Адыгэбзэ

ЩIалэгъуалэ зимыIэм къэкIуэн иIэкъым

                                                              Мэздэгу адыгэхэм я пщэдейр я щIэблэрщ
«Мэздэгу адыгэхэм я тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр» зыфIаща фестиваль-зэпеуэр иджы еща­нэу щекIуэкIащ Ставрополь краймрэ Осетие-Ищ­хъэрэ – Алание Республикэмрэ ис ди лъэпкъэгъухэм я деж. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЦIыхубэ хъыбаре­гъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэ­хэм­кIэ и министерствэм,   Осетие-Ищхъэрэ – Аланием Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и министерствэм, Ставрополь крайм и Курской (Къурей) район администрацэм, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэм.

 

 Зэрыс щIыналъэкIэ тпэмыжыжьэми, хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа, зыдэс къуажэхэр зэгъунэгъуми, хэгъуэгуи­тIым игуэша адыгэхэм я щIэблэм хуабжьу зыхуагъэ­хьэ­зырат адэжь щIэину къа­хуэ­на адыгагъэр, хабзэр, щэнхабзэр, шхыныгъуэхэр, тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр щагъэ­лъэгъуэну фестивалым.

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Абы кърихьэ­лIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, абы и япэ къуэдзэ Къэжэр Артур,Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ДАХ-м

абы  и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI Мыкъуэжь Арсен, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, Аб­хъазым щылажьэ Адыгэ Хасэм и Iэтащхьэ Битокъу Аслъэнбэч, КъБР-м и Парламентым и депутат, «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъ­къэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Кебеков Владимир, КъБР-м цIыхубэ хъыба­регъа­щIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэ­хэм­кIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь, щIэныгъэлI ТIажь Борис, бысымхэм ящыщу Мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэм и Iэ­тащхьэ Дербит (Мудар) Валерий, Курской районым Егъэ­джэны­гъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Голиковэ Татьянэ,къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, курыт школхэм я унафэщIхэр.

Дербит Валерий фестивалыр къызэIуех

Фестиваль-зэпеуэр щекIуэ­кIыр Ставрополь крайм хыхьэ Курской районым щыщ Русское-1 къуажэрат. Абы дэт курыт школыр, хьэщIэхэр щызэхуэсар, 2007 гъэм къызэ­Iуаха къудейуэ аращ, щеджэ пэшхэр нэхущ, хуитщ, щэнхабзэ зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIри, спортым щыхуагъасэри, шха­пIэри къызыхуэтыншэу зэпэщщ. Мы школым щызэдо­джэ адыгэхэри, урысхэри, тыркухэри, ермэлыхэри, да­гъыстэнхэри, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщ ныбжьыщIэхэри.

Адыгэ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ хуагъэпса фестивалым хэтащ ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр зыщIэс школитху. Абыхэм ящыщу Графскэ къутырым дэт еджапIэ №12-м сабии 161-рэ щIэсщи, абыхэм ящыщу 41-р адыгэщ. Серноводскэ къуажэм дэт школ №17-м екIуалIэр Иналхьэблэ, Азэней адыгэ жылитIым  къащIэхъуэ щIэблэрщ. Мы жылитIыр зэгъунэгъубзэу зэбгъэдэсщ, тIуми Серновод­с-            кэ­кIэ еджэу аращ. КъуажитIми щыпсэур адыгэщ, ауэ зэрахьэр дин зырызщ: Инал­хьэблэ дэсхэр муслъымэнщ, мэжджыт дэтщ, Азэней щыпсэур чыристэнхэщ, члисэ яIэщ. Зэпэмыжыжьэу псэу Русское-1, Русское-2 къуа­житIым адыгэу дэсыр нэхъ мащIэщ, школ зырыз дэтщи (8-нэ курыт школымрэ школ-интернатымрэ), адыгэхэр, урысхэр, ермэлыхэр, тыркухэр йокIуалIэ. Етхуанэ гупу фестивалым хэтар Мэздэгу къалэ къикIа шко­лакIуэ гупырщ, мыхэр Осетие Ищхъэрэ – Аланием щопсэу..

