Новости

Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Псори   дегъэпIейтей

Махуи 100-м щIигъуащ «къызыхэкIыр къахуэмыщIэ пневмониер» (COVID-19-р) Китайм къызэрыщыхъейрэ. Абы лъандэрэ вирус гущIэгъуншэм дуней псор зэщIицIэлащ. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу коронавирусым зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщихьащ дуней псом. НобэкIэ COVID-19-р къызэуэлIа сымаджэхэм я бжыгъэр мелуанитIым нэблэгъащ, цIыху мини 120-м щIигъу илIыкIащ.

Дэтхэнэ къэралми иджыпсту щынэхъыщхьэр а уз зэрыцIалэм земыгъэубгъунырщ, абы къыхэкIыу псом япэу сабийхэр, школакIуэхэр, студентхэр яутIыпщащ. НыбжьыщIэ мелард 1,4-рэ егъэджэныгъэ Iуэхум пэIэщIэ щыхъуащ дунейм, цIыху куэд дыдэ хэхъуэншэу къэнащ, языныкъуэ къэралхэм я узыншагъэр щахъумэ IэнатIэм, дунейпсо экономикэм я лъэр щIиудащ, цIыху цIыкIум я гъащIэм зригъэхъуэжащ. ИджыкIэ зэрымыцIэлэн папщIэ къэралхэм щагъэува жыпхъэхэр нэхъ ткIий ящI, иныкъуэхэм ягъэмащIэ, зи Iуэху нэхъыфIхэм хуэм-хуэмурэ трахыж.

Дэтхэнэми и къалэн нэхъыщхьэр зыщ — цIыху нэхъыбэ кърагъэлыфын папщIэ эпидемием и зыубгъукIэр нэхъ тIасхъэ щIынырщ. Абы папщIэ щIыпIэ псоми къыщагъэсэбэп Iэмалхэм я нэхъыбэр зэщхьщ, щхьэж и Iуэху зыIутым теухуауэ хэкIыпIэщIэхэри къагупсыс.

Гу лъумытэу къанэркъым, псори зэкъуэувэу уз бзаджэм текIуэну зэрыхуейм. Лъэпкъ, къэрал, дунейпсо зэкъуэтыныгъэрщ пандемием укъезыгъэлыфынур. Ар жаIэ дохутырхэми, щIэныгъэлIхэми, политикхэми, журналистхэми.

Дэтхэнэ къэралри бэлыхь хэзыдза коронавирусыр зылъэмыIэсрэ имыгъэгузавэрэ дунейм тету къыщIэкIынкъым. Хамэ къэрал куэдым щикъухьа адыгэхэри пэщIэтщ вирусым, псори дызэрыт щытыкIэр гугъущ икIи шынагъуэщ, арщхьэкIэ щхьэж щыпсэу къэралым, хэгъэгум елъытауэ и Iуэхур нэхъ тыншщ е нэхъ хьэлъэщ. Тыркум, Нидерландхэм, Германием, Израилым, Канадэм, Америкэ Штат Зэгуэтхэм, Иорданием, Чехием, Франджым, Инджылызым щыпсэу ди нэхъыжьыфIхэмрэ ди ныбжьэгъухэмрэ мы махуэхэм ИнтернеткIэ дащIэупщIащ, къытщIэупщIащ, я Iуэху зыIутымкIэ къыддэгуэшащ.

 Къущхьэ Догъэн (Тырку, Истамбыл):

— Тыркум иджыри къэс коронавирус уз зэрыцIалэр пкърыту гурыщхъуэ хуащIу цIыху мин 443-м тест ирагъэтащ. Абыхэм ящыщу мин 65-р сымаджэу къахутащ. ЦIыху 1403-рэ илIыкIащ вирусым. ЦIыху 2020-р хъужри, сымаджэщым къыщIатхыкIыжащ.

Хуабжьу ди жагъуэ хъуащ сымаджэщым медсестрауэ щылажьэ адыгэ хъыджэбз цIыкIу узыр къеуалIэу зэрилIыкIар. А пщащэм фIэкIа ди лъэпкъэгъухэм ящыщ вирусым ихьауэ зэхэсхакъым. Си благъэхэм, си ныбжьэгъухэм ящыщ дохутырхэм коронавирусыр къызэуэ-лIа яхэтщ, ауэ ахэр хъужащ.

