Ди лъэпкъэгъухэр дэни щызэкъуегъэувэ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм игъэлъэпIащ Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм мы гъэм етхуанэу гъатхэпэм и 14-м иригъэкIуэкIа «Адыгэ Iуэрытх-2023» Iуэху дахэм къыхэжаныкIа егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, нэгъуэщI IэнатIэхэм щылажьэхэр. Ар хуэгъэпсащ ди лъэпкъыбзэр хъумэным, абы и пщIэр къэIэтыным, зегъэужьыным, нэхъри егъэфIэкIуэным. Анэдэлъхубзэм и пщэдейм игъэгузавэ цIыху куэд хэтащ мы Iуэхум.
— Ныбжьэгъу лъапIэхэ, ди нэхъыжьыфIхэ, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Зэхыхьэ гуапэм зыкърезыгъэхьэлIа дэтхэнэми къыдгуроIуэ лъэпкъым зиужьын, ди пщэдейр дахэу щы-тын папщIэ нэхъыщхьэр ди бзэр, хабзэр, нэмысыр тхъумэжыныр зэрыарар, — жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — ЗэрытщIэщи, нэхъыжьыфI зимыIэм нэхъыщIэфI къыщIэхъуэркъым. Анэдэлъхубзэм зезыгъэужь, ар зыхъумэ, абы телажьэ нэхъыжьхэр ди мащIэкъым! Апхуэдэщ пшыхьым къедгъэблэгъахэу КIурашын Андзор, Езауэ Андзор, Дзэ-мыхь Къасболэт, ГъукIэпщокъуэ Мурат, Хъурей Феликс, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Иуан Пётр, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, БакIуу Хъанджэрий, Гъут Iэдэм, Жыласэ Заурбэч, Тэтрокъуэ Астемыр, Щхьэгъэпсо Сэфарбий сымэ, нэгъуэщIхэри. Дэтхэнэми фIыщIэ фхуэфащэщ!
Сэхъурокъуэр тепсэлъыхьыжат адыгэхэр жыджэру зыхэт, лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ «Адыгэ Iуэрытх» Iуэху дахэр къызэрыхалъхьауэ щытам икIи фIыщIэ яхуищIащ ар къадэзыIыгъхэм. Апхуэдэхэщ республикэм щIэныгъэ нэхъыщ-хьэ щрагъэгъуэт и еджапIэхэр, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ пыщIа IуэхущIапIэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр. Мы гъэм ар зэпэIэщIэуи зэхыхьэ жыпхъэм итуи ирагъэкIуэкIащ. IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм емыкIуэлIэфынухэм иджырей технологием и зэпыщIэныгъэхэмрэ Iэмалхэмрэ къагъэсэбэпыну, ДАХ-м и сайтым, интернетым щиIэ напэкIуэцIхэм апхуэдэхэм я щIэныгъэр къыщапщытэну къызэрыхураджар. Iуэхум хэтащ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, УФ-м и щIыналъэ 43-м, Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Голландием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, абы и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я IуэхущIапIэ щитIым Iуэрытхыр (диктантыр) щрагъэкIуэкIащ. Нэхъыбэ щызэхуэсащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ мэкъумэш къэрал университетым. Псори къызэщIэпкъуэжмэ, абы цIыху минипщIым нэблагъэ къызэщIигъэуIуащ, интернет Iэмалым и нэтын занщIэкIэ къата Iуэрытхыр цIыху 300-м щIигъум ятхащ.
Iуэху дахэм зэрыхэтам щыхьэт техъуэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъыр иратыжащ Iуэрытхым хэтахэм ящыщу адыгэ тхыбзэм нэхъ хуэIэзэу къалъытахэм. Ар хуагъэфэщащ цIыхуи 100-м нэблагъэм. Абыхэм яхэтщ къэрал къулыкъущIэхэр, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ пыщIа IэщIагъэлIхэр, школ унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, студентхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
— Илъэс зыбжанэ хъуауэ мы Iуэху дахэм сыхэтщи, гу лъызотэ гъэ къэс абы нэхъри зэрызиужьым, хэт цIыхухэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэм, щIалэгъуалэр абы зэрыдихьэхым. ДяпэкIи нэхъри зиужьыну си гуапэщ! — жиIащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и Iэтащхьэ КIурашын Андзор.
КIурашыным министерствэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъ яритыжащ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ ин зэрыхуаIэм папщIэ зыхуагъэфэщахэм. Апхуэдэу республикэм и Iэтащхьэм Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хуигъэфэща фэеплъ медалыр иритыжащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием зэфIиха лэжьыгъэхэм къытеувыIащ Щхьэгъэпсо Сэфарбий. ЩIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтыныр, хьэрычэт Iуэхум зыхэзыгъэгъуэзэну щIалэгъуалэр хамэ къэ-рал еджапIэхэм кIуэнымкIэ ядэIэпыкъуныр, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэныр, къэбэрдей-шэрджэс литературэм и тхыдэр, нэгъуэщI тхылъ щхьэпэхэр къызэрыдагъэкIар жиIащ абы. Щхьэгъэпсо Сэфарбий ЩIДАА-м и бгъэхэIу дамыгъэр зыхуагъэфэща Сэхъурокъуэ Хьэутий иритыжащ.
— Адыгэ Iуэрытхым къыхэжаныкIа егъэджакIуэхэм ящыщ куэд жыджэру хэтащ 90 гъэхэм къыхэтлъхьауэ щыта «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэхьэзэхуэми. Абыи ноби къыпыдощэ. ДяпэкIи Тхьэм фригъэфIакIуэ! Фи щIэблэр, еджакIуэ цIыкIухэр куэду мыпхуэдэ зэхыхьэхэм къыхэфшэфу, я зэфIэкI ягъэлъагъуэу бзэм ирилэжьэну ди гуапэщ! – жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Хабзэ дахэ хъуауэ, ди лъэпкъэгъухэр куэду щыпсэу республикэхэмрэ къэралхэмрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщ Дунейпсо адыгэ Iуэрытхыр и щыхьэтщ бзэр зэрыгъунапкъэншэм, абы дэнэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри зэрызэкъуигъэувэм. Лъэпкъым и цIыху пажэхэр, бзэмрэ хабзэмрэ зи псэм щызыгъафIэ хэкупсэхэр къызэщIэзыубыдэ а Iуэху дахэр зи жэрдэм Дунейпсо Адыгэ Ха-сэм анэдэлъхубзэмкIэ и къудамэм абы дяпэкIи къыпищэну, диктант мыхъуу, лъэпкъым и Iуэху зэIумыбзхэм, и зыужьыныгъэм теухуа гупсысэхэр къыщыхьа сочиненэ яригъэтхыну и мурадщ. Iуэрытхым и мурад нэхъыщхьэщ адыгэб-зэм и пщIэр къэIэтыныр, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр адэкIи егъэфIэкIуэныр, щэнхабзэр хъумэныр.
Пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэу Даур Иринэ, Хьэкъул Оксанэ, республикэм и къэфакIуэхэм, адыгэбзэм теухуа усэ къеджахэу Маргъущхэ Тамерланрэ Иринэрэ, нэгъуэщIхэми.
ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.