Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхыгъэхэм я дэфтэр
Мурадхэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, къищынэмыщIауэ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм (Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м, Германием, нэгъуэщIхэми) адыгэ литературэм, лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, спортым зыщегъэужьыным хуэщхьэпэн. Къалэнхэр ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа IэнатIэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр иужьрей илъэсхэм щызыIэрызыгъэхьа цIыху зэчиифIэхэр (е гуп щхьэхуэхэр) гъэлъэпIэн. УнэтIыныгъэхэр ДАХ-м игъэува тыгъэхэр зыхуэфащэхэр къыщыхах унэтIыныгъэхэр: – адыгэ тхыдэр къызыхэщ литературэ тхыгъэ (роман, повесть, рассказ, новеллэ, пьесэ, поэмэ, усэ Iэрамэ); – театрым, кином, телевиденэм щагъэува, щытраха теплъэгъуэхэр; – къэфакIуэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр; – адыгэхэм ятеухуа тхыдэ, художественнэ къыдэкIыгъуэ зэрыIыгъхэр; – макъамэ, сурэтыщI гъуазджэ IэдакъэщIэкIхэр; – тхыдэ, этнографие,…
Дальше