Къэралым щыщыIэ щытыкIэм и гугъу пщIымэ, унафэ щыIэщ зи ныбжьыр илъэс 20-м нэмысахэмрэ илъэс 65-м фIэкIахэмрэ уэрамым къытехьэ мыхъуну. Ар хъарзынэу ягъэзащIэ, псом хуэмыдэу адыгэхэм жэуаплыныгъэ яхэлъщ. АбыкIэ ди щхьэ дыщытхъуж хъунущ. КъищынэмыщIауэ, дохутырхэм сытым дежи дыкъыхураджэ къабзагъэм дытетыну, ди Iэхэр ттхьэщIыну. Ди лъэпкъэгъухэр нэхъ я щхьэ егугъужу щытщ, абыи и фIагъ къыдэкIыу согугъэ.

Дызыхэхуа бэлыхьым хэщIыныгъэ димыIэу дыкъыхэкIын папщIэ, унэм дыщIэсын хуейуэ аращ. Сэри къыхузоджэ псори абы тетыну. Мы махуэхэм, унэм щIэсхэм я зэш тезгъэун мурадкIэ, пшынэ макъыр щIэту уэрэд жысIэу Интернетым къислъхьати, дэни щызэбгрыкIащ, къыщIэупщIэр куэд хъуащ. Абы къыхэкIыу иджы пщыхьэщхьитI-щым зы уэрэдыжь яхузоутIыпщ, я гум жьы дезгъэхуну, я гукъыдэжыр къэсIэтыну. Ар дяпэкIи езгъэкIуэкIынущ, хэкум зэрынэсари си гуапэ хъуащ. Адыгэхэм зыгуэркIэ сахуэщхьэпэмэ, гуапэ лей сщыхъунущ!

*   *   *

Хьэткъуэ Фатхьи (Нидерландхэр, Амстердам):

— Дунейм къыщекIуэкI уз зэрыцIалэм иубыд къэралхэм я бжыгъэм махуэ къэс къыхохъуэ, сымаджэхэри нэхъыбэ хъу зэпытщ. Нидерландхэм епщыкIузанэ увыпIэр яIыгъщ. Ди къэралым щызэрыцIэлахэм я бжыгъэр мин 28-м нэблэгъащ. ЛIэныгъэ щымыIэн, цIыху гъащIэр яхъумэн папщIэ къэрал унафэщIхэм ялъэкI къагъанэркъым. ЦIыхухэр зытетын хуей жыпхъэхэр телевизоркIэ къат, зэрызытхъумэжыпхъэм дыщагъэгъуазэ. Си щхьэкIэ си фIэщ мэхъу цIыхухэр Iуву зэхуэмысмэ, зэрыцIали зэрыщымыIэнур. АбыкIэ икъукIэ IэмалыфIщ унэм ущIэсыныр. Сэ си унэ сисыжщ, тхьэмахуэм зэ сыщIэкIыу аращ. Си ныбжьэгъухэм, цIыхугъэхэм ящыщу сымаджэ хъуа зэхэсхакъым, псори зэрызыкIэлъыплъыжыным иужь итщ.

Мэлыжьыхьым и 4-м хэкум сынэкIуэжыну билетхэр къэсщэхуауэ къежьащ мы емынэр. Си мурадхэр къызэпиудащ. Тхьэм жиIэмэ, гъэмахуэкIэм сынэкIуэжынущ, си адэжь лъахэм зыщысплъыхьыну. Илъэсым зэтIэу Налшык, Мейкъуапэ зэзмыгъэлъагъуу хъуркъым. Коронавирусым ягъэкIэ мызыгъуэгукIэ къызэхъулIакъым. Тхьэм жиIэмэ, ари кIуэдыжынщи, ди гъуэгухэр хуиту зэIуахыжынщ.

*   *   *

Къумыкъу Уэхьбий(Германие, Берлин):

— Китайм къыщежьа мы уз зэрыцIалэр, адрей къэралхэми хуэдэу, япэщIыкIэ щIагъуэ дыдэу кърамыдзэу щытащ. Ауэ Германиеми къыщысым, тхьэмахуищ ипэ унафэ ящIри, псом япэу университетхэр, школхэр, сабий гъэсапIэхэр яутIыпщащ. ШхапIэ, щхьэцщIэщапIэ хуэдэхэри зэхуащIауэ, Iэмал имыIэу лэжьэн хуейхэр я IэнатIэхэм пэрытщ.