Кебеков Владимир

Нурыр зи нэгу кърих ныб­жьыщIэ цIыкIухэр щызэхуэса школым и пэIущIэ пэшыш­хуэм Iэнэхэр щегъэувэкIат, дэтхэнэ гупми игъэхьэзыра адыгэ шхыныгъуэхэр тету. Гуэгушыхъу гъэвам деж щегъэжьауэ, лэкъум, хьэлывэ, тхъурыжь, хьэлыуэ, дэлэн, пIастэ, джэдлыбжьэ, махъсымэ, нэгъуэщI куэди япщэфIат. Мыбыхэм яхэтт мэздэгу адыгэхэр нэгъуэщIу зэджэ ерыскъыхэри, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, хьэлIамэцIыртIыр – псы лэкъумт, щIакхъуэ зэ­теупIэщIыкIыр – къэлътамэт. Iэнэ лъабжьэм щегъэувэкIат нэхъапэм адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта Iэмэпсымэхэр, хьэпшып зэмылIэу­жьы­гъуэ­хэр, цIыхухъу, цIыхубз фащэхэр. Мыдрей лъэныкъуэмкIэ щыплъагъурт сурэтыщI ныб­жьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр.

ГъэщIэгъуэн хъуащ адыгэ фестивалыр, сыту жыпIэмэ, абы хэтхэри еплъыну къе­кIуэлIахэри лъэпкъ зэмылIэу­жьыгъуэхэм къыхэкIауэ зэдеджэ, зэныбжьэгъу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэт. Ар къыщызэIуахым къызэхуэса псоми фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ гуфIэгъуэ зэхы­хьэр къызэгъэпэщыным жэр­дэм­щIакIуэ хуэхъуа мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Дербит (Мудар) Валерэ.

— ЩIалэгъуалэр ди къэ­кIуэнуращ, – жиIащ Валерэ. – Абы ипкъ иткIэ, мыпхуэдэ фестивалхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар сэбэп мэхъу къыдэкIуэтей щIэблэм къызыхэкIар ищIэ­нымкIэ, и хабзэ зэрихьэжы­нымкIэ, и бзэ игъэшэрыуэжынымкIэ. Си гугъэщ нобэ мы Iуэхум хэтыну дэтхэнэ зыри балигъ хъурэ гъащIэм хэувэмэ, я адыгагъэр зэ-   рахьэу, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIу, я къуэпсыр ящIэжрэ нэхъри ягъэ­быдэу, мэздэгу адыгэхэр зэрыщыIэр, я бзэр, хабзэр зэрахьэу къызэре­кIуэкIыр дуней псом къра­гъэ­щIэну.

Голиковэ Татьянэ къыхи­гъэщащ адыгэхэм кърахьэжьа Iуэхур икъукIэ зэры­купщIа­фIэр, лъэпкъ зэныб­жьэгъу­гъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ нэхъри зэригъэбыдэр, лъэпкъыцIэ зэ­мыщхь­­хэр зэрахьэ щхьэкIэ, псори зы ЩIым зэрибыныр, Урысейм и жьауэм зэгуры-Iуэу щIэтын зэрыхуейр.

