Новости

МахуэшхуэмкIэ! 2021 ИлъэсыщIэмкIэ!

Си лъэпкъэгъу  лъапIэхэ!

 Си къуэшхэ, си шыпхъухэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гуапэу сывохъуэхъу ИлъэсыщIэ къэблагъэмкIэ!

Узыншагъэ быдэ, гуфIэгъуэ куэд, ехъулIэныгъэ, гукъыдэж дахэхэр ИлъэсыщIэм къыфхуздихьыну Тхьэм жиIэ! Дэтхэнэ унагъуэми мамырыгъэ, гуфIэгъуэ  ирелъ.

ИрефIакIуэ, ди лъэпкъ дахэр! Иребыдэ лъэпкъхэм я  зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэшыныгъэр!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment