Новости

БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум дегупсысу

Илъэси 159-рэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, пащтыхьыдзэм Къуэбыдэ деж иужьрей топыр щигъэуауэ щытащ, адыгэщIыр къызэризэуам, илъэсищэм нэблагъэкIэ екIуэкIа лъыгъажэр зэрыувыIам и щыхьэту. А зауэр тхыдэм къыхэнами, абы кърикIуа Iуэхугъуэхэр щIэблэм гъэсэпэтхыдэ яхуэхъупхъэщ. Адыгэхэм яфIэмыкIуэду къэна хъугъуэфIыгъуэхэр щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къэхутэным икIи зыпкъ игъэувэжыным къыщымынэу, дызытет дунейм зэрыщытхъумэфынум, зэрыщедгъэфIэкIуэфынум, щыIэныгъэм  езэгъыу лантIэу къызэрыщыдгъэшыфынум егупсысын хуейуэ дэтхэнэ зы адыгэми хьэкъ иIэщ. Апхуэдэ пщэрылъщ зыхуигъэувыжар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIа хэгъэгупсо щIэныгъэ зэхуэсым. «Адыгэ Хабзэ: лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэныр икIи егъэфIэкIуныр жылагъуэм и псэкупсэ лъапIэныгъэхэр зэрыщIагъэбыдэ Iэмалщ» щIэнIуатэр адыгэхэм я Щыгъуэ-ЩIэж махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщащ, зэхэзышар Дунейпсо Адыгэ Хасэрщ. Жэрдэм дахэр егъэкIуэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн хъуащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэр. Зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ къэрал къулыкъущIэхэр, щIэныгъэ, жылагъуэ икIи дин лэжьакIуэхэр, курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэмрэ тхыдэмрэ щезыгъэджхэр, еджакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

ЩIэнIуатэр къыщызэIуихым, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ зэхуэсым къыщаIэтыну Iуэхугъуэхэр хэIущIыIу хъуну, ар зылъэIэсынухэм щхьэпагъ зыпылъ гупсысэ куэд зэхахыну зэрыщыгугъыр.

КъБКъУ-м стратегие зыужьыныгъэмрэ дунейпсо зэпыщIэныгъэхэмкIэ и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къущхьэ Хъусен зэрыжиIамкIэ, Адыгэ Хабзэр лIэужьхэм зэIэпах щIэныгъэщ, цIыхухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэхущытыкIэхэр жыпхъэ пыухыкIам иригъэтIасэу, мардэм иригъэувэу. «Адыгэ Хабзэм хэлъ къарур мылъытэщ, зэныкъуэкъурэ зэпэщIэувэрэ къэхъуным пэрыуэгъу хуэхъу къэгъэщIыгъэщ. Абы хузэфIэкIынущ иджырей жылагъуэм къыщыхъу Iуэхугъуэ куэдым къахих хъуаскIэр мафIэсым хуэмыкIуэ щIыкIэ игъэункIыфIыну. Сыт хуэдэ лъэхъэнэ дыщымыпсэуми, экономикэ зыужьыныгъэ димыIэми, Адыгэ Хабзэм и купщIэм зихъуэжынукъым, сыту жыпIэмэ ар цIыхугъэм хуэгъэпсащ, зэпэщ псэукIэм хуэунэтIащ. Къыхэгъэщын хуейщ Адыгэ Хабзэм и лантIагъэр лъэхъэнэхэм я зыужьыкIэм зэрелъытари. Арыххэуи ар IэщIыб тщIынкIэ Iэмал иIэкъым, атIэ цIыхубэ мылъкуу гъащIэм хэтпщэну ди пщэрылъщ», – жиIащ Къущхьэ Хъусен.