АдэкIэ, Мыкъуэжь Арсен зи тхьэмадэ къэпщытакIуэ гупыр ягъэбелджыла нэужь, фестиваль-зэпеуэм щIидзащ. Гупитхури чэзууэрэ къихьэурэ «ФIэ­хъус» Iыхьэм зыкъыщагъэ­лъэгъуащ. Уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ нэмыщI, цIыкIухэр кIэ­щIу тепсэлъыхьащ зыщыщ жылэмрэ щеджэ школымрэ я щыIэкIэ-псэукIэм, адыгэхэм щаIэ пщIэм, зэхущытыкIэхэм. ЕтIуанэ Iыхьэм – «ЩIэин» зы­фIащам – фестивалым хэт ныбжьыщIэхэм утыку къыщрахьащ адыгэхэм я бын пажэхэм, лъэпкъым и цIэр зыгъэIуахэм я гъащIэм, ябгъэдэлъ зэфIэкIым теухуа хъыбар кIэщI­хэр. Апхуэдэу нэхъыжь классхэм щеджэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ тепсэлъыхьащ «Мэздэгу адыгэхэр» тхылъыр зытха Болэ Ильзитэ и лэ­жьыгъэм, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьа, мэздэгу адыгэхэм ящыщ Тыркуин Анатолэ,   УФ-м, КъБР, АР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист, уэрэджы­IакIуэ цIэрыIуэ Тут Заур, уэрэдус цIэрыIуэ Тхьэбысым Умар, тхакIуэ КIыщокъуэ Алим сымэ. АдэкIэ екIуэкIа Iыхьэм сабийхэм къыщагъэлъэгъуащ адыгэ гуфIэгъуэ дауэдап­щэхэр зэрыдах щIыкIэхэр: хьэгъуэлIыгъуэм и зы Iыхьэ, гущэхэпхэ, нэгъуэщIхэри.
Мы гъэм ещанэу екIуэкI «Мэздэгу адыгэхэм я тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр» фестиваль-зэпеуэм пэж дыдэуи мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЩIэблэ зи­мыIэ лъэпкъырщ нэхъ псынщIэу кIуэдыжынур. Шына­гъуэкъэ а щIэблэр нэгъуэщI лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыжмэ, я анэдэлъхубзэр яIэщIэхужмэ-щэ? Апхуэдэ къэмыхъун щхьэ­кIэ Мэздэгу Адыгэ Хасэм ищIэф мащIэм и зы Iыхьэу арат а махуэм ди нэгу щIэкIар. Я къару къызэрихькIэ зэха­гъэуващ фестивалыр абы и къызэгъэпэщакIуэхэм, ялъэкI къагъэнакъым абы хэта сабийхэми. Ауэ адыгэ Iуэхум  хуэгъэпса фестиваль-зэпеуэм адыгэбзэу къыщыIуам и мащIагъыр а зи гугъу тщIы къэкIуэнум пшагъуэ къытезыхьэт. Ди республикэм ще­кIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэм утыку къыщихьэ адыгэ къуажэхэм къыщыхъу сабийхэм я бзэм и шэрыуагъым ебгъапщэ хъуну къыщIэкIынкъым ахэр, ауэ, итIанэми, хамэ къэрал щыхэхэсхэм къащхьэщыкIыу, ки­лометрищэкIэ фIэкIа тпэмыжыжьэ мэздэгу адыгэхэм я Iуэхур щхьэ мынэхъыфIрэ жыпIэу урегъэгупсыс… Ар зи лажьэр сабийхэракъым икIи Мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэра­къым, атIэ Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием я школ зыбжанэм (къуажэ зыбгъупщIым) адыгэбзэр щра­гъэджу зэтезымыублэфхэр арагъэнщ…
ЗэIущIэм и кIэухым псалъэ иратащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы фIыщIэ яхуищIащ фестивалым и къызэгъэпэщакIуэ­хэм, псом хуэмыдэу адыгэ хэкужьым и зы Iыхьэу Мэздэгу щылажьэ зэгухьэныгъэм. Адыгэ хабзэр, бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хъумэным нэ­мыщI, зэкъуэтыныгъэм, зэныбжьэгъугъэм и джэлэс фес­тивалыр зэрыхъуар къыхигъэщащ Хьэутий, къищы­нэмыщIауэ, щэнхабзэм и мызакъуэу, нэгъуэщI унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэмкIи хэгъуэгухэр нэхъри зэпыщIа хъуныр зэрыфIэи­гъуэр жиIащ тхьэмадэм.
Мэздэгу адыгэхэм я ны­къуэр Ставрополь крайм, адрейхэр Осетием ис пэтми, зэрызэрыщIэр, зэрызэфIэ­мы­кIуэдыр зэрыфIэгъэ­щIэ­гъуэныр, а лъэныкъуитIми щыпсэухэм я хабзэр ящымыгъупщэн папщIэ ялъэкI къызэрамыгъанэр, фестивалыр абы щыхьэт зэрыте­хъуэр и гуапэ хъуащ Кебеков Владимир.
ХьэщIэхэм я псалъэм ды­щIигъуу, Дербит Валерэ къыхигъэщащ къару хъур зэкъуэтыныгъэр зэрыарар, нэхъы­щIэхэм я Iуэху дэкIын папщIэ нэхъыжь зэрыхуейр, нэ­хъыжьхэм къэкIуэн яIэн папщIэ щIэблэ яIэныр зэры­Iэмалыншэр.

