Адыгэбзэ

Дэ нэгъуэщIым зыкъедгъэгъэсэбэп хъунукъым

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Хамэ къэрал куэдым щыхэхэс адыгэхэр зэрыгъуэтыжыным, зэкъуэгъэувэным ехьэлIауэ къалэн куэд и пщэ къыдохуэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Иджыпсту ар зи ужь ит Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэщ Сирие Хьэрып Республикэм бэлыхь щыхэхуа ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуныр, лей къатемыгъэхьэныр, хэкум къыхуеIэхэр къэшэжыныр. Фэ зэ­рыфщIэщи, илъэсым щIигъуауэ политикэ зэпэ­щIэу­вэ­ны­гъэр щызэщIоплъэ СХьР-м. Правительствэм и дзэмрэ оп­позицэ зэщIэузэдамрэ я зэныкъуэкъум хокIуадэ Урысейм и хэкуэгъуу Сирием щыпсэухэм ящыщ куэд, абыхэм яхэтщ адыгэхэри. А зэныкъуэкъур ди лъэпкъэгъухэм къажьэхэмыуэнырщ, цIыху куэд хэмыкIуадэу къегъэлынырщ иджыблагъэ ДАХ-м и президенту хаха Сэхъурокъуэ Хьэутий япэ Iуэхуу зэфIигъэкIын хуейуэ къылъыкъуэкIар. Абы и лъэныкъуэкIэ Хасащхьэм ищIэхэм тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ тхьэмадэм.
 — Хьэутий, мазитI и пэкIэ екIуэ­кIа ДАХ-м и IX Конгрессым кърихьэлIахэри щIы­на­лъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэхэри зытегузэвыхьыр Сирием къыщыхъея зауэм адыгэхэр зэрыхэ­кIуа­дэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну гугъа­пIэ нэхъыбэр зрапхыр ДАХ-ращ. НобэкIэ зэфIэвгъэ­кIа­хэм­рэ зиужь фитхэмрэ ут­хутепсэлъыхьамэ ди гуапэт.

