Адэжь лъахэмкIэ къэхъуапсэ дэтхэнэми и мурадыр кърехъулIэ!
Ди лъэпкъэгъу, ди хэкуэгъу лъапIэхэ! Ди гуапэу дынывохъуэхъу Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэмкIэ. Абы дигу къегъэкIыж илъэс 27-кIэ узэIэбэкIыжмэ, 1998 гъэм шыщхьэIум и 1-м, къэхъуа Iуэхугъуэшхуэр. А махуэм, Урысей Федерацэм и унафэщIхэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ, япэу ди хэкуэгъу гупышхуэ адэжь лъахэ лъапIэм къыщытеувэжащ – Косовэ автоном щIыналъэм щыщ адыгэ (шэрджэс) хэхэсхэр. Къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэм пщIэ къыхуащIу, я IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъагъуэу нобэм къызэрысар икъукIэ ди гуапэщ. Ауэ дэнэ щIыпIэ ахэр щыпсэуми, сыт хуэдэ бзэкIэ псалъэми, ягури я псэри ХэкужьымкIэ къэгъэзащ, ар я плъапIэу мэпсэу. Апхуэдэу, нобэ Косовэм, Тыркум,…
Дальше