Сэ университетым техникэ Iуэхум ехьэлIауэ сыщолажьэ. ЯпэщIыкIэ концерт щекIуэкI пэшыр зэхуащIащ, итIанэ цIыху 50 нэхъыбэ зыщIэс семинархэр трахащ, иужькIэ студент тIощI нэхъыбэ къыщIэмыхьэу ящIащ, иужьым зэхуащIыпащ. Иджыпсту псори онлайн лэжьэкIэм дытету аращ. Сипхъу Жанеи и щIэныгъэр щыхигъахъуэ университетыр апхуэдэщи, унэм щIэсу йоджэ.

Адрей къэралхэми хуэдэу, карантиным нэхъ дыкъригъэлыну щагъэуващ Германиеми, унэм дыщIэсыныр унафэу тхуащIащи, абы дытетщ. Пэжщ, къалэхэм, жылэхэм щыщыIэ щытыкIэм елъытауэ, хабзэ щхьэхуэхэр щыIэщ. Иджыпсту МюнхенкIэ Iуэхур щынэхъ хьэлъэщ, сымаджэхэми, коронавирусым илIыкIхэми я бжыгъэр щынэхъыбэщ. Берлин тIэкIу щынэхъ мащIэщи, паркым къыщызыкIухьхэри, щэхуакIуэ кIуэхэри уолъагъу. Хьэуа къабзэкIэ дыбэуэн, ди лъакъуэм лъы илъэдэн папщIэ, махуэм зэ дыщIокI, цIыху зытхухыурэ узэхэмыувэмэ, хабзэм и хъумакIуэхэми зыри къыбжаIэнукъым. НэкIуIупхъуэ зыIулъи, зыIумылъи уэрамым дэтщ.

Къапщтэмэ, нэмыцэм и узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр хуабжьу лъэрыхьщи, пэлъэщыфыну согугъэ пандемием. ЗэрыцIалIэ щыIэми, узым зыIэщIилъхьа яхэтми, фIым дыщогугъ, зэкIэ апхуэдэ гужьеигъуэ дыхэхуакъым. Уеблэмэ гугъэ щыIэщ, дызыхуэкIуэ тхьэмахуэм жыпхъэхэм ящыщ зыкъом Iуахыжыну, IуэхущIапIэхэм лэжьэн щIрагъэдзэжыну. ЗэкIэ хьэрычэтыщIэ Iуэху мащIэхэмрэ курытымрэ къызэтрагъэувыIащ, ауэ абыхэм къэралым хъарзынэу защIегъакъуэ. Ди щIалэм фитнес-клуб егъэлажьэри, Iуэхум нэхъ хызощIыкI. ЦIыхуитхум нэс зыгъэлажьэ хьэрычэтыщIэхэм мазэ къэс еврэ мини 9 ират, цIыхуипщIым нэс зыгъэлажьэхэм — еврэ мин 15. IуэхущIапIэ нэхъ ин зиIэхэм процент темыхьэу кредит ират.

Мы махуэхэм, фэ фызэрыщыгъуазэщи, нэмыцэхэм IутIыжым ехьэлIа махуэшхуэхэр ягъэлъапIэ, псори къаутIыпщащ, дэсхэщ. Иджы хуэдэращ гъэ къэс Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалыр щызэхэтшэр, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар мы гъэм екIуэкIынукъым.

Iуэхур гугъуми, нэхъыфIым дыщыгугъынращ къытхуэнэжыр. Дэ ди цIыхугъэу, ди ныбжьэгъуу, ди Iэгъуэблагъэм щыпсэухэм ящыщу зэкIэ зы адыги сымаджэ хъуауэ зэхэтхакъыми, абы дрогуфIэ. ХэкумкIэ щыIэ хъыбархэми дакIэлъоплъ. Псори Тхьэм дыкъихъумэ!

*   *   *

Нэпсо Закарие(Израиль, Кфар-Камэ):

— Кфар-Камэ дэсхэми, Израилым адыгэу исми къабгъэдэкIыу хэкужьым исхэм сэлам гуапэ язох, сащIоупщIэ. Зэман гугъущ иджыпсту дызыхэпсэукIыр, псоми зытхъумэжыныр, ди щхьэ, ди унагъуэ дыхуэсакъыжыныр ди фарзщ. Тхьэм и фIыщIэкIэ Израилым ис адыгэхэм зэкIэ къыджьэхэуакъым уз Iейр.

Журт къэралыгъуэм и IэнатIэхэм я процент 30-ращ иджыпсту лажьэр, адрейхэр псори яутIыпщауэ унэм щIагъэсщ, зэрымыцIэлэн папщIэ. ЦIыху Iув щызэхуэс Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкIыркъым, еджапIэхэр зэхуащIащ, Iэмал имыIэу лэжьэн хуей IуэхущIапIэхэращ зи бжэр зэIухар.

Дызэрыс къэралым и унафэщIхэм жаIэр къызыхуэтыншэу догъэзащIэ. Коронавирусым зимыубгъун папщIэ щIапхъэу дохутырхэм къагъэувхэм дытетщ.

Кфар-Камэ жылэм дэс псоми ди нэIэ ятетщ жысIэмэ, пцIы супсынукъым. Дэтхэнэ зыри хабзэм тету мэпсэу. Зыгуэр хуэныкъуэ зыри дэскъым жылэм. Ныбжь зиIэхэм, сабий цIыкIу зэрыс унагъуэхэм зыхуейхэр яхудощIэ, щIалэгъуалэ гуп IуэхутхьэбзащIэу зэхуэсащи, хэт дежи нос.

ЗэкIэ гуныкъуэгъуэ диIэкъым, иджыпсту зэрекIуэкIым хуэдэу иухтэмэ, хъарзынэт. Абы щхьэкIэ дэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым. Тхьэм гущIэгъу къытхуищIыну долъэIу.

*   *   *

СтIащ Орфан(Канадэ, Ватерло):

— Вирусыр Канадэм къызэрысрэ тхьэмахуиплI мэхъу. Ди къэралми занщIэу еджапIэхэмрэ лэжьапIэхэмрэ щызэхуащIащ. ЦIыху зэхыхьэ щыIэкъым, зрихьэлIэхэри зэпэIэщIэу фIэкIа зэпсалъэркъым. ШколакIуэхэм я гъатхэ зыгъэпсэхугъуэр иуха нэужь, онлайн еджэныгъэм техьащ, университетхэри абы хуэкIуащи, илъэсым и кIэ хъуху апхуэдэу еджэнурэ, экзаменхэри онлайну ятынущ.

НобэкIэ къапщтэмэ, Канадэм щыпсэу цIыху мин 20-м нэблагъэм COVID-19-р япкърыту къалъытащ, абыхэм ящыщу нэрыбгэ 600 дунейм ехыжащ.

Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, уз къызыпкърыхьахэми илIыкIахэми зэкIэ адыгэ яхэткъым, Тхьэм и шыкуркIэ. Алыхьым дыщыгугъынщ хэщIыныгъэншэу гугъуехьыр къызэднэкIыну.

Канадэм адыгэу нэрыбгэ 600 хуэдиз исщ, псори дызэрощIэ, щIэх-щIэхыурэ дызопсалъэ, мызыгъуэгукIэ я Iуэхур тэмэмщ.

*   *   *

КIэдыкIуей Батыр(США, Нью-Йорк):

— Коронавирусым нэхъ шынагъуэу зыщиубгъу къэралхэм япэ ищащ Америкэр. Сэ сыщыпсэу Нью-Йорк гузэвэгъуэшхуэщ къыщекIуэкIыр. Сымаджэ хъур апхуэдизкIэ куэдщи, сымаджэщхэм щIэхуэркъым, зэрагъэбауэ аппаратхэр яхурикъуркъым, вирусыр хьэлъэу къызэуалIэу илIыкIхэр куэд дыдэщ.

Си ныбжьэгъу адыгэ щIалэ ХьэкIурынэ Абдулыхь, медицинэмкIэ факультетыр къиухауэ, мы илъэсым сымаджэщым лэжьыгъэм и пIалъэ щызригъащIэу аращ. Ар жэщи-махуи зэрылажьэр солъагъу, хуабжьу гугъу- ехьышхуэ хэтщ дохутырхэр.

