Лъэпкъ 1уэхухэм я лъабжьэр
Иджыблагъэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэхэтащ республикэм лъэпкъ зэхущытыкIэхэм я IуэхукIэ зэпымыууэ щылажьэ лэжьакIуэ гупым я зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и премьер-министр Гертер Иван.
Абы къыщаIэтар зы Iуэхугъуэщ – КъБР-м и лъэпкъ политикэм и концепцэм и проектым хэплъэнращ. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Гертер Иван къыхигъэщащ мы Iуэхум республикэм и дежкIэ егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи зэхуэсахэм гу лъаригъэтащ къарурэ зэфIэкIыу яIэр а лъэжьыгъэм ирахьэлIэн зэрыхуейм.
КъБР-м жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я IуэхухэкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Пащты Борис проектым зэпкърыхауэ щытепсэлъыхьым къыхигъэщащ 2011 гъэм республикэм и Iэтащхьэм Парламентым зэрызыхуигъазэм тету лъэпкъ политикэмкIэ концепцэм и проектыр зэхэлъхьа зэрыхъуар. Урысей Федерацэм и лъэпкъ политикэм и концепцэр къыщащтар 1996 гъэращ, абы къызэщIиубыдэжкъым къэралым и нобэрей гъащIэм къигъэув Iуэхугъуэ псори. Аращ республикэм езым и Концепцэ иубзыхужмэ нэхъыфIу къыщIалъытар.
ЗэIущIэм хэтахэми гу зэрылъатащи, КъБР-м лъэпкъ политикэмкIэ и концепцэм къызэщIиубыдэ Iуэхугъуэ псори зэ еплъыгъуэкIэ дэтхэнэри куэд щIауэ щыгъуазэу къыпфIэщIу къызэрыгуэкIщ, ауэ а Iуэхугъуэ къызэрыгуэкIхэр сыт щыгъуи гъэзэщIа зэрымыхъум, ахэр къызэпыудыным хущIэкъу цIыху щхьэхуэхэр, уеблэмэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр пIалъэ-пIалъэкIэрэ къызэрыунэхум ткIийуэ къагъэув Концепцэр зыхуэдэу щытыпхъэр тэмэму убзыхуауэ къэщтэныр. Сыт хуэдэ а зи гугъу тщIы Iуэхугъуэ къызэрыгуэкIхэр? Социальнэ, лъэпкъ, бзэ, дин лъабжьэхэм тещIыхьауэ цIыхум и хуитыгъэхэр ягъэмащIэу хуэмыдэныр, социальнэ, лъэпкъ, дин зэхэгъэжкIэ къаугъэ къэзыIэтыну иужь ит жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щымыгъэIэныр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъхэм зэкъуэту ирахьэкI гъащIэ мамырыр зэтекъутэным телажьэ Iуэхугъуэхэр зыми емыгъэлэжьыныр, зыщыщ лъэпкъым, зэрихьэ бзэм, къызыхэкIам, и мылъку, и къулыкъу щытыкIэм, щыпсэу щIыпIэм, диным, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэм емылъытауэ республикэм щыпсэу цIыхухэм я щхьэхуитыныгъэмрэ хуитыныгъэхэмрэ зэхуэдэу щытыныр… Мис апхуэдэ щытыкIэ къызэрыгуэкIхэр, псори дызэсэжауэ, дгъэзащIэу къытфIэщIыжхэращ Концепцэм къызэщIиубыдэр.
Iыхьи 8-уэ зэхэлъ а тхылъыр зэрагъэхьэзыр зэманым къриубыдэу гукъыдэж зиIэ дэтхэнэри хэплъэу и Iуэху еплъыкIэр къиIуэтэну Iэмал щыIащ икIи абы дыщIагъужамрэ зэхъуэкIыныгъэу халъхьамрэ 145-рэ мэхъу. ИтIани, ар къызэрыпщтэнум нобэ хуэхьэзыру къилъытакъым РАН-м и КъБНЦ-м социально-политикэ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым и унафэщI Борэ Аслъэн. ИкIи абы псом япэ хуэмыхьэзырыр Урысей къэралыгъуэм и Конституцэмрэ законхэмрэщ. Абы къыхэкIыуи, Концепцэр а къэрал хабзэхэм къезэгъыу яубзыхун хуей мэхъу.
— ЦIыхухэм зэрегуакIуэу а Концепцэм хэлъыну зыщыгугъ псори хагъуэтэнукъым. Ауэ аракъым дэ ди къалэн нэхъыщхьэхэр. Дэ Iуэху гугъухэм я хэкIыпIэ хьэзырхэр къэдгъэлъэгъуэн хуейуэ аракъым, атIэ а хэкIыпIэхэр зытещIыхьауэ щытыпхъэ хабзэ-бзыпхъэхэр, псоми зэхуэдэу ягъэзэщIапхъэхэр дгъэувыну аращ, – жеIэ Борэ Аслъэн.
ЗэIущIэм лъабжьэу къыщащтащ КъБР-м и лъэпкъ политикэмкIэ и концепцэм и проектыр. АдэкIэ ар иджыри зэ республикэм къыщыдэкI газетхэм къытрадзэнущ, цIыхубэм щыгъуазэ зыхуащIу дэщIыгъужыныгъэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ къыхалъхьэн папщIэ. КъищынэмыщIауэ, Концепцэм и проектыр егъэфIэкIуэным зэгъусэу елэжьынущ РАН-м и КъБНЦ-м социально-политикэ къэхутэныгъэмкIэ и центрымрэ КъБР-м жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я IуэхухэмкIэ и къэрал комитетымрэ.
ГъущIо Зариф.