— Шэч хэмылъу, ар псори дызыгъэпIейтей Iуэхущ. Абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу дыпылъщ къытлъыкъуэкIа гугъуехьхэм ящыщ гуэр зэфIэт­хы­ным. Сирием щыпсэу ди къуэшхэм, шыпхъухэм дазэ­ры­дэIэ­пыкъу­фы­нум я нэ­хъыщхьэрати, бэлыхь хэхуа псори адэжь лъахэм къед­гъэ­блэгъэжащ, зэ­ры­тху­зэ­фIэкI­­кIэ да­дэ­Iэ­пы­къунуи дызэгу­ры­Iуащ. Къэбгъэ­лъагъуэмэ, 2012 гъэм и пэ­щIэ­дзэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэ­жащ цIыху 400-м нэблагъэ. Абыхэм я ныкъуэр санаторэхэм пIалъэкIэ щIэд­гъэ­тIыс­хьащ, унагъуиплIым фэтэр къащтауэ мэпсэу, адрейхэр я благъэ-Iыхьлыхэм я деж къыщыувыIащ. НобэкIэ ди къалэн нэхъыщхьэр абыхэм псэупIэ къахуэдгъуэту дгъэ­Iэпхъуэнращи, ари хуэмурэ мэкIуатэ. Ди лъэпкъэгъу­хэм дазэрыдэIэпыкъур ахъшэ зэхэдзэщ: ди лъахэм щыпсэу хьэрычэтыщIэхэм я ­мы­лъку халъхьащ мы Iуэ­хум, Москваи Налшыки пса­па­щIэ концерт щекIуэ­кIащ, КъБР-м и Муслъымэнхэм я Iуэху­щIапIэми, «адыгэ пса­лъэ» газетми зыкъыт­щIи­гъэ­къуащ. Пса­лъэм­ къыдэ­кIуэу жы­пIэмэ, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен сом мелуани 3,5-рэ тригъэ­кIуэ­дащ Сирием къи­кIауэ ди деж щеджэ студентхэр гугъуехь щыхэ­хуэм. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэщри, къэрал Iуэху­щIа­пIэхэм я IэщIа­гъэлI­хэр къэIэп­хъуэжахэм ира­гъэпсэлъащ, я дэфтэрхэр къызэрыдахыфынум теухуауэ, адыгэбзэрэ урысыбзэрэ щы­з­рагъащIэ дерсхэр ира­гъэ­кIуэкI.
Сирием щыщ студенти 102-рэ (адрей къэралхэм щыщхэри яхэту 120-рэ) КъБКъУ-м щIэ­тIыс­хьащ, сабий 50 курыт школхэм кIуащ. Бахъ­сэн, Прохладнэ, Лэскэн районхэм псэу­пIи 9 щахуэдгъэбелджылащ, ауэ зэкIэ Iэп­хъуар унагъуи 4 къудейщ.
Ныкъусаныгъэ куэд хэлъу къыщIэкIынщ зи гугъу сщIахэр къызэгъэпэща зэрыхъум. Зэ­ры­гурыIуэгъуэщи, мыр зы махуэ Iуэхукъым, зэлъытар куэдщи, хуэмурэ иужь диту аращ.
— Сэ зэрысщIэмкIэ, Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къегъэлыным, нэхъ тыншу адэжь щIыналъэм къишэжыным теухуауэ ди къэралым и лIыщхьэхэм захуэвгъэзащ.
— Пэжщ, дэIэпыкъуэгъу дызэрыхуэныкъуэр къыхэщу, дэ захуэдгъэзащ Урысей Федерацэм и Президентым, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советымрэ Къэрал Думэмрэ. Зы псалъэухакIэ жыпIэмэ, абы итщ Сирием щыIэ адыгэхэр ди лъахэгъуу зэры­щы­тым щхьэкIэ, Урысей Федерацэм и дамэпкъ ахэр щIигъэувэну, ихъумэну, дэIэпы­къу­ну, абыхэм Урысейм къагъэзэжыну хуитыныгъэ яритыну.
КъищынэмыщIауэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и лIыкIуэ гуп Сирием щыIащ щытыкIэр зрагъэлъагъун­, УФ-м и хэкуэгъухэмрэ ди лъэпкъэгъухэмрэ яхуэзэн папщIэ. Абыхэм яхэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Правительствэм емыпха зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэри.
Зи гугъу тщIыхэм нэмыщI, ДАХ-ми, КъАХ-ми, «Хэку», «Пэрыт» зэгухьэны­гъэ­­хэми лэ­жьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр жыIапхъэщ. Апхуэдэуи къыхэгъэщыпхъэщ, «зыкъызэ­щIэфкъуи фыкъэкIуэж, фыдгъэп­сэунщ», жытIэну гуащIэшхуэ зэрыткъуэмы­лъыр. Мы Iуэхур къэралращ зи къалэн хъунур. Ауэ мыбдежми Iуэхум куууэ ущыгъуазэу, шы­Iэ пхэлъу убгъэдыхьэн хуейщ. Ди лъэп­къым и закъуэ псынщIэу къевгъэл жытIэу дылъа­Iуэ­кIэ зэ­фIэ­кIыркъым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Сирием щекIуэкIыр Урысейри зыхуэмейщ, хузэфIэкIамэ, зэрыхьзэрийр къигъэ­хъух­хэн­тэкъым. Аращи, дунейпсо, къэралпсо унафэри хабзэри ткъутэу, занщIэу ди лъэпкъэгъухэр къызэщIэткъуэжу къэтшэжыфынукъым, ар тхузэфIэмыкIынщ. Абы папщIэ махуэ къэс улэжьэн, хуэмурэ убэкъуэныр нэхъ къезэгъщ.
— Iуэхур зэфIэзыгъэкIхэм, абы иужь итхэм къагурыIуэ щхьэкIэ, абы и зэхэлъыкIэм хэзымыщIыкI куэд щыIэщ адыгэр жейуэ игъэIуу, ДАХ-м имыщIэIауэ жиIэу…
— Сыщыгъуазэщ апхуэдэхэми. Псалъэм папщIэ, плакат яIыгъыу зырызу е гуп цIыкIуу адэ-мыдэкIэ уэрамхэм къыдыхьэхэр, посольствэхэм Iутхэр, гупсысэным ипIэкIэ, кIий-гуоууэ дэт щIалэгъуалэ щыIэщ, ди жагъуэ зэрыхъущи.
Ди лъэпкъэгъухэр къедгъэлынущ жаIэу, зимыIуэху зезыхуэхэм фIыщIэм и пIэкIэ емыкIу къытхуахьущ сэ къызэрыслъытэр. ИкIи, къы­зэ­рысщыхъумкIэ, ахэр зыгуэрым къы­зэ­щIе­гъэст, къару гуэрым трегъэгушхуэ. Ауэ абыхэм къагурымыIуэр зыщ: дэ нэг­ъуэ­щIым зыкъедгъэгъэсэбэп хъунукъым, лъэпкъыр я тегъэ­щIапIэу я щхьэ Iуэху зэредгъэхуэ­ныр Iэмал зимыIэщ. Псом япэ ди лъэпкъ, ди щхьэ, ди напэ зэрытхъумэжыным иужь дитыпхъэщ.
Сыадыгэщ жызыIэм, псом нэхъыщхьэу хабзэ, адыгагъэ зэрихьэн хуейщ. Абы япэ дыдэу хиубыдэхэр нэхъыжьым и жыIэ щIэтын, зы­шы­Iэ пхэлъын, чэнджэщ ущIэдэIун, шыIэны­гъэ къыпкъуэкIынырщ. «Гупсыси псалъэ, зып­лъы­хьи тIыс», – жиIащ адыгэм. Сэ фIы дыдэу къызгуроIуэ нобэрей щIалэгъуалэм я гур зэрыузыр, къэхъукъащIэхэм зэрагъэ­пIей-тейр, псэ къабзагъэм, гу щабагъэм къыхахыу пса­лъэу зэрыарар. Ауэ мы Iуэхум иужь итхэр щы­щыIэкIэ, абы пэплъэн хуейщ. ЩIа­лэгъуа­лэ­ращ дэ псори щIэтщIэжыр.
Къэрал куэдым щыхэхэс адыгэхэр щызэхыхьэ, щызэчэнджэщ Хасэхэр мэлажьэ. Ауэ а псори зэпхыжар Дунейпсо Адыгэ Хасэращи, абы ищI унафэращ зытетыпхъэр. Абы еба­къуэм фIы къытхуихьыну си фIэщ хъуркъым.
Дызэрыхуа щытыкIэм дыкъызэрикIыну щыIэр зы хэкIыпIэщ: зи жьауэ дыщIэт къэралым и хабзэ дымыкъутэу, игу зэдмыгъабгъэу, къызэрыддэIэпыкъуфыну псор къыпытхыу, ди Iуэхум дытелэжьэн хуейуэ аращ. Сабэ къэзыгъэхъейракъым япэ ищынур, акъылкIэ Iуэхум бгъэдыхьэращ. Адыгэм сыт щыгъуи жиIэркъэ: дахэм дахэ къешэ, Iейм къихьыр Iейщ.
 Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.

«Адыгэ псалъэ»

Related posts

Leave a Comment