Адыгэхэр щымащIэщ Нью-Йорк. Ахэр нэхъыбэу щыпсэур Нью-Джерси штатырщ, абы и Iэгъуэблагъэ къалэ цIыкIухэращи, зыкIэлъыплъыжыну, цIыху Iув яхэмыхьэну нэхъ Iэмал яIэщи, я Iуэхур апхуэдэу шынагъуэ дыдэкъым. ИкIи я нэхъыбэр унэ лъапсэ дэсщи, къыщIэкIыу я Iэпкълъэпкъым зрагъэукъуэдий мэхъури, ари гурыфIыгъуэщ абыхэм я дежкIэ.

ЦIыхуитI сымаджэ хъуауэ зэхэсхащ, лIа зыри яхэткъым, Тхьэм и шыкуркIэ.

Си адэ-анэр щыпсэу Калифорние штатми Iуэхур щыщIагъуэркъым, абыи щыкуэдщ зэрыцIэлахэр. Адыгэ унагъуэ 500 хуэдиз дэсщ Калифорнием, псори зэрощIэхэ, зэдоIэпыкъуж. ДэкIын хуей хъумэ, хуэсакъыу захуапэ, нэкIуIупхъуэхэр зыIуалъхьэри, я Iуэху зэфIагъэкI. Си лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу щIыпIэхэм деж зыщахъумэжыфри, Алыхьым шыкур хузощI.

Сэ Нью-Йорк щыслъагъур гузэвэгъуэшхуэщ. ЦIыху мелуанибл лэжьапIэншэ щыхъуащ къэралым. Ауэ унэм щIэсу лажьэ куэди щыIэщ. Сэри компьютеркIэ унэм сыщылажьэу аращ. ЗэкIэ шхынкIэ, мылъкукIэ гузавэ щыIэкъым, къэралыр дэIэпыкъуэгъу мэхъу, вирусращ цIыху цIыкIур зытекIуадэр.

ЗэрагъэхъыбарымкIэ, накъыгъэм и пэщIэдзэм, икухэм Iуэхур нэхъыфI хъужыну жаIэ, Дэнэ щIыпIи щекIуэкI мы мыхъумыщIэр щIэх тщхьэщыкIыну, ди лъэпкъэгъухэр дуней мамыр щыпсэуну аращ Аллыхьым сызэрелъэIур.

*   *   *

ПщыхьэщIэ Симэ(Иордание, Амман):

— Ди жагъуэ зэрыхъущи, Иорданиеми къэсащ коронавирусыр. ЦIыхухэр, шэч хэмылъу, егъэгузавэ. Гъатхэпэм и 16-м щегъэжьауэ карантин дагъэкIуащ, IуэхущIапIэ псори зэхуащIащ, шхын зыгъэхьэзыр, зыщэхэм фIэкIа къэмынэу. Пщэдджыжьым сыхьэтыр 10-м щегъэжьауэ сыхьэти 6 хъуху, тыкуэным укIуэ хъунущ, ари унагъуэм щыщу зы щIэкIын хуейуэ аращ. Къалэхэр зэхуэщIащ. МашинэкIэ зыщIыпIэ укIуэн хуеймэ, Iэмал имыIэу зебгъэтхын хуейщ, хуитыныгъэ къузэратам щыхьэт техъуэ картэ пIыгъмэ, уежьэ хъуну аращ, армыхъумэ, штрафу доллар 250-рэ уагъэтынущ, машинэри птрахынущ.

Къапщтэмэ, цIыхухэр жыIэдаIуэщ, унэм щыщIэсын хуейм щIэсщ, щыщIэкI хъунухэм щIокI. Сыхьэт 48-кIэ, махуитIкIэ, зы цIыху щыщIамыгъэкIаи къытхуихуащ.

ЛIыжь-фызыжь зи закъуэ къэна, уигу зыщIэузын щыIэкъым Иорданием. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Кавказым исхэм ещхьщ абыкIэ хьэрыпхэр, адэ-анэр, адэшхуэ-анэшхуэр IэщIыб ящIыркъым. Псоми якIэлъыплъын яIэщ, я бынхэм я гъусэу мэпсэури, зыхуей хуозэ.

