я гур хэкумкIэ къызэрыгъэзар. Ар тепсэлъыхьащ хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ я щIэблэр нэхъыбэу, нэхъ гъунэгъуу зэрыгъэцIыхун зэрыхуейм, ар лъэпкъым и зэпыщIэныгъэм хуэщхьэпэну зэрыщыгугъыр. Йылдыз жиIащ КАФФЕД-м и лэжьыгъэм щIалэгъуалэр къыхэшэным, ахэр лъэпкъ Iуэхум драгъэхьэхыным ерыщу яужь зэритыр.

 Адыгэ Республикэм и «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан зэрыжиIамкIэ, илъэс къэси хуэдэу, абыхэм Адыгэ лъэпкъым ехьэлIа махуэхэр гулъытэншэ ящIакъым.

Онлайн жыпхъэм иту Адыгэ тхыбзэм и махуэм концерт инхэр, конференцхэр, «стIол хъурейхэр» зэхашащ. Бзэр, лъэпкъ хабзэр яхъумэн, абы щIэблэр драгъэхьэхын мурадкIэ хасэм зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэригъэпэщащ, адыгэ тхылъхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтащ. Адыгэхэм я ЩыгъуэщIэж махуэм фэеплъ сыным удз гъэгъахэр тралъхьэри, я лъэпкъэгъухэм ИнтернеткIэ зыхуагъэзащ. КъекIуэкI узыфэм и зэранкIэ унэм къыщIэмыкIыф нэхъыжьхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм папщIэ къызэрагъэпэща псапащIэ Iуэхухэм хасэр жыджэру хэтащ.

«Адыгэ хьэщIэ егъэблагъэкIэм и хабзэхэр тхъумэу» проект гъэщIэгъуэн утыку кърихьат 2020 гъэм хасэм. Джигитовкэ, шыгъажэ, шабзэ зэпеуэхэр, нэгъуэщI куэдкIи зэхьэзэхуащ КъБР-м, КъШР-м, Краснодар щIыналъэм къикIа шууейхэр. Хасэм и гуащIэ хилъхьащ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Аиссе» романым тращIыкIа фильмыр щытрахым.

Илъэсым зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм адэкIэ тепсэлъыхьащ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэу: Аслъэн Алий (КъШР), Вэрокъуэ Зэти (Германие), Нэпсо Зэчрей (Израиль) Къардэн Самир (Иордание), КIэкIыхъу Мэджид (Шапсыгъ щIыналъэ), Факъуэ Руслан, ХьэбытIэ Вячеслав (Мэздэгу), Шыбзыхъуэ Юрий (Ставрополь) сымэ.

ДАХ-м и комитет зыбжанэм я тхьэмадэхэми 2020 гъэм ялэжьар утыку кърахьащ. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ хасэхэми абыхэм я къудамэхэми я лэжьыгъэм коронавирусым и зэран зэрекIар.

Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэрэ урысыбзэрэ зэрырагъащIэм теухуауэ щытащ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминатрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Табыщ Муратрэ я къэпсэлъэныгъэр.

МазитI ипэкIэ ирагъэжьа Iуэхум ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал имыIэу зиубгъуащ. Тыркум, Германием, Иорданием щыщу гуп щхьэхуэхэр зэрагъэпэщауэ ехъулIэу мэлажьэ. Иджыпсту ирагъаджэр цIыху 210-рэ мэхъу, ауэ абыхэм къахэхъуэ зэпытщ. Щоджэн Iэминат фIыщIэ яхуищIащ а Iуэхур къезыхьэжьахэми ар ипэкIэ ягъэкIуатэу мылъкукIэ закъыщIэзыгъэкъуахэми.

Табыщ Мурат къыщыпсалъэм жиIащ коронавирусым и зэранкIэ я лэжьыгъэр зэрызэпымыуар, уеблэмэ ар ИнтернеткIэ ехъулIэу зэрырахьэкIыр. Адыгэбзэ зэзыгъащIэ гупхэр ныбжькIэ, бзэ зэраIурылъ елъытауэ зэхэхауэ ирагъаджэ. МазитIым къриубыдэу абыхэм яхузэфIэкIащ макъхэр къапсэлъу, псалъэхэр зэпагъэувэу, тхыгъэхэм къеджэу ягъэсэн, тхыгъэ кIэщI цIыкIухэр езыхэм къагупсысри зэхагъэувэж. Я лэжьыгъэм и щыхьэту абыхэм ирагъаджэхэм ящыщ зы щIалэ нэрылъагъуу къагъэпсэлъащ.

КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор жиIащ мы гъэм проектым зэрызиубгъуам къызэрымыкIуэу зэрыщыгуфIыкIыр, лэжьыгъэм хуаIа мурадхэр къазэрехъулIар. Ар къэлъытауэ, 2021 гъэм а дерсхэм министерствэм хухих сыхьэт бжыгъэр, Iэмал зэриIэкIэ, нэхъыбэ ищIыну къигъэгугъащ.

Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ Урысей Федерацэм щIэуэ къыщащта Конституцэм и 68-69-нэ статьяхэм лъэпкъыбзэр хъумэн, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я анэдэлъхубзэр зэрагъэщIэнымкIэ защIэгъэкъуэн хуейуэ зэритыр узыщыгуфIыкIын Iуэхуу, а унэтIыныгъэмкIэ лэжьыгъэр егъэфIэкIуапхъэу къызэрилъытэр.

 Хасащхьэм хэтхэр а зэIущIэм щыхэплъащ ДАХ-р илъэс дызытехьэм зэрылэжьэну планым, икIи ар лъабжьэу къащтащ, ауэ гупсысэ хэха зиIэхэм щIышылэм и кум фIэмыкIыу тхауэ къагъэлъэгъуэну зэман яIэщ.

Мы зэIущIэм щызэгурыIуащ ДАХ-м и XIII Зэхуэсышхуэр 2021 гъэм фокIадэм и 20-м ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIыну. А махуэм ягъэлъэпIэнущ Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур. Абы и къызэгъэпэщакIуэ гупыр илъэсыщIэм хасэм иригъэкIуэкIыну япэ зэхыхьэм къыщыхахынущ.

 ДАХ-м и Конгрессымрэ абы хыхьэ «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я хэхыныгъэхэр щекIуэкI пIалъэкIэ зэрызэтемыхуэм и зэранкIэ къэхъу зэIумыбзхэр щымыIэн папщIэ, Зэхуэсышхуэмрэ хасэхэм я хэхыныгъэхэмрэ зэтехуэу ирагъэкIуэкIыну зэIущIэм Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщыхилъхьащ. ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу Къуэдзокъуэ Анатолэ абы и IуэхукIэ хэкIыпIэу щыIэхэр гурыIуэгъуэу яхузэпкърихащ. Абы жиIащ Конгрессым ирихьэлIэу къызыхуэтыншэу зыхуагъэхьэзырын зэрыхуейр, хабзэм (уставым) зэхъуэкIыныгъэ халъхьэнумэ, абыкIи зэчэнджэщу зыхуеину тхылъымпIэхэр хьэзыр ящIыну. Къуэдзокъуэм Хасащхьэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ УФ-м и хабзэхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, ДАХ-м и Уставыр яхъуэжын хуей зэрыхъур. Апхуэдэ щытыкIэ итщ хамэ къэрал щылажьэ хасэхэри.

Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хэкум къызэрыкIуэжыфынум ехьэлIауэ нэхъыбэрэ къэув упщIэхэм я жэуап иритащ КIурашын Анзор. Абы къигъэлъэгъуащ Федеральнэ закон №99-м къигъэув хабзэхэр. Япэрауэ, Урысейм и къэралыбзэ пIурылъыпхъэщ. УФ-м ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм хэпщIыкIын, УФ-м щекIуэкI хабзэхэм ущыгъуазэу, абыхэм арэзы уатехъуэу щытыпхъэщ. Апхуэдэуи хэкум къэкIуэжыну хуей хэхэсым дежкIэ щхьэпэщ, абы и нэхъыжьхэр хэкум щыпсэуауэ щыхьэт къигъэлъагъуэфмэ. КIурашын Анзор Хасащхьэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ а IуэхумкIэ зэIумыбзу щыIэр Iуахын папщIэ УФ-м и законым тету, хэкум укъызэрыкIуэжыфыну щIыкIэр, узыхуеину тхылъымпIэхэр, къыпщхьэпэну Iуэхугъуэхэр зэхэхауэ «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэм видеонэтын кIэщI зэращIар. Узыхуеину тхылъымпIэхэм я жыпхъэр уагъэлъагъуурэ, адыгэбзэкIэ гурыIуэгъуэу пщIэн хуейхэр къыбжаIэ, урысыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ зэдзэкIауэ и лъабжьэм кIэщIэтщ.

Хасащхьэр тепсэлъыхьащ хасэм и Iуэхур, и лэжьыгъэр ипэкIэ зэрагъэкIуэтэну Iэмалхэм. Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэр къыхуриджащ нэхъыбэу зэрыщIэу, зэдэIэпыкъуу, гукъеуэр япэ ирамыгъэщу, зэдэууэ ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэу щыт лъэпкъ Iуэхум хуэлэжьэну.

ЗэIущIэм и кIэухым ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий Хасащхьэм хэтхэм къэблагъэ ИлъэсыщIэмкIэ ехъуэхъуащ. Узыншагъэ, берычэт, зэгурыIуэ унагъуэхэр, къэралхэр, адыгэ лъэпкъыр щымыщIэну захуигъэзащ.

ЩОМАХУЭ Залинэ

Related posts

Leave a Comment