Гергоков Джамбулэт тыгъэхэр ет

Зэпеуэ щIыкIэм иту екIуэкIа фестивалым, дауи, увыпIэхэр щагуэшащ. Япэ увыпIэр хуа­гъэфэщащ Серноводскэ  къуа­жэм дэт 17-нэ курыт школым, етIуанэ увыпIэр къахьащ Мэздэгу къикIа еджакIуэ гупым, ещанэ увыпIэр лъа­гъэсащ Русское-1 жылэм дэт курыт школ №8-м. ТекIуахэм иратащ КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ­хэмкIэ, жылагъуэ, дин зэ­гухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр, апхуэдэуи министерствэм и фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ фестивалыр къызэгъэпэщыным хэлIыфIыхьахэу Русское-1 къуажэ администрацэм, абы дэт курыт школ №8-м, Мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэм. Фестивалым щытекIуахэми хэтахэми Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэм къабгъэдэкI сау­гъэтхэр тыгъэ хуащIащ. Зи IэдакъэщIэкIхэр зыгъэлъэгъуа сурэтыщI ныбжьыщIэхэм сау­гъэтхэр яритащ ТIажь Борис.

Къуэдзокъуэ Алим уэрэд жеIэ

Фестивалым гуIэфIтещIэж хуэхъуат Къэбэрдей-Балъ­къэрым икIа хьэщIэхэм здаша уэрыджыIакIуэ Къуэдзокъуэ Алимрэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и солистхэмрэ утыку къызэрихьар.
Адыгэ фестивалым и мы­хьэнэм, щIыпIэм щызэхэс лъэпкъхэр зэрызэзэгъым,  щIэблэм я зэхущытыкIэм,  адыгэхэр зэрахэзагъэм теухуауэ упщIэкIэ зызыхуэдгъэзахэм мыр къы­джаIащ:

Русское-2 къуажэм дэт школ-интернатым и унафэщI Егиазаров Александр:
— Ди къуажэхэм Русское-1, Русское-2 цIэхэр зэрахьэ щхьэкIэ, зы жылэу къыдо­лъытэ. ТIуми зэхэту цIыху мини 4-м нэблагъэ дэсу аращ. Абыхэм ящыщу зы миныр адыгэу къыщIэкIынщ. Ауэ Русское-2 жылэм къыкIэлъыкIуэ Гъубжокъуей, Соколовэ къутырхэм адыгэ нэхъыбэ дэсщ. Сэ сызиунафэщIыр Русское-2 дэт школ-интернатращ. Къуа­жэдэсхэр пщэдджыжьым къокIуэ, шэджагъуэ хъуху йо­джэри мэкIуэж, гъунэгъу къутырхэм щыщхэр жэщи-махуи щыIэщ.
Адыгэ фестивалым мыхьэнэ ин иIэу къызолъытэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбы хэта цIыкIухэм я лъэпкъ хабзэр ящIэжу къыдэкIуэтеинущ, тхыдэми, щэнхабзэми, нэгъуэщI хъугъуэфIыгъуэхэми нэхъыбэ хэтщIыкIарэт жаIэу я гур   игъэушэнущ. Мыбы зэ хэтар, си фIэщ мэхъу, нэхъ зэхэ­щIыкI иIэу, и лъэпкъым нэхъ пэгъунэгъу хъуауэ адэкIэ зэрыбэкъуэнур. Жыжьэ дыдэу щымытми, адэжь лъахэм зэ­рыпэIэщIэм бзэр тIэкIу яIэ­щIегъэхури, мис абы хуэса­къын хуейщ.

ГъущIо зэщхьэгъусэхэр къофэ. («Кабардинка» ансамбль).

Лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэм и гугъу пщIы­мэ, зэи зы фIэгъэнапIи яIа­къым адыгэхэмрэ урысхэмрэ, е адыгэхэмрэ нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэмрэ. Дэ, школым щылажьэхэри ще­джэхэри, апхуэдэ гугъуехь дыхэту схужыIэнукъым. Сэ, псалъэм папщIэ, лъэпкъкIэ сыермэлыщ, адыгэхэр фIыуэ солъагъу, урысхэми хъарзынэу садокIуэкI. Абы хузогъасэ си нэIэ щIэт еджакIуэхэри.

