Адыгэбзэ

«ЩIэб­лэр бгъасэмэ – къыпхуэса­къынщ, бгъэсэхъумэ – лъаб­жьэ­кIэ уихьынщ»

Адыгэ псалъэ» газетым къыхилъхьауэ, КъБР-м Егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щри­гъэ­кIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ-фестивалым и зи чэзу Iы­хьэр йокIуэкI. Иджыблагъэ абы щыпащащ Прохладнэ куейм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм и 2-нэ школым.

 Адыгэбзэмрэ хабзэмрэ я ма­хуэшхуэм хуэдэу екIуэкIащ а школым и лэжьакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ я зэ­фIэкI­хэм я гъэлъэгъуэны­гъэр. Фестивалым и зэхэлъы­кIэм мы гъэм зэхъуэкIыныгъэ ма­щIэ игъуэтащ. Псалъэм пап­щIэ, дерс зэIухахэм я пIэкIэ мастер-классхэр хагъэхьащ. Адыгэбзэр щрагъэдж пэшхэм, егъэджакIуэхэм я зэгухьэныгъэр зэрылажьэ планхэм я щытыкIэм кIэлъыплъын мурадхэри щIагъуащ хабзэ хъуауэ щыIа къэпщытэкIэм.

Зэптий Татьянэ зи унафэщI еджапIэм егъэджэныгъэ-гъэ­сэ­ныгъэ Iуэхушхуэ зэрыще­кIуэк­Iыр наIуэ ящIащ абы и егъэ­джакIуэхэм къэпщы­та­кIуэ гупым и пащхьэ кърахьа лэ­жьыгъэхэм. Къалэн зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр щызыхуа­гъэу­выжа, Iэмал гъэщIэ­гъуэн­хэр къыщагъэсэбэпа мас­тер-классхэр къагъэлъэ­гъуащ Лу Маритэ, Вэрокъуэ Iэ­сият, Батыр Оксанэ, ЩIа­кIуэ­ныкъуэ Залинэ, Гурды­гъуэ Маринэ, Мамхэгъ Заремэ, ПщыукI Ритэ сымэ. «ЩIэб­лэр бгъасэмэ – къыпхуэса­къынщ, бгъэсэхъумэ – лъаб­жьэ­кIэ уихьынщ» зыфIаща классщIыб лэжьыгъэм къы­зэ­­щIиубыдэрт а адыгэ пса­лъэжьым и мыхьэнэ псор. Адыгэ хабзэм, нэмысым, анэдэлъхубзэм фIыуэ зэры­ха­щIы­кIым и щIыхьэтт егъэ­джа­кIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ ягъэува теплъэгъуэр.

ЕджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Шал Мартинэ и къэпсэлъэныгъэми къыхигъэщащ, къэпщытакIуэ гупми я нэгу щIэкIащ щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным и хабзэщIэхэр къащтауэ, а хабзэхэм къа­гъэув IэмалыщIэхэм хуэкIуэу егъэ­джакIуэхэм я лэжьыгъэр зэраухуэр, абыхэм я дерсхэм тех­нологиещIэхэр IэкIуэлъа­кIуэу къызэрыщагъэсэбэпыр. НыбжьыщIэхэм яхуэгъэза сыт хуэдэ фестивалми конкурсхэми я мурад нэхъыщ­хьэр щIэблэм я зэхэщIыкIыр нэхъ куу, я гупсысэкIэр нэхъ жан, я дуней тетыкIэр нэхъ дахэ щIынырщ. Къэрэгъэш къуажэм и 2-нэ курыт еджапIэм ще­кIуэкI лэжьыгъэр хуэгъэзащ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа мурадхэм икIи хъарзынэу ахэр къа­зэ­рехъулIэм шэч хэлъкъым.

ЩОДЖЭН Iэминат.

«Адыгэ псалъэ»

Related posts

Leave a Comment