Новости

Адыгэ ныпыр къэрал 50-м щIигъум щагъэлъапIэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмк1э 2010 гъэм щегъэжьауэ Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м щагъэлъап1э Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм. Апхуэдэуи ди дъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал 50-м щ1игъум адыгэ бэракъым и махуэр ща1эт. Блэк1а идъэс зыбжанэм къриубыдэу мы махуэшхуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ и1э хъуащ. Ар и нэщэнэщ зэгуэрым зэбгрыпхъа хъуа адыгэ лъэпкъыр нобэ нэхъ гъунэгъу зэрызэхуэхъужым. Щ1алэгъуалэр къызыхэк1ам и тхыдэм зэрыдихьэхым.

  АДЫГЭ ныпым и гугъу япэ дыдэ зыщ1ар инджылыз зыплъыхьак1уэ Спенсер Эдмундщ. «Шэрджэс щ1ыналъэм сызэрык1уар» тхылъым абы къыщи1уэта гупсысэхэм тетхыхьащ адыгэ тхак1уэ Къуиикъуэ Асфар.

А гукъэк1ыжхэр 1839 гъэм тхылъ щхьэхуэу Лондон къыщыдэк1ауэ щытащ. Япэ напэк1уэц1ым щхъуэк1э-плъык1эу къыщыгъэлъэгъуа адыгэ ны­пым тепсэлъыхьурэ, Спенсер етх: «1этащхьэ къэсар къезыгъэблагъэ фоч уэ макъхэр зэрыувы1эу ек1уу хуэпа зауэл1 мин шууэ къытпежьэри, асыхьэтым шэрджэс щ1алэ бжьыф1э гупым дыкъаухъуреихьащ. Языныкъуэхэр къызэрыгуэк1ыу, мэкъумэшыщ1эхэм ещхьу хуэпат, адрейхэм 1эщэ-фащэр къак1эрылыдык1ырт. Абдежым Хъерсыс Сулът1ан зи ц1э тхьэмадэ махуэм къыщызэк1уэц1ихащ Истамбыл къраха, Тыркум пщ1эшхуэ щызи1э пщы гуащэм 1эк1уэлъак1уэу хидык1а бэракъ дахащэр. Апхуэдизу зыщ1эхъуэпс лъэпкъ бэракъыр къызэралъагъуу, а ц1ыху къомым я гум из хъуауэ къыщыпк1 гуф1эгъуэр нэхъри щ1и1этэу джатэ мин уафэм хуэгъэзауэ дыгъэм пэлыдащ».

Адыгэ ныпым тет дамыгъэхэм къэхутак1уэхэр зэтемыхуэу топсэлъыхь. Языныкъуэхэм ар адыгэ лъэпкъ пщык1ут1ым я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу ябж. Адрейхэм ахэр Щ1ыми, Уафэми, Псыми щы1эрыхуэ Аъэпщ и шаб-зэшэхэм я дамыгъэу къалъытэ. Ауэ бэ­ракъым щ1элъ гупсысэ куум улъэ1эсын папщ1э, аргуэру тхыдэм гъэзэжыпхъэщ.

Домбеякъ лъэхъэнэм хиубыдэу хьэтхэм къащ1эна фэеплъхэм захуэбгъазэмэ, нэрылъагъу мэхъу адыгэ бэра­къым и зэхэлъык1эми и купщ1эми адыгэ-хьэт дамыгъэхэр я лъабжьэу зэрыщытыр.   Гъуаплъэм,   домбеякъым, дыщэм къыхэщ1ык1а хьэт дамыгъэ хъурейхэр ди эрэм и пэк1э минит1 гъэхэм щы1а Аладжэ Хъукъуэ щэнхабзэм хеубыдэ. А лъэхъэнэр археологхэм Мейкъуапэ щэнхабзэм ирапх. Абырэ Хьэт пащтыхьыгъуэм дыгъэр и лъаб­жьэу я1а дамыгъэ зэпрыдзымрэ тещ1ыхьауэ жып1э хъунущ XIX л1эщ1ыгъуэм «къагъэщ1эрэщ1эжа» адыгэ бэ­ракъыр. Дыгъэм и къэухь узы1уплъэм вагъуибгъу тету дамыгъэ хъурей ирок1уэ. Ику ит къэухьым вагъуэ ц1ык1уий итщ. Шабзищ зэблэдзам хьэтхэм я дамыгъэ зэбгъузэнат1эр нэхъ зэщ1экъуауэ къегъэлъагъуэ: мамырыгъэм, мэкъумэшым теухуар 1уагъэк1уэтри, шабзэшэхэм я теплъэ папц1эхэмк1э зауэм пыщ1а 1ыхьэр нэхъ къыхагъэщаш.

Упщ1э къоув: дауэ XIX л1эш1ыгъуэм Мейкъуапэ щэнхабзэмрэ анадолэрыс алыджхэм я 1эдакъэщ1эк1хэмрэ зэрызэлъэ1эсар? Абы и жэуапыр тхыгъэжьхэм къыбжа1эфынущ. Псалъэм папщ1э, XX л1эщ1ыгъуэм къагъуэтыжа Кархемих къраха гъущ1ым тетхам къраджык1ащ «атхэмрэ хьэтхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм ик1ыу Азие Ц1ык1ум зэры1эпхъуар». Къищынэмыщ1ауэ, Псыкупсэ къыхэлъадэ Хьэтыпс деж къыщагъуэтыжащ кхъуэщынхэм я убыдып1эм тегъэуа мейкъуапэ-хьэт да­мыгъэхэр.

Лъэпкъ псом къызэдащтауи, л1акъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэуи адыгэхэм нып зыбжанэ зэрахьауэ къыхощ тхыдэм. Ауэ псом нэхърэ нэхъ лъап1эу къанэр адыгэхэм 1830 гъэм къа1эта, я Хэкур щахъумэжым зи лъабжьэ щ1эува ныпращ. Ноби адыгэхэм къытпэщылъщ дызэкъуэувэн зэрыхуей къалэнышхуэр. Аращ вагъуэ пщык1ут1рэ шабзэ зэблэдзаищрэ зытет бэракъ удзыфэм.

 Иужьрей илъэс 20-м адыгэ бэракъыр Кавказым исхэми хэхэс адыгэхэм я дежк1и лъэпкъ дамыгъэ нэхъыщхьэ хъуащ. Нобэ ар щыдолъагъу автобусхэм, щыгъынхэм, сыхьэтхэм, нэгъуэщ1 куэдми къык1эрыщу. А бэракъыр щамы1ыгъ зы адыгэ хьэгъуэл1ыгъуи ек1уэк1ыркъым.

А ныпым и дахагъымрэ гyaкlyaгъымрэ щызыхэпщ1эр УФ-м и хэгъуэгухэм я япэ дамыгъэр зезыхьэ Адыгэ Республикэращ. Къэрал 1уэхущ1ап1э нэхъыщхьэхэм я унащхьэхэм щохуарзэ республикэм и къэрал ныпыр — адыгэ бэракъыр.

«Адыгэ псалъэ»

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.

 

Related posts

Leave a Comment