ЗэрыжаIэмкIэ, тхьэмахуитIкIэ, вирус къызыпкърыхьа зыри къытхэмыкIмэ, карантиныр трахыжынущ, къалэ гъуэгухэр зэIуахыжынущ. Мэлыжьыхьым и 24-м нэщI мазэм щIедзэ, ар муслъымэнхэм я дежкIэ Iуэхушхуэщи, псори Тхьэм йолъэIу, апщIондэху мы бэлыхьыр кIуэдыну. Тхьэм жиIэмэ, къыдэхъулIэнщ нэщI мазэри зыхуей хуэзэу етхьэкIыну, гугъуехьыншэу дынэщIыну.

Коронавирусыр хуабэм щышынэу жаIэ, ди дежкIэ иджыпсту градус 24 — 25-рэ щыIэурэ йокIуэкIри, арагъэнщ зыщIыщимыубгъущэр, дяпэкIи нэхъ хуабэ хъууэрэ кIуэнуращи, нэхъыфIым дыщыгугъынщ.

*   *   *

Темыр Мурат (Чехие, Прагэ):

— Коронавирусыр Чехием къыщагъэувыIауэ жаIэ IэщIагъэлIхэм. НобэкIэ ар зыпкърыт сымаджэхэм я бжыгъэр 5500-м щхьэдэхащ, илIыкIахэр 100-м щIигъуащ. Зы мазэм щIигъуауэ къызэрымыкIуэ щытыкIэм итщ къэралыр, зэхэзекIуэр къызэтрагъэувыIащ. Иджыпсту лажьэр ерыскъыщапIэхэмрэ хущхъуэщапIэхэмрэщ. ДяпэкIэ нэхъ хуит къащIыжыну догугъэ.

Къэралым и гъунапкъэхэр зэхуэщIащ. Уэрамхэм, цIыху зэблэкIыпIэхэм нэкIуIупхъуэ пIумылъу утехьэ хъунукъым. Ар пIумылъмэ, тезыру еврэ 800-м нэс къыптралъхьэнущ, карантиным къигъэув хабзэхэм ящыщ къызэпыбудамэ, еврэ миным щIигъу уагъэтынущ. Апхуэдэ щапхъэхэри щыIэщ. Хабзэ ткIийм тету мэпсэу Чехиер, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэралым щагъэнэхъапэр цIыху гъащIэр хъумэнращ.

*   *   *

Лу Иринэ(Франджы, Париж):

Франджым гъатхэпэм и 17-м щыщIэдзауэ карантин щокIуэкI. Блыщхьэ кIуам ди къэралым и президент Макрон Эммануэль цIыхухэм захуигъэзащ икIи карантиныр накъыгъэм и 11 пщIондэ зэрекIуэкIынур жиIащ.

COVID-19-р зыпкърытхэр, сымаджэ хьэлъэхэр щыкуэдщ Франджым, реанимацэхэм цIыхухэр щIэхуэжыркъым. Иджыпсту тест зыхуащIыр дагъуэ зиIэ бзылъхугъэхэмрэ сымаджэ хьэлъэ дыдэхэмрэщ. Адрей псоми терапевтым видеозэпыщIэныгъэкIэ зыхуагъазэу аращ.

ЦIыхум илажьэхэмкIэ коронавирус пкърыту терапевтым къихутамэ, COVID-19 IуэхущIапIэм щрегъэтхри, махуэ къэс къэпсалъэурэ уи узыншагъэм къыкIэлъоплъ. Сымаджэщым ущашэр умыбэуэфу хьэлъэ дыдэ ухъумэщ.

Унэм ущIэкIыну ущыхуитыр формуляр къыдэпхмэщ, ар Iэмалыншэ мыхъуауэ къуатыркъым. Хьэуам ухэтыну ухуеймэ, уи унэм зы километр нэхърэ нэхъ жыжьэ уIумыкIыу зы сыхьэткIэ къэпкIухь хъунущ.

