ДАХ-м и зэIущIэ
Я мурадхэри зыгъэгумэщIхэри лъэныкъуэ ирамыгъэзу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсыр иджыблагъэ Налшык къалэ махуитIкIэ щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу республикэм и щыхьэрым щызэхэта зэIущIэшхуэм кърихьэлIащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Апхуэдэу зэхэсым жыджэру хэтащ Тыркум, Европэм, Иорданием, Сирием, Израилым щыIэ Адыгэ Хасэхэм я унафэщIхэмрэ Iуэхузехьэхэмрэ.
ДАХ-м и зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэсанэ Аслъэн, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыр зехьэнымкIэ, щIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и къудамэм и унафэщI ТекIушэ Артур, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и лIыкIуэхэу Бажэ Дотийрэ Мэртазэ Залымрэ, ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу Къуэдзокъуэ Анатолэ, нэгъуэщIхэри.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым, блэкIа мазищым къриубыдэу адыгэхэм хэщIыныгъэ куэд зэраIам, дунейр зэщIэзыщта узыфэм и шынагъэр иджыри цIыхухэм зэращхьэщымыкIам и гугъу ищIащ. «Гуауэри гуфIэгъуэри зэIэпэгъущ, жыхуаIэращи, дунейм ущытеткIэ, тIури плъагъунущ, тIури зыхэпщIэнущ. Ауэ жылэм и гупсысэр зыунэтIыф, и лъэпкъ щIэжыр мыужьыхыжу зыгъэблэф цIыхухэр щыпхэкIыжым деж зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Зыгуэр къыгурыIуэ зэрыхъурэ хэкупсэу, игури и щхьэри адэжь лъахэм епхауэ зи гъащIэр зыхьа Къардэн Самир дунейм зэрехыжрэ куэд щIакъым. Ар къыщацIыхуу щытар къыщалъхуа Иорданием и закъуэкъым, атIэ Хэкуми фIыуэ къыщащIэрт, и IуэхущIафэ дахэхэм щыгъуазэт. Самир адыгэбзэр дахэ Iурылъащ, цIыхугъэ лъагэ зэрихьащ, щыпкъагъэ хэлъащ. НэхъыжьыфIым и акъылым, и Iуэху зэпэлъытыкIэм, и дуней еплъыкIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу акъылрэ ущиеу зэхэлът. Урысеймрэ Иорданиемрэ я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным, лъэныкъуитIми щыпсэу адыгэхэр зэкIэлъыкIуэ хъуным къызэрымыкIуэу къаруушхуэ ирихьэлIащ. Ар Къардэн Самир къехъулIат, иджы щIэмыужьыхэжу дэ адэкIэ дгъэкIуэтэн хуейуэ хьэкъ диIэщ. Ди япэ ища тхьэмадэ Iумахуэм и хьэдрыхэ фIы хъуну, и ужьри адыгэм махуэ тхуэхъуну долъаIуэ», – жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Къызэхуэсахэр дунейм ехыжам хуэщыгъуа нэужь, ДАХ-м и Тхьэмадэм зэIущIэм адэкIэ къыпищащ. Сэхъурокъуэ Хьэутий и къэпсэлъэныгъэм ДАХ-р иужьрей зэманым зыхэта Iуэхугъуэхэм, зыхуигъэувыжа къалэнхэм ящыщу зэфIигъэкIа лэжьыгъэм, къыхилъхьа жэрдэмхэм я гугъу щищIащ. Псалъэмакъыр видеотеплъэгъуэхэмкIэ щIигъэбыдыхьыжурэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ ДАХ-р Урысейм щызэхаша зэIущIэ зыбжанэм зэрырагъэблэгъар. Апхуэдэу ДАХ-м и лэжьакIуэхэр УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым и зэхуэсым, «УФ-м иригъэкIуэкI лъэпкъ политикэм и стратегиер 2025 гъэ пщIондэ» къэрал программэм ипкъ иткIэ бзэхэм яIэ хуитыныгъэхэр къэгъэсэбэпын, ахэр хъумэн икIи зегъэужьын зэрыхуейм ехьэлIа Iэнэ хъурейм, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ Горчаков Александр и цIэр зезыхьэ фондым къызэригъэпэщу жылагъуэ лэжьакIуэхэм папщIэ зэхиша курсхэм, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Ассамблеем и щIэнIуатэм хэтащ. Абы къищынэмыщIауэ, Сэхъурокъуэ Хьэутий и гуапэу тепсэлъыхьащ Сосналы СулътIан и фэеплъу ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэхэм, Адыгэ ныпым и махуэм ирихьэлIэу зэхаша гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм, КъШР-м къикIа сабийхэм я нэгузегъэужь зекIуэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм папщIэ къызэрагъэпэща зыгъэпсэхупIэхэм ДАХ-м и гуащIэ зэрыхилъхьам, уеблэмэ жыджэру зэрыхэтам.
Сэхъурокъуэ Хьэутий Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ ныбжьыщIэхэм я къэкIуэкIэ хъуам щытепсэлъыхьым, КъШР-м щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий псалъэ иритащ, жэрдэмыр къызыхэкIам и гугъу ищIыну. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, щIыналъитIым щыпсэу адыгэхэр зэрыцIыхуныр, нэхъыбэрэ зэхыхьэныр нэхъыжьхэм нэсу яхуэмыгъэзащIэ къалэну къонэ.
«Дыпсэлъамэ, зы бзэ т1урылъу, зы хабзэ зетхьэу жыдоIэ. Апхуэдэу щыт пэтми, ди щIалэгъуалэр зэлъэIэсу, зэкIэлъыкIуэу, куэдрэ зэрылъагъуу пхужыIэнукъым. Пэжщ, интернет Iэмалхэр щыIэщ. Ауэ нахуэу ущызэхыхьэмрэ пэIудзауэ ущызэрыщIэмрэ зыкъым. Дэри гъэмахуэ мазищым зызыгъэпсэху сабийхэр Псыхуабэ е Шэткъалэ кIуэрэ парк гуэрым зыщаплъыхьу я унэ кIуэж нэхърэ, Къэбэрдейм къатшэмэ, мыбыкIэ щыIэ щIыпIэ дахэхэр едгъэлъагъумэ, мыбдеж щыпсэу адыгэхэр зэрыпсалъэ бзэр зэхедгъэхмэ, игъуэу къэтлъытащ. Фи фIэщ фщIы «Уарэ, Къэбэрдейм щыпсэухэри дэ тхуэдэ дыдэу мэпсалъэ» жыIэгъуэм къаруушхуэ зэриIэм – Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу сабийхэм а псалъэхэм къыхалъхьэ фIэщхъуныгъэр ДАХ-р зи ужь дит лъэпкъыр зэкъуэувэным хуабжьущ зэрытелажьэр. Дэри апхуэдэ IуэхущIэкIэм къикIыр долъагъури, а гъуэгум зедгъэубгъунущ, Къэбэрдейм и мызакъуэу, Адыгэ ХэкумкIи тшэуэ, абыкIэ щыIэ дахагъри ядгъэлъагъуэну дыхэтынущ», – жиIащ Аслъэн Алий.
НэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм папщIэ къызэрагъэпэща зыгъэпсэхупIэм и Iуэхур зэрыхъуам теухуауэ Сэхъурокъуэм КIурашын Анзор псалъэ иритащ. «Мы гъэм ди мурадхэр псори дызэрыхуейм хуэдэ дыдэу къыдэхъулIакъым, ауэ къыхэтлъхьа жэрдэмыр зэрымыужьыхынми дыхущIэкъуащ. Сабий зыгъэпсэхупIэм я нэгу зыщрагъэужьащ Мэздэгурэ абы и Iэгъуэблагъэм щыIэ адыгэ къуажэхэмрэ къикIахэм, Щам къикIыжу Хэкум къихьэжа ди лъэпкъэгъухэм, Шэткъалэ (Ставрополь) щыпсэухэм я щIэблэм. Коронавирусысрэ дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэхэмрэ я щхьэусыгъуэу хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я сабийхэр мы гъэм къагъэкIуэфакъым, ауэ дыщогугъ етIанэгъэ щытыкIэр зэтес хъужу дызыхущIэкъу Iуэхухэр къыдэхъулIэну», – жиIащ министрым.
БлэкIа мазищым къриубыдэу ДАХ-р зыхэта Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьа нэужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ лъэпкъым ифI зыхэлъ сыт хуэдэ лэжьыгъэми Iэмал хэлъхьэн икIи гъуэгу етын зэрыхуейр, ауэ и бзэмрэ и хабзэмрэ хъумэным хуэунэтIауэ щыIэ жэрдэмхэм япэ игъэщыпхъэ зэрыщымыIэр.
– Адыгэр лъэпкъыу къызэтезынэнур и анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъыщхьэр зы къуэпсу зэзышэлIэж хабзэмрэщ. Къэралым къыдит Iэмалхэри, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я къарури хэтлъхьэу ахэр хъумэн хуейщ. Ауэ хъумэнкIэ ди къалэнхэр зэфIэкIыркъым, ахэр едгъэфIэкIуэну икIи зедгъэужьыну хьэкъ диIэщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, илъэс зыбжанэ хъуауэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм IэмалыфI къыдет бзэр зэзыгъэщIэну хуейхэм ар пэIудзауэ къахузэзыгъэпэщ курсхэр зэхэтшэну, абыхэм хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къыхэтшэну. Сызытепсэлъыхьыр адыгэбзэм и закъуэкъым, а курсхэм щызэбгъэщIэфынущ урысыбзэри. Мы жэрдэмым зегъэубгъун хуей фIэкIа, щыщIэныгъэ иIэкъым, щIэупщIэшхуэ ягъуэтащ, къыхыхьэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ, – жиIащ Сэхъурокъуэм.
АдэкIэ псалъэмакъым къыпищащ ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат. Ар тепсэлъыхьащ адыгэбзэр зэраджын тхылъхэр хьэзыр зэрыхъуам, ахэр ныбжьыщIэхэм зэрырагъэджыну программэхэри къэралым къызэрищтам. Щоджэным къыхигъэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм жэрдэмыщIэ къызэрыхилъхьам. Ар зи еджапIэ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр зэк1уал1э IуэхущIапIэхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэр анэдэлъхубзэкIэ зэрыщызэтраублэну проектщ. Iуэхур ежьа къудейщ. Ауэ мы зэманым мыхьэнэшхуэ зиIэ а гукъэкIыр зэщIа хъун папщIэ гъэсакIуэхэр зэрылэжьэну программэхэр зэхагъэувэ, методикэ Iэмалхэм йолэжь. Абы къищынэмыщIауэ, ДАХ-мрэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ я жэрдэмкIэ, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм тхьэмахуэм къыхэхуэ зыгъэпсэхугъуэ махуэм къищынэмыщIауэ онлайн-еджэныгъэхэр зэрыдрагъэкIуэкIым и гугъу ищIащ.
