Къанокъуэ Арсен хамэ къэралхэм щыщ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэм яхуозэ
УФ-м и Президентым и Унафэм тету, хамэ къэралхэм щыщу политикэ, жылагъуэ, щIэныгъэ IэнатIэхэм пэрыт IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм иджырей Урысейм и Iуэху зыIутыр зрагъэлъагъун папщIэ къызэрырагъэблагъэ программэм ипкъ иткIэ, Тыркум, Сирием, Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэр (ныбжьыщIэ 20 мэхъу) шыщхьэIум и 18-м Москва къэлъэтащ. Урысейм щагъэкIуэну махуипщIым хагъэхьащ политик, хьэрычэтыщIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ ныбжьыщIэхэм я адэжь лъахэм – Къэбэрдей-Балъкъэрым – и щыIэкIэ-псэукIэр зрагъэлъагъуныр, я лъэпкъэгъухэм яхуэзэныр.
КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен хамэ къэрал къикIа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ вэсэмахуэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм иригъэблэгъащ.
Абы кърихьэлIащ федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Вербицкий Александр, КъБР-м Жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я IуэхухэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Пащты Борис, «Россотрудничество»-м Правительствэм хэмыт зэгухьэныгъэхэмрэ ди хэкуэгъухэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Ежов Леонид сымэ.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ Тыркум, Сирием, Иорданием щыпсэу ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я щIэблэр лъахэм щилъагъуну зэригуапэр икIи КъБР-м и властыр нобэ зи ужь ит Iуэхухэм, псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ зэфIагъэкIхэм кIэщIу яхутепсэлъыхьащ.
— Псом япэу къыхэзгъэщыну сызыхуейр хамэ къэрал щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ быдэ яхудиIэн папщIэ лъабжьэфI зэрызэдгъэпэщарщ, – жиIащ Къанокъуэм. – Хэкум къэзыгъэзэжхэр ди гъащIэм хэсыхьыжынымкIэ центр щхьэхуэ духуащ, лэжьыгъэ IэнатIэ, псэупIэ къагъуэтынымкIэ дадоIэпыкъу. ЕтIуанэрауэ, федеральнэ властхэм дагурыIуауэ, ди лъэпкъэгъухэм ехьэлIа Iуэху щхьэпэхэр идогъэкIуэкI. Ещанэу сыкъызытеувыIэну сызыхуейр бзэр, хабзэр, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным, зегъэужьыным, хамэ щIыпIэхэм щыIэ ди лъэпкъэгъухэм анэдэлъхубзэр ягъэшэрыуэным теухуауэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэрщ. Къапщтэмэ, мы илъэсым къриубыдэу, Тыркум, Сирием, Иорданием, ди гъунэгъу хэгъуэгум – Ставрополь крайм – щыщ сабий, ныбжьыщIэ 400-м Налшык зыщагъэпсэхуащ, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъащ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм адыгэбзэр ирагъащIэ, хэкум и щIыпIэ дахэхэр ирагъэлъагъу, къуажэхэм щагъэхьэщIэ. Апхуэдэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ хамэ къэралхэм щыщ студент 200-м нэблагъэ ди еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщIэсыр, къэзыуха языныкъуэхэр республикэм къанэурэ зэрыщылажьэр, унагъуэ зэрыщаухуэр.
Дэ нэхъыбэу дызэрызэпыщIар жылагъуэ зэгухьэныгъэхэрщ. Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэр япыщIащ дэнэ къэрали щыхэхэс адыгэхэм, жыджэру ядолажьэ, я Iуэху зытеткIэ зэрощIэ. Си фIэщ мэхъу иджырей зэIущIэр гукъинэж хъум и мызакъуэу, купщIафIэу зэрыщытынур. Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэдэу Урысей Федерацэри фIыуэ зэвгъэцIыхунущ, я цIыхухэр зэрыпсэум, щалэжь Iуэхухэм нэрылъагъуу зыщывгъэгъуэзэфынущ. Си гугъэмкIэ, мыпхуэдэ зэIущIэхэр хуабжьу щхьэпэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, фэ фхуэдэ щIалэгъуалэр нэхъыбэу къакIуэмэ, дыдейхэр накIуэмэ, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэмрэ дэрэ ди зэпыщIэныгъэм къаруущIэ къыхилъхьэнущ.
Сирием щыщ Къэбэрдей Мухьэмэд КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен фIыщIэ хуищIащ зэман яхухихыу къазэрыIущIам папщIэ. Апхуэдэуи гупыр зи нэIэ щIэт «Россотрудничество»-м и унафэщIхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ адэжь лъахэр ирагъэцIыхун щхьэкIэ Налшык къэкIуэныр программэм зэрыхагъэхьам щхьэкIэ. Визэ къыдэхынымкIэ, Урысейм щыпсэунымкIэ я Iуэхур нэхъ тынш щыхъуныр дапщэщми Мухьэмэд щыщIэупщIэм, абы и жэуапу Пащты Борис жиIащ зи гугъу ящI Iуэхур къэралым иубзыхуа хабзэм тету зэрекIуэкIыр.
