Бабыгу Эргун
Егъэлеяуэ ди гуауэ хъуащ Бабыгу Эргун зэрыщымыIэжым и хъыбару къытIэрыхьар.
Бабыгу Эргун жылагъуэ зэгухьэныгъэм илъэс куэдкIэ хэлэжьыхьащ, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым КАФФЕД-м и лIыкIуэу жыджэру хэтащ.
И псэ емыблэжу, къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэр, и щэнхабзэр ихъумэу, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэпыщIэным хилъхьа гуащIэдэкIыр инщ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм, ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр дунейм ехыжа Бабыгу Эргун и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ дахуогузавэ.
Алыхь талэм долъэIур дунейм ехыжам гущIэгъу къыхуищIыну, и гуэныхьхэр къыхуигъэгъуну.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ
Сэхъурокъуэ Хьэутий