Русское-1 жылэм дэт 8-нэ курыт школым и унафэщI КIэней Юлэ:
— Сабий 360-м щIигъу щIэсщ ди школым. Адыгэу абыхэм яхэтыр мащIэщ, ауэ дэтхэнэми и жагъуэ зэры­д­мыщIыным сыт щыгъуи иужь дитщ. Лъэпкъым щэнхабзэ фестиваль къыщызэ­ригъэ­-пэщ­кIэ  псом япэу зэныбжьэ­гъу­­гъэщ абы хэслъагъуэр. Псалъэм къы­дэкIуэу жыпIэмэ, нобэ адыгэхэм я махуэти, адрей лъэпкъхэм щыщи къыхэтшащ, ап­хуэдэ дыдэщ нэгъуэщI­хэм зэхыхьэ щаIэм деж адыгэхэри яфIэфIу зэрыхэтыр. Иужьрей тхьэ­махуищым дамэ къатекIат еджакIуэхэм, ди школми адрейхэми адыгэу щIэсыр нэхъ зэпэгъунэгъу хъуауэ къысщыхъуащ, «иджы дызэкъуэшщ» жаIэурэ IэплIэ зэрашэкIырт, гулъытэ ща­гъа­щIэр­тэкъым я гуфIэгъуэр къадэзыIыгъ я ныбжьэгъухэри.
Серноводскэ дэт курыт школ №17-м и унафэщI Ахъмэт Iэсият:
— Дэ ди жылитIыр – Инал­хьэблэрэ Азэнейрэ – адрейхэм елъытауэ адыгэ къуажэжь хуэдэщ. Къапщтэмэ, ди школым цIыхуи 162-рэ щIэсщи, 8-ращ мыадыгэр. Дэ Iэмал нэ­хъыбэ диIэщ адыгагъэм, щэнхабзэм, тхыдэм теухуауэ ди еджакIуэхэм нэхъ куууэ дадэлэжьэну. Къэбэрдейм тхылъ хъырзынэхэр къытхурашащи, ди библиотекэм щIэлъщ,    хуейр еджэу. Дэнэ ущыпсэуми, уи анэдэлъхубзэр пIэщIэ­мыхуным нэхъыщхьэ зыри щыIэкъым. Абы и лъэ­ны­къуэкIэ дэ, егъэджакIуэхэм, тлъэкIи къэдгъанэркъым, адэ-анэхэми сытым дежи долъэIу унагъуэм адыгэбзэкIэ щыпсэлъэну.
Дызыхэс лъэпкъхэм, ди гъунэгъу къуажэхэм зэи псалъэмакъ етщIылIа­къым, цIыкIу­хэри хъарзынэу зэгуроIуэ. Ди къуажэр тIууэ зэпычащ, зым муслъымэнхэр, зым чыристэнхэр дэсщ. Ар и щапхъэщ динкIи лъэпкъкIи зэтемыхуэ щхьэкIэ цIыхур, цIыхуу зэрыщытым, сыт щыгъуи зэ­гуры­Iуэн зэры­хуейм.
Графскэ къутырым дэт Щэн­хабзэмкIэ унэм и уна­фэщI Тэгъулан Анжелэ:
— Мы фестивалым дэрэжэгъуэу къыдитар пхужымы­Iэным хуэдизщ. Сабийхэр зэригъэгушхуар-щэ?! Абыхэм зы гукъыдэжрэ жэрдэмрэ яIэу загъэхьэзырырти, дащыдэлажьэм дызэрезэшри зыхэт­щIэртэкъым. Адыгэхэм нэ­хъапэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр зэрызэра­гъэ­цIыхуар, ерыскъыхэр щхьэж и унагъуэ щипщэфIурэ къызэрихьар, адыгэхэм къахэкIа къэрал лэжьакIуэхэм, тха­кIуэхэм, композиторхэм, щIэныгъэлIхэм, композиторхэм уэрэджы­Iа­кIуэхэм я гъащIэмрэ гуащIэмрэ  зэрызэ­ра­гъэцIыхуам фIэкIа хэмытми, абыхэм ябгъэдэтлъхьэ адыгагъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэхъуащ фестивалыр.