Адыгэбзэр пэIудзауэ егъэджыным и гугъу щищIым, Табыщ Мурат къыхигъэщащ курсхэр гупищу зэрызэхэтым: Тыркумрэ Европэмрэ щыщу бзэр зыщIэу зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуэну хуейхэм, Тыркумрэ Европэмрэ щыщу бзэр зымыщIэхэм, Иорданием щыщхэм я гупу зэрызэхэдзам. Дэтхэнэ зы гупри методикэ щхьэхуэм тету мэлажьэ, нэхъыщхьэу хэтри псэлъэным хуегъэсэнырщ. «Пэжщ, тхэкIэрэ еджэкIэрэ ямыщIэу ар гугъущ зэбгъэхъулIэныр, ауэ бзэ хабзэхэм куууэ хэмыIэбэ, жьабзэм и Iэмалхэр нэхъ зышэщI егъэджэкIэм щыри къызэдебгъэубыдыну Iэмал къует. Мы лъэхъэнэм гупищми зэщIыгъуу цIыхуи 164-рэ къокIуалIэ. Абыхэм яхэтщ Тыркум, Иорданием, Мысырым, Алжирым, Германием, Венгрием, Финляндием, Австрием, Кипрым, Канадэм щыпсэу адыгэхэр. Псоми еджэкIэрэ тхэкIэрэ зрагъэщIащ, къэбгъэIу макъым и дамыгъэр щыуагъэ къыхэмыкIыу ятхыну зэфIэкIхэр яIэщ, иджы псэлъэнымкIэ практикэ екIуэкIыу аращ. ДяпэкIэ курсхэр зэрымыужьыхынур абы къыхыхьэхэм я гукъыдэжым къегъэлъагъуэ, дэри тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым. Къыхэгъэщын хуейщ дызэрылажьэ программэхэр хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм тынш къазэрыщыхъур, бзэр зэзыгъэщIэну хуейхэм ар щхьэпэ яхуэхъуну къызэралъытэр. ИкIи зы гукъэкI ящIащ – дызэрылажьэ методикэр тхылъу къыдагъэкIыну. Мы зэманым едгъэкIуэкIа дерсхэр зэкIэлъыкIуэкIэ хэхам тыдогъэувэж, тхылъу къыдэкIыным худогъэхьэзыр», – жиIащ Табыщ Мурат.
Хамэ щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэгъэуIунымкIэ, абыхэм лэжьыгъэ ядегъэкIуэкIынымкIэ хэкурысхэм яхузэфIэкI къагъанэ зэрымыхъунур абы иужькIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий тригъэчыныхьу жиIащ. «ДАХ-м анэдэлъхубзэмкIэ и къудамэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм пщIэ хуэфащэщ. Бзэм и мыхьэнэр псоми къыдгурыIуэкIэрэ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми уаблэплъыкI хъунукъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ УФ-м 1999 гъэм щыщIэдзауэ къищта къэрал программэм ди фейдэ зыхэлъкIэ, ди Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэ и лъэныкъуэкIэ дэлэжьэн хуейщ. Псом хуэмыдэу ар теухуащ ди лъэпкъэгъухэр Хэкум къэшэжа зэрыхъунум», – жиIащ быдагъэ хэлъу Сэхъурокъуэм.
Тхьэмадэм жиIэм пэджэжу Адыгейм щылажьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан программэм егъэщIылIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIагъэкIым, щIыналъэм ит къулыкъущIапIэхэм лъэкI къызэрамыгъанэм и гугъу ищIащ. «Программэм къигъэув Iуэхугъуэхэр адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэм псоми зэхуэдэу щыпхуэгъэзэщIэнукъым. ЩIыпIэ къэс езым унейуэ зы щытыкIэ иIэжщ, и жылагъуэ-экономикэ псэукIэм елъытауэ. Узыхуеймрэ узыхуэныкъуэмрэ тегъэщIауэ программэм фейдэ къыхэпх хъунущ. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъуэхэр дэ къызэретшэлIэжыфыр ди щIыналъэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэм ехьэлIа Iуэхур тегъэщIапIэ тщIыкIэращ. Ар, псалъэм и хьэтыркIэ, Къэбэрдейм апхуэдэ дыдэу щыпхымыкIынкIи хъунущ. Щхьэж и щытыкIэ елъытащ», – жиIащ ЛIымыщэкъуэм.
Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Ибрэхьим программэм ехьэлIауэ иIэ гумэщIыгъуэхэр иущэхуакъым. «Мы программэр зэрыщыIэм зыбжанэ хъуауэ дыщыгъуазэщ, ауэ ди къэралым теухуауэ ар къызэрыдгъэсэбэпыфынумкIэ гъуэгу тхухэшыркъым. Урысейм и лIыкIуэу Иорданием щыIэм абы хищIыкIыркъым, арыххэуи ар дызэрызэлъэIэс Iуэхугъуэхэм щыщ хъуркъым. МыбыкIэ зыкъытщIэвгъэкъуэну дыволъэIу», – къыхигъэщащ Вэрокъуэм.
Сэхъурокъуэр арэзы техъуащ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан къэрал программэм и зэщIэкIэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ зэрызэщхьэщыкIынкIэ хъунум. «Мы къалэныр зи пщэ дэлъ къудамэм, ДАХ-м хэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм абы ехьэлIауэ щыIэ гупсысэхэр зэпалъыту икIи гупсысэ пыухыкIахэр зэгъэуIуауэ тхылъ ягъэхьэзыру къыкIэлъыкIуэ зэIущIэм къыщыхалъхьэну пщэрылъ ящызощI», – жиIащ тхьэмадэм. Апхуэдэу Сэхъурокъуэм къыхилъхьащ «Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ 2023 – 2025 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэгъэIэпхъуэжынымкIэ ядэIэпыкъун» къэрал программэми ДАХ-р жыджэру хэтыну, псом хуэмыдэу хамэ щIыпIэхэм къикIауэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэту КъБР-м щыIэ адыгэ ныбжьыщIэхэр абы кърашэлIэну. Абы къищынэмыщIауэ, Сэхъурокъуэм программэр зэрылажьэм, абы хэтыну Iэмал зэрыщыIэм теухуауэ щIалэгъуалэм епсэлъылIэну, и хъыбарыр хузэбгратыкIыну а лэжьыгъэр зи пщэрылъ къудамэм унафэ хуищIащ.
Иужьрей зэманым интернетым псалъэмакъышхуэ щекIуэкIащ Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэм я Зэгухьэныгъэр, КАФФЕД жыхуаIэр ДАХ-м хэкIыжу. Абы лъабжьэ хуэхъуам и щхьэусыгъуэхэм зэIущIэм шэщIауэ щытепсэлъыхьащ. Адыгэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрыунэхуам, абы и къызэгъэпэщакIуэ хъуахэм ятеухуауэ иджыри зэ къэпсэлъащ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Анатолэ. Абы къыхигъэщащ хасэ щхьэхуэхэр ДАХ-м и зэхэшакIуэу зэрыщымытар, атIэ жэрдэмщIакIуэ хъуа а хасэхэр къыздикIа хэгъэгухэм а къалэныр зэрагъэзэщIар. ДАХ-р зэхэзышахэм ящыщу ар зэрылэжьэну къищта тхылъым итащ Совет Союзыр, Куржыр (Абхъазым а лъэхъэнэм иIа статусым ипкъ иткIэ), Америкэм и Штат Зэгуэтхэр, Нидерландхэр, Германиер, Тыркур, Иорданиер, Израилыр. Тырку къэралыгъуэм и хабзэмкIэ, абы щыIэ хасэхэр дунейпсо зэгухьэныгъэхэм хэт хъунутэкъыми, къызэгъэпэщакIуэхэм я зэIущIэм кIэлъыплъакIуэу хэтащ. Ауэ а щытыкIэм Тыркум и мыхьэнэр зымащIэкIи игъэлъэхъшакъым – адрей хамэ къэрал хасэхэм хуэдэу, хэтыпщIи къиту, унафэхэми къыхэпсалъэу Хасэшхуэм и лэжьыгъэм хэтащ. ИужькIэ, къэрал хабзэхэр