ЗэIущIэм и мыхьэнэр зэрыиныр къыхигъэщкIэрэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм хэгъэгу кIуэцI Iуэхухэмрэ щIыпIэм унафэр щызехьэнымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ Дзагуэ Рустам трикъузащ лъэпкъхэр зэкъуэгъэувэнымкIэ Адыгэ Хабзэм иIэ къарур зэрымыкIуэщIым. «Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ куэд щопсэу, дэтхэнэми бзэрэ зэхэтыкIэрэ иIэжу. Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрыщыту хуэгъэпсащ цIыхур мамыру, зэгурыIуэмрэ зыужьыныгъэмрэ тету зэрыпсэуным. Адыгэхэм я псэкупсэ лъапIэныгъэхэр къэIэтыжыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм щрипсалъэ зэхуэсхэр къызэгъэпэщыным емышыжу телажьэ ДАХ-м фIыщIэшхуэ хуэфащэщ. Къыхэгъэзгъэщыну сыхуейт Адыгэ Хабзэм жылэр зэкъуэзыгъэувэ лъабжьи зэриIэр. Нобэ ди къэралыр зыIут IэнатIэм елъытауэ, а къарум мыхьэнэшхуэ иIэщ, цIыхухэми зыхегъэщIэн хуейуэ къэлъытапхъэщ», – къыхигъэщащ Дзагуэ Рустам.

КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэ Зумакулов Борис щIэныгъэ зэхуэсыр адыгэхэм я Щыгъуэ-ЩIэж махуэм ирихьэлIэу къызэрызэрагъэпэщар, ар лъэпкъым игъащIэ лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм зэрытраухуар игъуэу дыдэу зэрыщытыр и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым ит къалэхэмрэ къуажэхэмрэ мы махуэхэм Кавказ зауэр зэрыувыIэрэ илъэси 159-рэ зэрырикъум ехьэлIа Iуэхугъуэ куэд щекIуэкIынущ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIа цIыхухэм ягу къагъэкIыжынущ минищэ бжыгъэкIэрэ а зауэм ихьа тхьэмыщкIэхэм, хуэщыгъуэнущ блэкIа къэхъукъащIэхэм хэкIуэда нэхъыжьхэм. Зауэм къихьа гузэвэгъуэшхуэхэм ящыщщ адыгэхэр нобэ зэбгрыдза зэрыхъуар, къэралыгъуэ куэд псэупIэ зэрахуэхъуар. Ауэ, лъэпкъыр дэнэ щIыпIэ къыщыщIимыдзами, щыIэныгъэм зэрыхэмыкIуэдэжынум хущIэкъуащ, я бзэри, я щIэжри, я щэнхабзэри яхъумэфащ. Я адэжьхэр зэрыкIа хэкужьыр зыщагъэгъупщакъым, абы къыхуаIэ пыщIэныгъэхэр ягъэгъуэщакъым. Лъэпкъыр зэрыпсэум, псэуну зэрыхуейм а псор и шэсыпIэ нэсщ. Зызыхъумэжыфа лъэпкъым и къарур зэрыиныр къегъэлъагъуэ я хабзэхэм, я зэхэтыкIэ мардэхэм. Лъыщхьэм нэсыжу гъащIэм хэмыкI Адыгэ Хабзэр джыни, цIыхубэм егъэщIэни зэрыхуейм шэч хэлъкъым», – жиIащ Зумакуловым.

Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ псэкупсэ лъапIэныгъэхэр къэIэтыжын папщIэ, жылагъуэмрэ къэрал IуэхущIапIэхэмрэ зэдэлэжьэн, зым и гупсысэр адрейм къищтэу зэдеIэн зэрыхуейр. «Фэращ къэкIуэнур зыухуэр. Ауэ ар пхузэфIэкIынкIэ Iэмал иIэкъым, гъащIэм и хабзэхэр къыумылъытэмэ. Сыт хуэдэ политикэри, абы лъэпкъ Iуэхухэри хэту, зыхуей щыхуэбгъэзэфынур лъэпкъ щIэныгъэм фригъуазэу щытмэщ. КъухьэпIэмкIэ щыIэ хэгъэгухэм ягу къытхуилъ дыдэр иджыщ хэIущIыIу щыхъуар. Дигу къызэреуэнщи, абы кърикIуащ ди егъэджэныгъэ IэнатIэм «гъэсэныгъэ» псалъэр хэкIыжу, «Iуэхутхьэбзэ» гурыIуэныгъэр къызэрыхыхьар. Ауэ щыхъукIэ ди лъэпкъым цIыху гъэсар зрилъыт щыIакъым. Илъэс минитху нэхърэ мынэхъ мащIэ зи ныбжь Адыгэ Хабзэм и лъэщагъыр фи нэгу къыщIэвгъэхьэт, ар нобэм къыщысакIэ, абы дыкъуэту дыкъыщыгъуэгурыкIуакIэ. ГъащIэм дыдэбакъуэу, абы зыдедгъэкIуу дыпсэун хуейщ, ар пэжщ, ауэ цIыхугъэм и мардэхэр тщыгъупщэну зыми хуит дищIыркъым. БлэкIам дерс къыхэфх, ди япэ итахэм яхъумар зищIысымрэ щIата уасэмрэ фигу къэвгъэкIыжи, фи къэкIуэнур нэху хъунущ, абы шэч къытевмыхьэ. Дэ дыбалигъ пэтрэ, мы дунейм щекIуэкIыр нэсу тхузэхэщIыкIыркъым, фэ, щIалэгъуалэм, ар къывгурыIуэным гугъу фызэрыдехьыр нахуэщ. Ауэ, сыт хуэдэ гугъуехь дыхэмыхуэми, дызэкъуэту дыпэщIэувэмэщ къыщызэднэкIыфынури, дызэрывгъэIыхь, хьэгъэщагъэхэм зыдевмыгъэхьэх. КъэкIуэну фыщиIэр фыщызэкъуэтым дежщ, абы щыгъуэ фылъэщщ, Адыгэ Хабзэри абыкIэ щIэгъэкъуэн гъуэзэджэщ», – захуигъэзащ щIалэгъуалэм Сэхъурокъуэ Хьэутий.

ЩIэнIуатэм къыщыпсэлъащ КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, КъБКъУ-м и жылагъуэ-гуманитар институтым и унафэщI Тэмазэ Муслъим, университетым Урысейм и тхыдэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Соблыр Заретэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Нэгъуей Залымхъан, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м щыпсэу муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим, Налшык къалэмрэ абы къедза жылагъуэхэмрэ щыIэ чыристан члисэхэм я дин гъуазэ Бобылев Валентин сымэ.

ЩIэныгъэ зэхуэсым щытепсэлъыхьащ адыгэхэм иджырей Урысейм щаубыд увыпIэм, псэкупсэ лъапIэныгъэхэр хъумэнымкIэ икIи цIыхубэм яхэпщэнымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм яIэ мыхьэнэм, лъэпкъ икIи дин зэныкъуэкъухэр къэмыгъэхъунымкIэ Адыгэ Хабзэм иIэ къарум, тхыдэ щIэжымрэ лъэпкъ щIэжымрэ зэрызэпэджэжым, ахэр иджырей щIалэгъуалэм я зэхэщIыкIымрэ я дуней лъагъукIэмрэ къызэрытещым, нэгъуэщIхэми. ЗэIущIэм хэтахэр акъылэгъу зэдэхъуащ Адыгэ Хабзэр лъэпкъым и къэгъэщIыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм зэращыщымкIэ, ар щIыналъэм щыпсэухэм егъэщIэн зэрыхуеймкIэ икIи зэхуэсым къыщапсэлъахэр зэхалъхьэжу тхылъу къыдагъэкIыну, ар курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм лъагъэIэсыну зэгурыIуащ.

ШУРДЫМ Динэщ.

Related posts

Leave a Comment