КъищынэмыщIауэ, я гур хэкумкIэ щыIэу, къызыхэкIам нэхъ егупсысу, адыгэцIэ щы­зэрихьэкIэ хабзэмрэ нэмысымрэ хэлъын зэрыхуейр еджакIуэм къыгурыIуэ хъу­нымкIэ сэбэпышхуэщ гъэмахуэ мазищым къриубыдэу Налшык накIуэурэ зыгъэпсэ­ху­пIэхэм зэрыщыIэр, я нэгу зэрызиужьыр, езыхэм я ныбжь ит сабийхэм зэрахуэзэр. Сэ сыхуейщ ди зэпыщIэ­ныгъэхэм нэхъри заубгъуну, мыпхуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр ди щхьэусыгъуэу хэкурысхэм нэхъыбэрэ даIущIэну.
Фестивалым хэта ныб­жьыщIэхэм екIуэкI Iуэхур къазэрыщыхъуамрэ зэмы­лъэп­къэгъу зэклассэгъухэр зэрызэхущытымрэ дыщы­щIэуп­­щIэм, абыхэм жаIащ зэ­ныб­жьэгъугъэр лъэпкъкIэ къызэрамылъытэр, сыт щы­гъуи зэгурыIуэу къызэрызэ­де­­кIуэ­кIыр. «Нобэ адыгэхэм ди махуэщи, ди ныбжьэгъухэм къыддаIэт, ди гъусэу утыкум итщ, пэшым щIэсу Iэгу тхуоуэ, апхуэдэ дыдэу дахущытыжынущ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щIалэгъуалэм Iуэху къаIэтмэ. Дэтхэнэ зыри дыкъызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ, бзэмрэ хабзэмрэ хэтщIыкIыу дыкъэхъуну ды­хуейщ, балигъ дыхъурэ,     утыку нэхъ инхэм дихьэмэ, ды­мыукIытэжын папщIэ. Дэ адыгэбзэр щIагъуэу тхуэгъэшэрыуэркъым, ауэ ди тхыдэм хъарзынэу хыдощIыкI, нобэ зэрахьэ хабзэм дыщыгъуазэщ. АбыкIэ икъукIэ сэбэпышхуэ къытхуохъу адыгэ егъэджа­кIуэхэмрэ ди адэ-анэхэмрэ. Дэ сыт щыгъуи ди нэр къокI ди адэжьхэм я псэукIам щыщу нэхъыбэ къэтщIэным, адыгэ щIыгужьхэм я гъунапкъэу щытахэр зэдгъэщIэну, хэкум ис ди къуэшхэм я нобэрей гъащIэр зыхуэдэр зэдгъэ­лъагъуну. Тщыщ куэдым я хъуэпсапIэщ школ нэужьым, Налшык кIуэуэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэрагъэгъуэтыну».
Адыгэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ къэдгъэпсэлъэн пап­щIэ гупым къахэтшын дигугъа щхьэкIэ, ермэлы, урыс ныб­жьыщIэхэми къыджаIэн яIэт:
— Дэ зэи лъэпкъ зэхэгъэж тщIыркъым, хьэлкIэ, ныбжь­кIэ дызэтехуэмэ, зэныб­жьэгъу дызэхуэхъуу аращ. Мыпхуэдэ Iуэхухэр щекIуэкIым дежи зэпэщхьэхуэ зытщIу ди хьэлкъым, ар къытхуадэр­къым ди егъэджакIуэхэми. Урыс махуэшхуэ щыдгъэлъа­пIэкIэ, дэтхэнэ зыри ди гъусэу утыку итщ, ермылыхэм ягъэлъапIэ махуэ гуэр къы­къуэкIами, зэи я закъуэ къэдгъанэркъым. Абы ипкъ иткIэ, дэ ди Iуэхур къикIащ: зыхэтщIыкIыр дыкъызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я закъуэкъым, атIэ къыдбгъэдэс лъэпкъхэми я псэукIэм, зэхэтыкIэм фIыуэ дыщыгъуазэщ. Нобэ хуэдэ махуэхэращ лъэпкъхэр нэхъ гъунэгъу зэхуэзыщIыр, зэ­гурыIуэныгъэм лъабжьэ хуэ­хъур. Хуабжьу дигу ирохь  адыгэ шхыныгъуэхэр, хабзэм щыщ Iыхьэхэр, – жаIащ мы­адыгэ ныбжьыщIэхэм.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Налшык – Мэздэгу —
Налшык.
Сурэтхэр Елъкъан Артур трихащ.

«Адыгэ псалъэ»

Related posts

Leave a Comment