щызэблахъум, дунейпсо зэгухьэныгъэхэм ухыхьэ хъуну хуитыныгъэхэр щыIэ щыхъум, Тырку къэралыгъуэм кIэлъыплъакIуэ къалэныр игъэзащIэу хэта КАФКУР зэгухьэныгъэм и къалэнхэр игъэтIылъыжащ. АпщIондэхункIэ Тыркум щIыналъэ-щIыналъэкIэ щылажьэ хасэхэр зэхыхьэри, Хасащхьэ, е, нэгъуэщI жыпIэмэ, федерацэ, къызэрагъэпэщащ – ДАХ-м хэта KAФКУР-р КАФДЕР хъуащ. Хасэ тхылъхэр щIэрыщIэу щызэрагъэпэщыжым, ДАХ-м КАФДЕР-р хагъэкIыжу КАФФЕД-р хашэну лъэIу тхылъ къатхыгъащ. ЦIэ зэмыщхьхэр зэрахьэми, зыхуагъэувыж къалэнкIи, хасэ унафэр зезыхьэкIи абыхэм зэщхьэщыкIыныгъэ яIэтэкъым. Зыр зым и щылъхут, зым и хьэкъыр зым телъу игъэувырт. Апхуэдэ дыдэуи, ДАХ-м и фIэщыгъэр «Дунейпсо Адыгэ Хасэм» текIыу Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я Союз «Лъэпкъыр зэшэлIэжыным елэжь, хэкужьымрэ хэхэс адыгэхэмрэ я зэпыщIэныгъэр езыгъэфIакIуэ Дунейпсо Адыгэ Хасэ» жиIэу зэригъэкIыхьам абы къэралым и пащхьэ щиIэ щытыкIэми, адыгэ жылагъуэм и пащхьэ щигъэзащIэ къалэнми зихъуэжакъым. УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм зэрыщатхамк1и, фIэщыгъитIри зы дунейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм ейщ, зыр зэхуащIу адрей къызэIуахауэ щыткъым, Зэхуэсышхуэм – Конгрессым – къищта унафэхэмрэ зыхуигъэувыжа къалэнхэмрэ гъэзэщIэн зэпызымыгъэу Хасэщ.
Къуэдзокъуэ Анатолэ Iуэхур зыIутыр зэхэхауэ къыщыжиIэм, абыкIэ арэзы хъуащ Тыркум къикIа лIыкIуэ гупри. Абыхэм я псалъэм къызэрыхэщамкIэ, Къуэдзокъуэм зи гугъу ищIахэр иту КАФФЕД-р ДАХ-м хэмыту зыукъуэдийхэм тхыгъэ хуагъэхьащ. ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ КАФФЕД-р ДАХ-м зэрыхэтар, зэрыхэтыр икIи дяпэкIи хэтыну зэрыщыгугъыр. НэгъуэщI гъуэгур – лъэныкъуитIыр зэбгъэдэзыш лъэбакъуэ пхэнжу псоми къалъытащ.
КIыхьу зызыукъуэдия икIи ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр арэзы техъуэу екIуэкIа псалъэмакъыр щиухым, Хасащхьэм и зэIущIэри и кIэм щынэблагъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылъхэр Сэхъурокъуэ Хьэутий яхуигъэфэщащ зи лэжьыгъэкIэ псэемыблэжу лъэпкъым, жылэм, цIыхубэм яхуэлажьэхэм. Апхуэдэу, зи цIэ къраIуахэм ящыщщ АфIэунэ Анатолэ, Бэлагъы Ахьмэд, Урысмамбэт Шафихь, Пэщол Хьэмыщэ, Шал Хъусен сымэ.
ГуIэфIтещIэжкIэ зэIущIэр щызэхуищIыжым, Сэхъурокъуэ Хьэутий абы хэтахэм узыншагъэ быдэ яIэну ехъуэхъуащ, сыт хуэдэ Iуэхуми шыIэныгъэрэ тэмакъкIыхьагъкIэ бгъэдыхьэну къыхуриджащ. ХьэщIэхэр етIуанэ махуэм хэтащ КъБР-р къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъум ирихьэлIэу ди щIыналъэм къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм.
ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.