Новости

МЧА выражает соболезнования Чек Чичек в связи с кончиной отца

ПщIэ зыхуэтщI Чичек!

 Иджыблагъэ къытIэрыхьа хъыбар гуауэм икъукIэ дигъэнэщхъеящ — дигу щIыхьащ уи адэ Думэн Камал дунейм зэрехыжар.

Адыгэгу, адыгэпсэ зиIэ цIыхуу, адыгэбзэр хъумэным, лъэпкъ культурэм зегъэужьыным хузэфIэкI хилъхьэу щыта Камал зэрыщымыIэжыр хэщIыныгъэшхуэщ ар зыцIыхуу щыта хэкурыс адыгэхэмкIи, зыдэгъуэгурыкIуа ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм я дежкIи.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ хэтхэри сэри фи унагъуэм дыфхуогузавэ икIи Тхьэм дыфхуолъэIу дунейм ехыжам увыIэпIэ дахэ игъуэтыну, къэнахэр куэдрэ фыкIэлъыпсэуну.

 

   Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ               Ажахъуэ Къанщобий

 

 

ДАХ-м и вице-президент,

Истамбыл щы1э Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ

Озмен Орхьан деж

 

 

ИкъукIэ дигъэнэщхъеящ иджыблагъэ къытIэрыхьа хъыбар гуауэм –Думэн Камал дунейм зэрехыжам.

Адыгэгу, адыгэпсэ зиIэ цIыхуу, адыгэбзэр хъумэным, хэхэс адыгэхэм яхъума 1уэры1уатэр зэхуэхьэсыжыным и гъащ1эр тезуухуа Камал зэрыщымыIэжыр хэщIыныгъэшхуэщ ар зыцIыхуу щыта псом я дежкIи.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ хэтхэм къабгъэдэк1ыуи, си щхьэк1и сахуогузавэ дунейм ехыжам и 1ыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ, Хасэм хэту ар зыдэлэжьахэмрэ зыдэгъуэгурык1уахэмрэ

   Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ              Ажахъуэ Къанщобий

Related posts

Leave a Comment