Адыгэбзэ

Хъуэхъу

«Адыгэ Хасэ – КъШР-м и Шэрджэс Парламент» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэ,
ДАХ-м и вице-президент Шэрджэс М. Хь. деж

ПщIэ зыхуэсщI Мухьэмэд ХьэмтIалэ и къуэ!
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ, си щхьэкIэ  къызбгъэдэкIыу си гуапэу сынохъуэхъу илъэс 65-рэ узэрырикъуамкIэ.
Адыгэ псоми пщIэшхуэ зыхуащI жылагъуэ-политикэ лэжьыгъэу уэ ебгъэкIуэкIыр лъэпкъым и зэхэщIыкIыр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ, Урысейми нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хуэунэтIащ. Уэ Къэрэшей-Шэрджэсым и щэнхабзэ, жылагъуэ гъащIэм жыджэру ухэтщ, республикэм ис лъэпкъхэм яку дэлъ мамырыгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ гъэбыдэнымкIэ сэбэпышхуэ ухъуу.
ДяпэкIи уи гуащIэр ди лъэпкъыр хъумэным, зиужьыным, ефIэкIуэным хуэунэтIауэ щытыну си гуапэщ.
Мы махуэ лъапIэм сынохъуэхъу уи гъащIэр кIыхь хъуну, узыншагъэ быдэрэ ефIэкIуэныгъэрэ уиIэну!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент
Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Налшык, 2012 гъэ, дыгъэгъазэм и 10

Related posts

Leave a Comment