— УФ-м иIэщ и хэкуэгъухэм ятеухуа унафэ щхьэхуэ. Абы къызэригъэувым хуэдэу зэфIэтхыу аращ Iуэхур, – жиIащ Пащтым. – Ауэ абы и программэ щхьэхуэ ди деж щолажьэ, дэфтэрхэм епха лъэпощхьэпохэр нэхъ тынш щIыным ехьэлIауэ. Абы ипкъ иткIэ, къэкIуэну хуейхэм гугъуехь пымылъу визэ къыдахыф, мыбдеж къэса нэужь, псоми дадоIэпыкъу.
Къанокъуэ Арсен абы теухуауэ жиIащ визэ, дэфтэр Iуэхухэр хабзэ щхьэхуэм зэрытетыр. «Ауэ дунейм зэрызиужьым тепщIыхьмэ, илъэс 20 хуэдэ дэкIмэ, гугъуехь лъэпкъ хэмылъу дызэкIэлъыкIуэу, къэралитIми я гражданствэ хуейхэм яIэу, хэкум къитIысхьэжыну зи мурадхэм я Iуэху псынщIэу дэкIыу зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым. Илъэс 20-30-кIэ фызэплъэкIыжыт. Хэт и гугъэнт мыпхуэдэу дызэкIэлъыкIуэу дыхъуну»? – жиIащ республикэм и Iэтащхьэм.
Къардэн Самер и упщIэхэр зытеухуауэ щытар КъБР-м студент нэхъыбэ къакIуэурэ щеджэу зэтраублэным, Налшык – Амман авиарейс къызэрагъэпэщыным пыщIахэрт.
— Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэхэм ящыщу хэкум къакIуэу щеджэну хуейхэм ар япэдубыдкъым, – жиIащ Къанокъуэм. – Нэгъабэ, къапщтэмэ, цIыху 90-м щIигъу КъБР-м щеджэну къэкIуащ. И чэзум хъыбар къыдагъащIэмэ, я тхылъхэр зыхуей хуагъазэмэ, абы гугъуехь гуэри къыхэкIыну си гугъэкъым. Кхъухьлъатэм теухуауэ Иорданием я лIыкIуэхэм депсэлъауэ щытащ, дяпэкIи а лэжьыгъэм пытщэну къыщIэкIынщ. Ар Налшык е Минеральные Воды телъэтыкIынущ. Амман и мызакъуэу, Дамаски кIуэ кхъухьлъатэ тедгъэувэну ди гугъэщ. Тыркум кIуэ рейсхэр зэтеублауэ щытщ.
АдэкIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр щIэупщIащ Сирием къикIыжхэмрэ дяпэкIэ къэкIуэжыну зи мурадхэмрэ зыщыгугъ хъунум, КъБКъУ-м щеджэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэуну хуейхэм я Iуэхум Iэтащхьэр зэреплъым, нэгъуэщIхэми.
Ежов Леонид къыщыпсалъэм къыхигъэщащ «Россотрудничество»-м и программэм Iуэхугъуэ куэд къызэрызэщIиубыдэр.
— Пэжыр жысIэнщи, иджы япэу къызэдгъэпэщауэ аращ щIалэгъуалэр мыпхуэдэу республикэм и Iэтащхьэм IущIэныр. АбыкIэ фIыщIэ ин хуэфащэщ КъБР-м и Iэтащхьэм. Нобэ гъуэгу къытехьахэр хьэщIапIэ къэкIуа къудейуэ аракъым, атIэ щэнхабзэ, политикэ, щIэныгъэ зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэнымкIэ IэмалыфI яIэ хъуащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм хьэщIэхэм яритащ республикэм теухуа, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр зэрыт тхылъышхуэр. Абы жиIащ гугъуехь зыхалъагъуэ псори, нобэ зи гугъу ящIыну хунэмысахэри хъыбару къыIэрагъэхьэмэ, зэрыхузэфIэкIкIэ зэрадэIэпыкъунур. «Абы щхьэкIэ илъэсым зэ мыпхуэдэу дызэIущIэн хуейуэ аракъым. АтIэ КъБР-м и ЩIалэгъуалэ Парламентым, Правительствэм хэтхэм фахуэзэнущи, фызэрыцIыху, фызэпсалъэ, ар лъэмыж тхуэхъунщ», – къыхигъэщащ Къанокъуэ Арсен.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