Дунейпсо Адыгэ Хасэм украин лъэпкъым ЗЭРЫЗЫХУИГЪАЗЭР
Дэ, адыгэ (шэрджэс) лъэпкъым щыщхэр, икъукIэ дытогузэвыхь ди ныбжьэгъу украин лъэпкъым и къэкIуэнум. Зэхэзэрыхьыныгъэр, лъагъумыхъуныгъэмрэ залымыгъэмрэ щытепщэ зэхэтыкIэм фыкIуэн шынагъуэр къыфщхьэщыхьащ фэ нобэ. Украинэм унафэр щаубыдыну яужь итщ зи нацист фIэщхъуныгъэхэр зыкIи щIэзымыуфэу утыку къизыхьэхэр, зэкъуэш лъэпкъхэм яку залымыгъэ дэлъхьэным къыхуезыджэхэр. Тхыдэм фыхуеплъэкIыжи, фигу къэвгъэкIыж Европэмрэ дунеймрэ щыпсэу лъэпкъхэр нацизмэм зыхуишауэ щытар. ЦIыхухэм яку лъагъумыхъуныгъэ къыдалъхьэныр яхуэвмыдэ, зы лъэпкъым адрейр игъэпудыныр къэвмыгъэхъу. Зауэ дэнэ щыпIэ щемыкIуэкIми, абы и лей нэхъ зытехьэр зыкIи мыкъуаншэ цIыхухэрщ – цIыхубзхэрщ, зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, сабийхэрщ. ЦIыхухэр зэрыхэкIуадэр, зэхэкъутэныгъэхэр, илъэс бжыгъэкIэрэ лъэпкъхэм я гум имыкIыж гужьгъэжьыр,…
Дальше