ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэс 99-рэ зэрырикъум теухуа пэкIу Налшык къалэ дэт абы и фэеплъым деж бадзэуэгъуэм и 22-м щекIуэкIащ.
Зэхуэсым кърихьэлIащ республикэм и министерствэ зыбжанэм я лIыкIуэхэр, Налшык къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым хэтхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, журналистхэр, еджакIуэ цIыкIухэр.
КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ КхъуэIуфэ Хьэчим пэкIур къызэIуиха нэужь, псалъэ иритащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Дол Анжелэ.
— КIыщокъуэ Алим и лэжьыгъэм пщIэшхуэ зэрыхуащIам и щыхьэту, абы къыхуагъэфэщауэ щытащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Къэрал саугъэтыр, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ», «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэхэр, – жиIащ Долым. – ЦIыхур псэущ, абы и IуэхущIафэхэр дунейм тетыхукIэ. УсакIуэ щэджащэм и IэдакъэщIэкIхэр зэи мыкIуэдыжын хъугъуэфIыгъуэщ. Гъэ къакIуэ КIыщо-къуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу. Абы хуэфащэу дыIущIэну къытпэщылъщ.
— КIыщокъуэ Алим и Iуэху еплъыкIэхэр псоми къагурыIуэу щытакъым, – жиIащ иужькIэ псалъэ зрата, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Тау Пщыкъан. – Ауэ тхакIуэшхуэр, шэч хэмылъу, къызыхэкIа лъэпкъым ифI сытым дежи зезыхуа цIыхущ.
АдэкIэ пэкIум къыщыпсэлъащ балъкъэр усакIуэ Созаев Ахъмэт:
— Апхуэдэ цIыху щэджащэ сцIыхуу зэрыщытам сропагэ, – жиIащ абы. – СощIэж КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ куэдрэ зэпсалъэу зэрыщытар. АпхуэдизкIэ тIури цIыху гумащIэт, цIыхуфIхэти, зэгуэр щызэпсалъэм, я нэхэм нэпс къекIуауэ щIэслъэгъуауэ щытащ. Ар зэчиягъэшхуэ зыбгъэдэлъахэм я гущабагъэм и нэщэнэт. Апхуэдэ цIыху дгъэлъэпIэнщ жызыIэу нобэ мыбы къекIуэлIа дэтхэнэ зыми фIыщIэшхуэ фхуэфащэщ…
— Адыгагъэшхуэ хэлъащ КIыщокъуэ Алим, – и гукъэкIыжхэмкIэ ядэгуэшащ «НОТР-Налшык» ОРТК-м и унафэщI Вэрокъуэ Владимир. – Зэгуэрым Къэбэрдей-Балъкъэрым ехьэлIауэ фильм тесхырт. Абы усакIуэшхуэм теухуа зы Iыхьи хэтын хуейт. Арати, ар щыпсэу Переделкинэ сыкъыщыхутащ, сепсэлъылIэн икIи тесхын мурад сиIэу. ПсынщIэу зэфIэзгъэкIыну си мураду, сызэрынэсу Iуэхум сеувэлIат. АрщхьэкIэ гъуэгу тета цIыхур зэрешар, зэрымэжалIэр Алим къыгурыIуэри: «Иджыпсту дызэдэмышхэмэ, зыри тозгъэхынукъым!», – жиIащ… Абы иужькIэ дыщIэкIуар къытхуищIэри, аэропортми езым и машинэмкIэ тыншу дынигъэсыжат… Ар IэфIу сигу къинащ.
АдэкIэ псалъэ иратащ КIыщокъуэ Алим и тхылъ 15-м я теплъэхэр зыгъэщIэрэщIа, иджыпсту Красноярск студие щызиIэ, сурэтыщI Iэзэ, профессор Пащты Герман.
— УсакIуэшхуэмрэ сэрэ куэдрэ дызэныбжьэгъуащ. Сигу къэзгъэкIыжын си куэдщ. Гугъущ дунейм ехыжар уи нэгум къыщыщIэбгъэувэжыну, – жиIащ Пащты Герман, и нэпсхэм къызэпижыхьауэ. – И творчествэм и гугъу пщIымэ, абы и инагъым щIэи гъуни иIэкъым.
Мэзкуу пэгъунэгъуу щыпсэуа лъэхъэнэми КIыщокъуэ Алим щалъхуа и Къэбэрдей-Балъкъэрым сытым щыгъуи и гур къыхуеIэу щытащ. Абы теухуауэ итха сатыр зыбжанэ къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщеджащ КхъуэIуфэ Хьэчим. Уи гур егъэуз мыпхуэдэ псалъэхэр зыхэт усэм: «Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту, си хэку къысхуихи къысхуэгъэс. Аращ си шыпхъум къысхуищIэну сызэрелъэIур махуэ къэс!». Хьэмэрэ мы псалъэхэм ущеджэкIэ: «Данэм сыхэсми -сыхэхэсщ!»…
Зэхыхьэм и кIэухым къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр КIыщокъуэ Алим и фэеплъым тралъхьащ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн. АДЫГЭ ПСАЛЪЭ.