Ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ, сынывохъуэхъу!
Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм шыщхьэуIум и 1-м Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр щагъэлъапIэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар Адыгэ Республикам къэрал унафэкIэ щагъэлъапIэ 1998 гъэ лъандэрэ. ШыщхьэуIум и япэ махуэр къыщIыхахар япэ дыдэу Косова къикIыжу ди лъэпкъэгъухэр абы щыгъуэм къызэрыкIуэжаращ. Урысей Федерацэм и унафэщIхэм къыдаIыгъыу ирагъэкIуэкIа Iyэxy иным къигъэлъэгъуар ди къэралым и лъэпкъэгъухэм яхуищI гулъытэм и закъуэкъым, атIэ езым и пщIэри нэхъ лъагэ ищIащ, адэжь Хэкум къэзыгъэзэжыну хуейхэм псэщIэ яхилъхьэжащ. Мы зэманкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ къуэш республикэхэмрэ къагъэзэжауэ щопсэу Косова, Тыркум, Сирием, Израилым, Германием, Иорданием, Америкам и Штат Зэгуэтхэм къикIыжа ди лъэпкъэгъухэр. Псори зэхэту цIыху…
Дальше