Новости

Хъуэхъу

Гугъэмрэ хъуапсэмрэ я махуэшхуэм

Ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ!
Ди къуэшыфIхэ, ди шыпхъу дахэхэ!

Илъэс зыбжанэ хъуащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэшхуэр, фокIадэм и 20-р, лъэпкъ махуэгъэпсым къызэрыхэувэрэ, ар дгъэлъапIэ зэрыхъурэ. КъызыхэкӀа лъэпкъым ирипагэ дэтхэнэ зы цӀыхури ирогушхуэ Хэку зэриIэм, анэбзэ зэрыIурылъым, нэхъ лейуэ йогупсыс и адэжьхэм къакIуа гъуэгуанэм.

Адыгэм щIэгушхуэн тхыдэ иIэщ, щызэплъэкIыжкIи щапхъэ ищI хъун куэди хэлъщ. Пэжщ, ди адэжьхэм я гъащIэ гъуэгуанэр лъэпощхьэпоуншэу щытакъым, Iэджэ гуауи я нэгу щIэкIащ. Ауэ къащIэхъуэ щIэблэм щхьэкIэ псэун зэрыхуейр ящыгъупщакъым. «Гугъэр адэжь щIэинщ» жыхуаIэращи, адыгэм и щыIэныгъэр пщэдейрей махуэхэм хуэгъэпсауэ, и бзэрэ и хабзэрэ къызэрызэтенэным хуэщIауэ, и Хэку дахэр сыт щыгъуи щыIэным телажьэу къекIуэкIащ.

Адыгэхэр щIы хъурейм тепхъауэ псэуми, я лъэпкъыщхьэр зэрахъумэным, я бзэкIэ зэрыпсэлъэным хущIэкъуу дунейм тетщ. Нобэрей махуэр щыхьэт тохъуэ адыгэм и хъуапсэм псэ зэрыхэтым, и гугъапIэхэм ужьых зэрамыIэм. Ди цIыхухэр я щIэныгъэкIэ, я зэфIэкIкIэ, я Iуэху щIэкIэкIэ дуней псом къыщацIыхуащ; я хабзэкIэ, я цIыху щIыкIэкIэ, я щыпкъагъэкIэ дэни ф1ык1э къыщыхощ. ЖыпIэнуращи, дэнэ щIыпIэ щымыIэми, зыхуосакъыж, и пщIэр ехъумэ, емыкIумрэ екIумрэ зэхигъэгъуащэркъым. Шэч хэлъкъым Адыгэ Хабзэрэ адыгэбзэрэ къызыдэгъугурыкIуэ лъэпкъыр зэрымыкIуэдыжынум.

Нобэ ди махуэщIщ, гугъэмрэ хъуапсэмрэ я махуэшхуэщ. Лъэпкъыбэм дыкъызэрацIыхуа ди хъугъуэфIыгъуэ псори ди гъащIэ мылъкущ, ауэ абы фIыкIэ къыхэзыгъэхъуэн, ар зыгъэбэгъуэн, къэкIуэну лъэхъэнэхэм хъеркIэ нэзыхьэсын лъэпкъ дыхъуну Тхьэм жиIэ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу Адыгэм ди махуэшхуэмкIэ, фIыгъуэрэ ехъулIэныгъэрэ къыфхудэкIуэну си гуапэщ. «Узэкъуэтмэ, улъэщщ», жиIащ адыгэм. ДэнэкIи щыIэ ди лъэпкъэгъухэр дызэкъуэту, дызэлъэIэсу, мамырыгъэм дыхущIэкъуу дыпсэуну сохъуахъуэ!
Ирегъагъэ, ирефIакIуэ адыгэ (шэрджэс) лъэпкъыр!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ
СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

Related posts

Leave a Comment