Новости

Адыгэ ныпым и махуэмкIэ сынывохъуэхъу, си лъэпкъэгъухэ!

Мы гъэм мэлыжьыхьым и 25-м илъэс пщыкIущ ирокъу Адыгэ ныпым и махуэр адыгэу дунейм тетым зэрагъэлъапIэрэ. 2010 гъэм ар къихилъхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм.

Лъэпкъ къэс езым иIэжщ и къежьапIэ, и тхыдэ, ирехъу  ар  хабзэм, щэнхабзэм е гъэсэныгъэм ехьэлIауэ. А фIыгъуэ мылъытэу лъэпкъыр зэтезыIыгъэр тхъумэжыну ди къалэнщ дэтхэнэ зыми.

ЛIэщIыгъуитIым нэблэгъауэ адыгэм къыдогъуэгурыкIуэ и ныпыр. Иужьрей илъэс зыбжанэм къриубыдэу мы махуэшхуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Гъэ къэси цIыху нэхъыбэ кърихьэлIэу, адыгэхэр зыщыпсэу щIыпIэхэм я музейхэм, библиотекэхэм, курыт еджапIэхэм, сабий гъэсапIэхэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм Iуэху гъэщIэгъуэн куэд щрагъэкIуэкI. Адыгэ ныпым ехьэлIа а дауэдапщэхэм нэхъыжьхэри, ныбжьыщIэхэри къекIуалIэ зэрыхъуам ущымыгуфIыкIыу къанэркъым. Мыпхуэдэ махуэ дахэр лъэпкъым и лъэр зыгъэбыдэщ, и пщIэр зыIэтщ. ДяпэкIи  ди  къэралым,  ди лъэпкъым и къэкIуэнумкIэ ар Iуэху щхьэпэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым. ФIыщIэ ин яхудощI абы зи къару хэзылъхьэ псоми!

Си гуапэу адыгэу щыIэм сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ фиIэну, лъэпкъым къыхуэщхьэпэн Iуэху куэд влэжьыну!

Тхурехъу Адыгэ ныпым и махуэр  угъурлы! ИрещIэращIэ Хэкур, адыгэ лъэпкъыр!  Иребыдэ лъэпкъхэм  яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment