Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ебгъуанэ Конгрессым къыщипсэлъар
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ебгъуанэ Конгрессым и делегатхэмрэ абы и лэжьыгъэм хэтхэмрэ сэлам гуапэ фызох икIи фи зэхыхьэшхуэм лэжьыгъэ тэмэм зэфIигъэкIыну сынывохъуэхъу.
Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщам адыгэ лъэпкъым и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIащ. Нобэ ар зэфIэкI зыбгъэдэлъ, пщIэ зиIэ дунейпсо зэгухьэныгъэ зэрыхъуар жыпIэмэ, егъэлея хъунукъым.
Псори дызыщыгъуазэ гугъуехьхэм щхьэкIэ къэмынэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэр блэкIа илъэсхэм текI имыIэу хуэлэжьащ мамырыгъэмрэ цIыхур фIыуэ лъагъунымрэ яхуэгъэза мурадхэм. Ар икIи гурыIуэгъуэщ, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ плъапIэхэрщ адыгэ щэнхабзэмрэ адыгэ цивилизацэмрэ сыт щыгъуи я лъабжьэр. Адыгэхэм я тхыдэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр и плъапIэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэр Iэдэбу икIи тэмакъкIыхьу толажьэ лъэпкъым и зэхэщIыкIыр къэIэтыным, абы и бзэр, и хабзэхэр хъумэным, тхыдэм и пэжыпIэр зэтегъэувэжыным, лъэпкъ къэщIэрэщIэжыныгъэмрэ дэтхэнэ зы лъэпкъри гъуэгу тэмэмым тету адэкIэ зегъэужьынымрэ ехьэлIа адрей къалэн псори дэгъэкIыным. ДАХ-м иригъэкIуэкI апхуэдэ Iуэху хъарзынэхэр мымащIэми, абыхэм къадэкIуэу къыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейщ адыгэхэм я лъэпкъ, щэнхабзэ къэщIэрэщIэжыныгъэм, лъэпкъым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, дуней псом хуэфащэ увыпIэ щиубыдын папщIэ лъэпкъым хуэлэжьын хуей адрей Iуэхухэм ехьэлIа къалэн нэхъыщхьэхэм дэ иджыри гъунэ зэридмылъар.
Абы къыхэкIыу фи пащхьэ кIэщI дыдэу къислъхьэну сыхуейт адыгэ лъэпкъыр хъумэным, Урысеймрэ зэрыщыту дуней псомрэ иджыпсту щекIуэкI Iуэхухэр къэлъытауэ ди лъэпкъым и зыужьыкIэ хъунур убзыхуным хуэгъэза бгъэдыхьэкIэ зыбжанэм.
Сэ къызэрыслъытэмкIэ, псом япэу къаруушхуэ ехьэлIапхъэщ адыгэхэр нэхъри зэкъуэуда зыщI Iуэхухэр къызэтегъэувыIэным. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ псоми я зэхуэдэ хабзэ мардэхэм тету икIи ди щIыналъэми, зэрыщыту урысей къэралми ис лъэпкъ псоми я сэбэп зыхэлъхэр фIэкIыпIэ имыIэу къэлъытауэ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я къэрал, жылагъуэ, къинэмыщI IуэхущIапIэхэр адэкIи зэпэгъунэгъу щIыным.
ЕтIуанэрауэ, адыгэ лъэпкъым къыпэщыт тхыдэ къалэнхэр щытхудэгъэкIынур демократиемрэ федерализмэмрэ зэпымыууэ зегъэужьыным и гъуэгум тету урысей къэралыгъуэр дгъэбыдэмэщ. Апхуэдэ лэжьыгъэм хэтыныр адыгэхэм я дежкIэ социально-политикэ мыхьэнэ хэха зиIэ къалэну щытыпхъэщ, сыту жыпIэмэ, Урысейм хуэдэу лъэпкъ куэд щыпсэу къэрал иным цIыхум и хуитыныгъэхэр щыхъумэнымкIэ, лъэпкъхэм я этно-щэнхабзэ къыхэщхьэхукIыныгъэхэр къызэтегъэнэнымкIэ шэсыпIэр демократиемрэ федерализмэмрэ я закъуэщ.
Ещанэрауэ, Кавказ зауэм кърикIуахэр, абы щыщу нэхъыщхьэ дыдэр – адыгэхэм я нэхъыбапIэр хамэ къэралхэм зэбгрыдза зэрыщыхъуар – нэсу псоми къыщалъытэнкIэ хъунур дунейпсо хабзэхэм къадэкIуэу, Урысей Федерацэм и законодательствэмрэ ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу къэралхэм я законодательствэмрэ ткIийуэ дытет нэужьщ.
ИкIэм-икIэжым, икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къысщохъу адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэмрэ гупсысэкIэмрэ дуней псом иджыпсту щекIуэкI зыужьыныгъэмрэ щIэныгъэр и лъабжьэу зэгъэзэгъыным. Абы щыгъуэщ IуэхуитIу зэхэлъ къалэн нэхъыщхьэ дыдэр – езым и лъэпкъ щэнхабзэр хъумэжынымрэ дунейпсо зэхъуэкIыныгъэхэм зыхэгъэзэгъэнымрэ – ди лъэпкъым щыхудэгъэкIынур.
ДАХ-м и лэжьыгъэм мыхьэнэ хэха зиIэ и унэтIыныгъэу увын хуейщ ди республикэхэр адыгэхэр зэрыIыгъыу щыпсэу къэралхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрадэлажьэм зегъэужьыным зыщIэгъэкъуэныр.
ИкIи, дауи, икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ДАХ-м и лэжьыгъэр лъэпкъыр зэщIэгъэуIуэжынымрэ зэкъуэгъэувэжынымрэ хуэунэтIауэ щытыным.
Апхуэдэ къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъунур куэдкIэ елъытащ ДАХ-м и унафэщI органхэм я лэжьэкIэм. Нобэ фэ къыфпэщытщ фи ассоциацэм и гъэзэщIакIуэ комитетым хэтхэр щIэуэ хэфхыжыну.
Шэч къытесхьэркъым Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Конгрессым пэжагъ нэс зыхэлъ, зи лъэпкъыр гукIи псэкIи фIыуэ зылъагъу, абы и блэкIам куууэ щыгъуазэ цIыхухэр унафэщIу зэрыхихынум, нобэ къэув къалэн ин дыдэхэр дэгъэкIыным хуэунэтIа унафэ губзыгъэхэр икIи ипэжыпIэкIэ пхуэгъэзэщIэнухэр къызэрищтэнум.
Аргуэру зэ сынывохъуэхъу лэжьыгъэ тэмэм зэфIэвгъэкIыну, хьэщIэкIэ фIы Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм фи гум зыщигъэпсэхуну.