ЦIыхубэ Iущыгъэ
Адэм и Iэщэр къуэм и щэнщ. Адэм и IэщIагъэр къуэм и уагъэщ. Адэ мыгъасэм и къуэри мэсэхъу. Адэ мылъку бынгъэкIуэдщ. Адэ уиIэ щIыкIэ, уи лъэпкъыр зэгъэцIыху. Адэ ухъухункIэ адэр зыхуэдэр пщIэкъым. Адэ щIэинкIэ псэуа щыIэкъым. Адэм къыхуэна сабийр ибафэщ. Адэм хуэмыгъасэр анэм хуэумыскъым. Адэр псэухукIэ къуэр щIалэщ. Ажэми жьакIэ тетщ. Анэ-адэм бын зэхадзкъым. Анэ-адэм шэч яхуумыщIыж. Анэ-адэм уэ ебгъэлъагъур бынхэм уэ уагъэлъагъужынщ. Анэ-адэм я хьэкъ къызытенэм быным ирегъэпшыныж. Анэ-адэфI быныфI яхуэщщ. Анэ бгъафэр сабийм и жэнэтщ. Анэ быдзышэм щIакхъуэри кхъуейри хэлъщ. Анэ гыбзэр быдз зэхуакум дэкIкъым. Анэгур гуауэ пхъуантэщ.…
Дальше