Си благъэ щIалэ мы махуэхэм егъэсымаджэ коронавирусым, си лэжьэгъухэм ящыщ зыбжанэ илIыкIащ. Париж Iуэхур щынэхъ хьэлъэ щхьэкIэ, адрей къалэхэм, щIыналъэм нэхъ зыщахъумэжыфу жаIэ, сымаджэр щынэхъ мащIэщ. Карантиным и мардэхэм ткIийуэ тетщ франджыхэр, дэ мазэм къриубыдэу тIэу дыщIэкIауэ аращ унэм. Ди щхьэр тхъумэжын, IэнатIэ гугъуехьым пэрыт дохутырхэм дадэIэпыкъун хуейуэ аращ унэм дыщIэмыкIыу.

*   *   *

Айдемыр (Ныбэжь) Таисэ (Инджылыз, Лондон):

— Коронавирус уз зэрыцIалэм къэрал куэд бэлыхь хидзащ, дэтхэнэми зэрызыщиужьыр нобэкIэ зэщхькъым. Инджылызыр къапщтэмэ, къэрал унафэщIхэр япэ махуэм щегъэжьауэ иужь ихьащ я цIыхухэр COVID-19-м емыгъэубыдыным, иужькIэ, Iэмал зэриIэкIэ, цIыху нэхъ мащIэ фIэкIа емыгъэцIэлэным елэжьащ. Ауэ эпидемие IэубыдыпIэншэм закъригъэцIыхуащ инджылызхэми, сымаджэ хъуахэм я бжыгъэмкIэ, мы къэралым етхуанэ увыпIэ  щиIыгъщ  дунейм.

Дауэ мыхъуми, цIыхухэр, я гурэ я щхьэрэ зэтелъу, пандемием пэщIэтщ. Ар тегъэчыныхьауэ жысIэфынущ махуэ къэс слъагъум, зэхэсхым теухауэ. Гузэвэххи, гужьеигъуи ядэслъэгъуакъым зыми. Къэралым карантин щагъэуващ, ауэ цIыхухэр унэм щIэс зэпыткъым. Iэмал имыIэу лэжьэн хуей IуэхущIапIэхэр къагъанэри, адрейхэр зэхуащIащ, зэштегъэупIи, шхапIи, парки зыри лажьэркъым. Ауэ къэрал кIуэцIым кхъухьлъатэхэми къыщалъэтыхь, мафIэгухэр, автобусхэр щызокIуэ. Пэжщ абыхэм ныбжьыщIэ куэд ису плъагъунукъым, ауэ Iэмалыншэу Iуэху къызылъыкъуэкIхэм зэфIагъэкIыну Iэмал ягъуэт.

Инджылызхэм спортым мыхьэнэшхуэ ират. Абы къыхэкIыу, зи щIалэгъуи нэхъыжьыIуи къажыхьу, я Iэпкълъэпкъым зрагъэукъуэдийуэ щIыпIэ хэхахэм куэду щыболъагъу, хьэхэр кърашэкIыу, хьэуа къабзэкIэ бауэу уарохьэлIэ.

Сэ си щхьэ IуэхукIэ сыщыдэкI, тыкуэным щэхуакIуэ сыщыкIуэ щIэх-щIэхыурэ къысхуохуэри, гу зылъыстаращ: инджылызхэр хабзэм тет, хуабжьу зыхуэсакъыж лъэпкъщ икIи егъэлеяуэ зэхуэгуапэщ, пщIэ зэхуащI. НэкIуIупхъуэхэр яIулъу къакIухь. Тыкуэным псори зэуэ щIыхьэкъым, зырызыххэу фIэкIа, чэзум пэплъэхэр щIыбым дэту аращ, метр тIурытI я зэхуакуу. Ауэ щыхъукIи, гужьеяи, тэмакъкIэщIи, нэщхъыци урихьэлIэнукъым, щытыкIэ гугъур зытрамыгъэхьэлъэу зэхуэгуфIэу, зэхуэгумащIэу щхьэщэ зэхуащIу апхуэдэхэщ.

ТелевизорымкIэ къит хъыбархэм тепщIыхьмэ, нобэкIэ Инджылызым щызэрыцIалэхэм я бжыгъэм хэщIу щIидзащи, абы ирогуфIэ. Накъыгъэр къэсыху гуныкъуэгъуэр ящхьэщыкIыну мэгугъэри, цIыхухэр нэхъ нэжэгужэ къищIауэ къысщохъу.

 НэщIэпыджэ  Замирэ.

 

Related posts

Leave a Comment