Щыгъуэ-щIэж махуэр зэрекIуэкIыну программэм
Накъыгъэм и 16-м КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд иригъэкIуэкIащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 152-рэ зэрырикъумкIэ КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ.
Накъыгъэм и 20 – 21 махуэхэм Налшык къалэ щекIуэкIыну Iуэхугъуэхэр зэкIэлъыхьауэ зэрыщытынум, абы хэтынухэм, шынагъуэншагъэр къызэрызэрагъэпэщынум теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Битокъу Владимир, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м терроризмэмрэ экстремизмэмрэ пэщIэтынымкIэ и министр Къуэшрокъуэ Залым, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, КъБР-м щыIэ МВД-м и къудамэм и унафэщI, полковник Джаппуев Юрий, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ.
КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэр арэзы техъуащ Щыгъуэ-щIэж махуэр зэрекIуэкIыну программэм. Абы щыгъуазэ фыхудощI:
Накъыгъэм и 20-м сыхьэт 19-м Псэ жыгым деж Адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь щекIуэкIынущ. Сыхьэт 21-м ирихьэлIэу абдеж щыщIагъэнэнущ шэху уэздыгъэхэр.
Накъыгъэм и 21-м сыхьэти 9.30-10.00-м Налшык къалэ дэт ГъущI гъуэгу вокзалым деж цIыхухэр щызэхуэсынущ. СыхьэтипщIым абдеж къыIукIынурэ Лениным и уэрамым (Лениным – Балъкъэрым – ЩоджэнцIыкIум – КIыщокъуэм я уэрамхэм) цIыхубэр ирикIуэнущ. Псэ жыгым деж нэса нэужь, сыхьэт 11.40-м пэкIум щIидзэнущ.
Шу гупыр сыхьэти 9-м Ипподромым и гупэ утым деж щызэхуэсынурэ Псэ жыгым екIуэлIэнущ. (Абыхэм я гъуэгур: Мэлбахъуэм – Осетинскэм – Лениным – Балъкъэрым – ЩоджэнцIыкIум – КIыщокъуэм я уэрамхэрщ).
А махуэм сыхьэт 13-м Лъэпкъ музейм къыщызэIуахынущ абы и фондым къыхаха экспонатхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Апхуэдэуи Сэралъп Мадинэ и арт-унэм выставкэ дахэ къыщызэригъэпэщынущ, Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм фильмхэр щекIуэкIынущ.
Мы махуэхэм ирохьэлIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур. Накъыгъэм и 19-м къыдэкIыну «Адыгэ псалъэ» газетыр теухуауэ щытынущ ДАХ-м къикIуа гъуэгуанэм, зригъэхъулIа Iуэхугъуэхэм, дяпэкIэ къыпэщылъ къалэнхэм. Накъыгъэм и 21-м къыдэкIынущ Щыгъуэ-щIэж махуэм теухуа тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ), «Черкес хэку» (Черкесск) газетхэм я къыдэкIыгъуэ зэхэтхэр.