Новости

ХъыбарыфI зэхэтхмэ, абы дрогуфIэ.

Ди жагъуэ зэрыхъущи,  нобэ долъагъу коронавирусым дунейпсор  бэлыхь зэрыхидзар. Дунейм щикъухьа адыгэхэр щыпсэу хамэ къэралхэри зэрыт щытыкIэр тыншкъым, уеблэмэ шынагъуэщ. Иджыпсту къэрал псоми я къэлэн нэхъыщхьэу къалъытэр уз шынагъуэм земыгъэубгъунырщ,  цIыхухэм я узыншагъэр хъумэнращ.

Апхуэдэу Адыгэ Хасэхэм мы махуэхэм ялъэкI зыри къагъанэркъым. Псалъэм папщIэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэту  Сирием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и жэрдэмкIэ нэкIуIупхъуэхэр ядри Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм псоми хуагуэшащ. Къэрал унафэщIхэр Хасэм къыдэIэпыкъури ахъшэу мин 20 адыгэ унагъуэ къэс иратащ.

Ди хэкуэгъу лъапIэхэ! Псоми дыфщIоупщIэ, фыщыпсэу къэралхэм щыхъыбархэм дакIэлъоплъ. ХъыбарыфI зэхэтхмэ, абы дрогуфIэ.

Дэнэ щIыпIи щекIуэкI мы мыхъумыщIэр псынщIэу тщхьэщыкIыну, ди лъэпкъэгъухэр, дунейм цIыхуу тетыр мамыру, ефIакIуэу псэуну  Аллыхьым жиIэ.

 

 

Related posts

Leave a Comment